Япэ Iыхьэм щытекIуахэрУрысей Федерацэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм иригъэкIуэкI «ЦIыхубэ участковэ» урысейпсо зэпеуэм и япэ Iыхьэм щытекIуахэр КъБР-м щыIэ МВД-м наIуэ щащIащ. ФокIадэм и 11 - 20-хэм районхэм япэ Iыхьэр щыщекIуэкIым цIыхухэм Iэмал яIащ зэпеуэм хэт дэтхэнэми теуха анкетэм КъБР-м щыIэ МВД-м и сайтым щыгъуазэ зыщащIу, нэхъыфIу къалъытэ участковэм папщIэ Iэ щаIэтыну. Зэпеуэм и япэ Iыхьэм полицэм и участковэ уполномоченнэу 17 хэтати, абыхэм ящыщу II-р республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и щIыналъэ орган псоми къабгъэдэкIыу зэпеуэм и етIуанэ Iыхьэм щызэхьэзэхуэнущ. IэIэтым кърикIуахэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, псоми ятекIуащ полицэм и майор Жырыкъ Алим (Урысейм и МВД-м и «Бахъсэн» къудамэ), полицэм и майор Атэбий Мурат (Урысейм и МВД-м Налшык къалэм щиIэ Управленэ), полицэм и капитан Геляхов Мусэбий (Урысейм и МВД-м Шэджэм районым щиIэ къудамэ). Зэпеуэм и етIуанэ Iыхьэм хэтхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр кIэух зэпеуэм щыIэтыным щIэбэнынущ. ЕтIуанэ онлайн-IэIэтыр мы гъэм жэпуэгъуэм и 7 - 16-хэм екIуэкIынущ. Участковэ нэхъыфIхэм я нэхъыфIыжхэр ягъэлъэпIэнущ Полицэм и участковэ уполномоченнэм и махуэшхуэм - щэкIуэгъуэм и 17-м - ирихьэлIэу икIи «ЦIыхубэ участковэ» урысейпсо зэхьэзэхуэм и саугъэт нэхъыщхьэр иратынущ.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 14:22 →
Хэкур зыфIэкIуэдам псори фIэкIуэдащ
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
02.05.2024 - 12:31 →
Зыпэрыт Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI дохутыр
02.05.2024 - 12:28 →
ТхьэкIумэкIыхь зыгъэхъухэм ящIапхъэщ
01.05.2024 - 13:43 →
«ТекIуэныгъэм и диктантым» зрагъэубгъу
|