Адыгэпсэ

IуахущIафэ дахэрэ акъыл жанкIэ адыгэ щIалэгъуалэм къахэувахэм ящыщщ Мэшыкъуэ ФатIимэ. Ар къулыкъущIэ ныбжьыщIэщ - федеральнэ налог къулыкъущIапIэм республикэм щиIэ и IуэхущIапIэм налогхэмкIэ и инспекторщ, пшынауэщ. Гурэ псэкIэ зэрыадыгэр къагъэлъагъуэ и дуней тетыкIэмрэ зыдихьэххэмрэ. Фатимэ зэрысабийрэ ехъуапсэрт къулыкъущIэу щытыну. КъБКъу-м юрист, экономист IэщIагъэхэр щызэригъэгъуэтащ. Федеральнэ налог къулыкъущIапIэм КъБР-м щиIэ и IуэхущIапIэм щолажьэ илъэс зыбжанэ хъуауэ. 
-Уи гуащIэм мыхьэнэ зэриIэр щызыхэпщIэм деж, абы жан уещI. Си лэжьыгъэр зэрысэбэпыр, си зэманыр пщIэншэу зэрызмыгъакIуэр сощIэри, абы гукъыдэж къызет. Си щIакхъуэ Iыхьэр къыщыызлэжь IэнатIэм гурэ псэкIэ сыпэрытщ, IуэхущIапIэм лэжьыгъэр нэсу зэрыщызэтеублами сыщогуфIыкI, - жеIэ. 
Мэшыкъуэ ФатIимэ зэрыцIыкIурэ хэлъ хьэл – щэнхэм ящыщщ игу ирилъхьам зэрытемыкIыр, Iэмал имыIэу ар зэрызэригъэхъулIэр. «Апхуэдэ ерыщагъэр лейуэ къэзылъытэ щыIэщ, мыхъунум щхьэ уеныкъуэкъун хуей, жыхуаIэу. Капщтэмэ, си IэнатIэми гъащIэми къыщысхуощхьэпэ а си хьэлыр», - жеIэ езым. 
Фатимэ пшынауэщ. 
-Илъэситхум ситу си анэм фортепианэм щыхуагъасэ макъамэ еджапIэм сигъэкIуащ. Пшынэми сыхуеплъэкIт сэр-сэру. Си анэр ныбжьыщIэу щыщытам зытригъэха сурэтхэм сеплъырти, пшынэр щиIыгъхэр яхэтт. ЕзгъэкIурт ар. И пшынэ цIыкIури унэм щIэлът. Къапщтэмэ, ди унагъуэм макъамэ фIыуэ щалъагъу сыт щыгъуи. Си адэм адыгэ уэрэдыжьхэр фIэфIщ. Си дэлъху нэхъыжьитIыр зыр пшынэм, адрейр бэрэбаным дихьэхащ цIыкIуу, хуеджахэщ. ФортепианэмкIэ макъамэ еджапIэр къэзуха нэужь, пшынэм зезгъэсэну сыхуейти, сыхыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист Къуэдз Аубэчыр и гупым. Нэхъапэхэми сыкIуэну къысхуихуат абы: си дэлъхум зигъасэрти, сыщыздишэ къэхъурт… Ди дерсхэр щIэщыгъуэт, екIуалIэхэр зы унагъуэ хуэдэу дыхъуат. Пшынэ макъамэм и закъуэтэкъым Къуэдз Аубэчыр дызыхуигъасэр. Адыгэ щэнхабзэр къытхилъхьэрт: хабзэ-нэмысыр, нэхъыжь-нэхъыщIэ зэхущытыкIэхэр, цIыху хыхьэкIэ-хэкIыкIэр, лъэпкъыр игъэдахэу къыдэгъуэгурыкIуэ хьэл-щэнхэр, - къыддогуашэ ФатIимэ. 
 Лъэпкъ щэнхабзи, хабзэ-бзыпхъи адыгэ макъамэм хэухуэнащ. ПсэкIэ умыадыгэу, адыгэм епха Iуэху ухэтыфынукъым. Къуэдз Аубэчыр и ансамблым хэту Фатимэ концертхэм, фестивальхэм куэдрэ щыIащ. Зэгуэр фольклор фестивалым щытекIуэри, Москва ягъэкIуауэ щытащ. Абы япэ увыпIэр къыщыхуагъэфащэри, Президентым и къэрал саугъэтыр къратащ. 
4-нэ классым щIэсу Къуэдз Абубэчыр и пшынэ дерсхэм кIуэн щIидзэри, япэ курсыр къиухыху гупым хэтащ. Абы теухуауэ пщащэм жеIэ:
-Ар еджапIэ хуэдэу къэслъытакъым зэи, гупсэхугъуэ къызэзыт гуэрт ахъумэ. Унэ лэжьыгъэ сщIыжын хуейщ, жысIэуи къыстехьэлъэртэкъым, къысхуэмыгъэсрэ си гур къигуфIыкIыу секIуэрт. Школым сыщыщIэсами, университетми олимпиадэхэм, конференцэхэм щIэх-щIэхыурэ сыкIуэрти, си махуэхэр зэпэлъытат, пэжым ухуеймэ. Ауэ еджэным сыкъыщыдэхуэ зэманыр къанэ щымыIэу зыхуэзгъэтIыгъуэр пшынэрт. Къуэдз Абубэчыр цIыху гъуэзэджэщ. Апхуэдэхэращ «и псэ еблэжыркъым» зыхужаIэр. Си насып кърихьэкIащ апхуэдэ цIыху сызэрырихьэлIар, зы мащIэкIэ нэхъ мыхъуми абы и зэфIэкI лъагэм щыщкIэ къызэрыздэгуэшар.
Нэхъ пасэм щыIа пшынэ еуэкIэмрэ ди зэман игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэмрэ зэригъапщэу, Фатимэ жеIэ:
- ЗыгуэрхэмкIи зэщхьэщокI пасэм пшынэ зэреуэу щытамрэ иджырейхэм я макъамэ къигъэкIыкIэмрэ. Псалъэм папщIэ, бзэрабзэ нэхъ халъхьэ хъуащ, IэмалыщIэхэр къежьащи, абыхэмкIи ягъэщIэращIэ. Къафэ-уэрэд зэхалъхьэну нэхъ тогушхуэ иджырейхэр. Нэхъапэм зэмани гуащIэшхуи текIуадэрт абы. Пшынауэ нэхъыжьхэм гугъу ехьу зэрагъэгъуэта, яхъума, къытхуахьэса IэщIагъэщ мыр. КуэдкIэ нэхъ тыншщ ди зэманым макъамэр пшынэм къибгъэкIыу зебгъэсэныр: псоми ди жыпым илъщ телефоныр. Е зыгуэрым и пшынэ гъэбзэрабзэкIэр уигу дыхьамэ, видео тепхыу уеплъыжи мэхъу. Нэхъыжьхэм къытхуагъэна пшынэбзэращ иджыпстуи диIэр. 
Ди псалъэгъум къыхигъэщащ щIалэгъуалэм ящыщу щапхъэ зытепх хъуну пшынауэхэр дызэриIэр, адыгэ щIэблэм хабзэ зыхэлъ лъэпкъыпсэ куэд зэрахэтыр. 
Адыгэ лъэпкъым и шыфэлIыфэм щытепсэлъыхькIэ, Фатимэ жеIэ ар «къабзагъэ» псалъэмкIэ къэбгъэлъагъуэ хъуну. 
Фатимэ сыткIи щапхъэ хуэхъуу и гъащIэм нэхъыщхьэу хэтыр и адэ-анэрщ. Сыт хуэдэ Iуэху зрипщытми, абыхэм йочэнджэщ. 
-СакъыгурыIуэнущ, щыуагъэхэм сыщахъумэнущ. Сычэнджэщэну зэман симыIэу жэуап гуэр схьын хуей хъуми, си анэр си нэгу къыщIызогъэхьэри согупсыс: «Сыту пIэрэт иджыпсту къызжиIэнур, дауэ игъэтэмэмыну пIэрэт мы Iуэхур?», - жызоIэри. Абы сыщигъауэркъым. Сызэрыгъуазэр си адэ-анэм яхуэфащэу дунейм сытетынырщ! – жеIэ. 
ЩIэблэм анэдэлъхубзэ Iурылъыным теухуауэ псом япэу а къалэныр унагъуэм я пщэ къызэрыдэхуэр жеIэ Мэшыкъуэм. Хабзэр, нэмысыр, укIытэр, лIыгъэр, зыIыгъыкIэ дахэр бзэм къыдэкIуэ хъугъуэфIыгъуэхэу къелъытэ. АфIэунэ Лиуан «Зэ уадыгэну сыт и уасэ» и усэр къыхегъэщ, лъэпкъ гупсысэ къызыхэщ усыгъэм щыщу. Усыгъэм нэмыщIи, Мэшыкъуэ ФатIимэ тхылъ куэду йоджэ. Абы теухуауэ жеIэ:
- Сэ нэхъыбэу сыдэзыхьэхыр художественнэ тхыгъэхэрщ. Ченгиз Айтматов къыхэзгъэщыну сыхуейт. Абы и IэдакъэщIэкIхэм гупсысэ нэхъыщхьэу щыпхышащ цIыху гъащIэр зэрылъапIэр, цIыхугъэр пфIэкIуэд зэрымыхъунур. Къапщтэмэ, мы дунейм цIыхум и Iуэху хелъхьэ щIыуэпсыми, псэущхьэхэми зэран къазыхухэкI Iуэху куэдым. Ар тхакIуэм игъэдахэркъым, игу къеуэу топсэлъыхь. «Плаха» романыр яхэсIэтыкIыу си гум илъщ икIи къытезгъэзэжу щIэзджыкIыжынуи си мурадщ. ФIыуэ солъагъу Къэрмокъуэ Мухьэмэд и «Щихухэр иджыри мэкI» романыр. 
Фатимэ фIэфIщ электронэ щытыкIэ мыхъуу, езы тхылъыр IэщIэлъу еджэну. Абы блокнот иIэщ игу дыхьэ усэхэмрэ уэрэдхэмрэ, цIыхушхуэхэм я псалъэхэр, художественнэ тхыгъэхэм сызыщрихьэлIэ Iущыгъэхэр, тхыдэм ехьэлIауэ щхьэпэхэр иритхэу. 

 

Гъуэт Синэ.
Поделиться: