ЦIыхур илъэс 300-кIэ псэуфу щытауэ пIэрэ?

Пасэ зэманым цIыху гъащIэм и кIыхьагъыр зыхуэдизыр къызэралъытэу щытамкIэ жа1эхэр зэтехуэркъым. Археологхэм жаIэ ар илъэс 20-30-м щIигъуу щымытауэ. Иныкъуэхэм цIыхур лIэщIыгъуи 7-8-кIэ псэуауэ трагъэчыныхь. Пэжыр а жаIэхэм я зэхуэдитIым щыIэнкIэ хъунущ.

…1974 гъэм Ливаным (1918 - 1943 гъэхэм франджы колониеу щытащ) Франджым хуигъэуващ а къэралым 1921 - 1926 гъэхэм ирашауэ щыта финикие мумиеу 12 къритыжыну. ИужькIэ а мумиехэр бзэхащ. Иджыри къэс ящIэркъым здэкIуар: яща е ядыгъуа? Ливаным и властхэм зэрыжаIэмкIэ, мумиехэр Библос къалэм и Баальбек чэщанэм къыщагъуэтащ франджы археологхэу Монте Пьеррэ Дюнанд Морисрэ.

Мыпхуэдэ зэдауэхэм щIэ гуэр хэлъ хуэдэкъым. Илъэс 200 хъуауэ Британием и музейм Грецием иритыжыркъым Парфенон и барельефхэр, Венецием идэркъым Византием и императорхэм я тажыр яритыжын. АрщхьэкIэ Ливаным и прессэм итхащ Франджым и щэхурылажьэ IуэхущIапIэхэм лIэщIыгъуэ ныкъуэ хъуауэ езыхэм я лабораторэхэм мумиехэм щеплъу. Сыт щхьэкIэ?

ЗэригъэхъыбарымкIэ, 1962 гъэм белджылы къащIащ мумиехэр, нэгъуэщIу жыпIэмэ, фэр зытегъуа къупщхьэхэр зея цIыху 12-м ящыщу дэтхэнэри илъэс 300 хуэдиз псэуауэ.

Илъэсхэр къагъэщIэрэщIэжырт

Уэ езыми фIыуэ къыбгуроIуэ мыр щIэныгъэ-къэхутэныгъэ гуэркIэ зэрыщIамыгъэбыдэфынур, - къызжиIащ Библос и архивым и унафэщIым и къуэдзэ Джемир Александр. ЖысIэфынур зыщ: Финикием гъащIэм щикIыхьагъыу щытар зыхуэдизар зрагъэщIэну куэдрэ яужь итащ. Ди эрэм ипэкIэ 962-936 гъэхэм пащтыхьыгъуэр зыIэщIэлъа Хирам Езанэм Баалэ и щихъхэм унафэ яхуищIат цIыхур жьы зымыгъэхъу Iэмалхэр къагупсысыну. ИужькIэ къэхъуам зыри щыгъуазэкъым. АрщхьэкIэ езы Хирам а псоми хэныжащ: ар лIащ илъэс 53-рэ фIэкIа къимыгъащIэу. Дэ дызыщыгъуазэр цIыхур жьы зымыщI къэхутэныгъэхэм щелэжь IуэхущIапитI Баблосрэ Баальбехрэ къызэрыщызэIуахарщ. Абы щыгъуэми мумие 12-м ящыщу 9-р франджы археологхэм къыщагъуэтар Ливаным и ищхъэрэ лъэныкъуэм щыIэ Баалэ чэщанэрщ. Пащтыхьым щихъхэм унафэ яхуищIат цIыхур жьы зымыщI Iэмалыр къагъуэтыхукIэ а чэщанэр ямыбгынэну. Хирам куэдрэ псэуну хуабжьу хуейт: абы тенджыз экспедицэ игъэкIуат Офир къэрал телъыджэм (Инджылым къыхощ).

ЗэрыжаIэмкIэ, а къэралым унафэ хуэзыщIыр зи нэкIухэм Iупхъуэ яIулъ лIихт. Дэтхэнэми и ныбжьыр илъэс 300-м къыщыщIэдзауэ 500-м нэсырт. Мыдрейхэми я гъащIэр кIэщIтэкъым. Финикием и колониеу щыта Карфаген и цIыхубзхэм Пуничи зауэхэм щIидзэхукIэ хуитт яукIа унэIут цIыхубзхэм ялъкIэ зы илъэсым зэ загъэпскIыну. ИтIанэ илъэс 20-кIэ нэхъ щIалэ хъужу къалъытэрт. Баал чэщанэм и щIыунэхэм цIыху къупщхьэхэр щIэзу зыщIэлъ пэшхэр къыщагъуэтащ, - жеIэ тхыдэтх Гейдар Рахим. - Баал тхьэ бзаджэт: абы папщIэ яукIырт сабийхэри. Апхуэдэ Iуэхухэр псоми ялъагъуу иригъэкIуэкIырт. АрщхьэкIэ щихъхэм апхуэдиз цIыху щIыунэхэм щIыщIаукIыхьам и щхьэусыгъуэр зыми ищIэркъым. Хуэдгъэфащэ къудейщ щихъхэм гъащIэр кIыхь зыщI Iэмал къагъуэтауэ. Ахэр Ливаным щIрамытыжым и щхьэусыгъуэри гурыIуэгъуэщ: гъащIэ кIыхьым и Iэмалыр куэдкIэ нэхъ лъапIэщ щIыдагъэ къыщIэшыпIэ мелуанхэм нэхърэ.

Хэт нэхъ гъащIэшхуэ зиIэр?

Археологхэм къагъуэтыж цIыху къупщхьэхэр щыхьэт тохъуэ Рамзес ЕтIуанэм тетыгъуэр щыIэщIэлъа зэманым Мысырым цIыху гъащIэр илъэс 25-30-м фIэкIыу зэрыщымытам. Илъэс 40 хъуа цIыхур жьы хъуауэ къалъытэрт. АрщхьэкIэ Iэдэм - илъэс 930-кIэ, абы и къуэ Сиф, кхъухь зыщIа Нухь илъэс 950-кIэ псэуащ. Нэхъ гъащIэшхуэ дыдэ зиIар илъэс 962-рэ и ныбжьу жэнэтым кIуа Мафусаилщ. Илъэс 90 ныбжьым ит цIыхубзхэр лъхуэрт. Мысырым дэтхэнэми илъэси 100-м щIигъукIэ унафэ хуащIащ фирхьэунхэу 5-м. Зыр тхыдэм къыхэнащ: фирхьэун Пепи ЕтIуанэм тепщэгъуэр лъысащ илъэсих ныбжьым иту икIи илъэс 96-рэ дэкIа иужь дунейм ехыжащ. …Ливанымрэ Франджымрэ яку дэлъ зэныкъуэкъур зыкIи иухыну къыщIэкIынукъым. Ауэ цIыхур илъэс 300-кIэ псэуфу щытауэ пIэрэ? Абы и жэуапри щIэх къэтщIэфынукъым.

Къэбарт Мирэ.
Поделиться: