Куэдым къагурыIуэркъым

Урысейм и телеканалхэм щытлъагъу зэпытщ  ныкъуэдыкъуагъ зыбгъэдэлъ, узыфэ хьэлъэм иубыда  сабийхэм ахъшэкIэ дадэIэпыкъуну дыкъыхуезыджэ нэтынхэр. Ахэр ягъэхъужын папщIэ зыхуеину хущхъуэгъуэхэмрэ медицинэ Iуэхутхьэбзэхэмрэ ямылейуэ лъапIэщ, унагъуэм хуэмыгъэкъэрууэ. Ауэ щыхъукIэ, апхуэдэ зэфIэкI ин зиIэ центрхэм я нэхъыбэр здэщыIэр нэгъуэщI къэралыгъуэхэрщ.

 

Псалъэм папщIэ, доллар мелуанитI и уасэщ зи тхыр къызыдэмыбз сабий цIынэхэм ирахьэлIэ хущхъуэгъуэр. Ахэр дунейм къытохьэ, тхым телъ лыпцIэм зезыгъэужь лъыщхьэм сэкъат е зэхъуэкIыныгъэ игъуэтауэ. ЗэманкIэ узэIэбэкIыжмэ, апхуэдэхэр къахуегъэлыххэу щытакъым.

 202I гъэм хущхъуэгъуэхэм елэжь швейцар компанием япэу къигупсысащ зэ фIэкIа сабийм йомыхьэлIэу а уз шынагъуэр зыгъэхъуж хущхъуэр. И лъапIагъым къыхэкIыу ар Гиннесс и тхылъым ихуащ.

Урысейм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм медицинэ генетикэмкIэ штатым хэмыт и щIэныгъэлI Куцев Сергей зэрыжиIэмкIэ, уасэр дэзыгъэуейр клиническэ къэпщытэныгъэхэр зэрылъэпсейрщ - мелуанищэ бжыгъэхэр токIуадэ абы. А хущхъуэгъуэм куэд хуей зэрымыхъур къэплъытэмэ, хущхъуэр зейм уасэри игъэуву аращ.

- Хущхъуэгъуэ нэхъ пудхэри щыIэщ, ауэ ахэр игъащIэкIэ зэпимыгъэууэ цIыхум зрихьэлIэн хуейщ, мыдрей лъэпсейр зэ зэхьэлIэгъуэкIэ зэфIокI. ИтIанэ куэдым ящIэркъым а сабий сымаджэ телевизорым къигъэлъагъуэхэм я хущхъуэгъуэм текIуэдэну уасэшхуэр езы анэ - адэхэм я фэм дэхуэн хуейуэ апхуэдэ хэкIыпIэншагъэм зэрырамыгъэувэр – дуней псом щызэхуахьэсыр ар, - жиIащ абы.

Ди къэралыр къапщтэмэ, а Iуэхум толажьэ «Гуапагъэм и утыку» къэрал  фондыр. Абы и мылъкум и къигъэхъуапIэр зы илъэсым хуэзэу сом мелуани 5 къэзылэжьхэм ят къуэдым хагъэхъуаращ. Нэгъабэ сом мелард 75 - рэ иIащ фондым. 2024 гъэм а бжыгъэр мелард 89 - м нагъэсыну я мурадщ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, ари яхурикъукъым зыдэIэпыкъун хуейр зэрыкуэдым, зэрыжытIащи хущхъуэхэмрэ медицинэ Iэмэпсымэхэмрэ зэрылъапIэм къыхэкIыу.

Гур иридгъэфIыну жытIэ хъунущ и щхьэкIэ зи гугъу тщIа уз шынагъуэм зэрыпэщIэтын хущхъуэ Урысейм къызэрыщагупсысар. Абы и гъэунэхуныгъэм иужь йохьэ икIи шэч лъэпкъ къытрахьэркъым ар нэгъуэщI къэралхэм ейм фIагъкIэ къызэрыкIэрымыхунум.

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться:

Читать также: