УзэкIэлъыплъыжмэ, узым укъыдекIуэкIыфынущ

ООН-мрэ ВОЗ-мрэ зэгъусэу ирагъэкIуэкIа зэхыхьэм, гу-лъынтхуэ, лышх, тхьэмбыл, фошыгъу узыфэхэм къакIэлъыкIуэу, цIыху нэхъыбэ зэрылIыкIхэм ящыщу къыщалъытащ жьэжьей узыр. «The Lancet» журналым къытрадзауэ щытащ иужьрей илъэс 25-м жьэжьей узыфэ хэтIэсам илIыкIхэм я бжыгъэр проценти I40-кIэ зэрыхэхъуар.

 Жьэжьей узыфэр щекIакIуэр зэзэмызэххэу къэзылъытэхэри щыIэщ. Ауэ къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм щрагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм апхуэдэ еплъыкIэхэм шэч хууагъэщI. Жьэжьей узыфэ хэтIэсам ику иту процент I3,4-кIэ дуней псом зыщиубгъуащ. Процентыр бжыгъэм хуэбгъэкIуэжмэ, США-м щыпсэу цIыху мелуан 44-м щIигъум яIэщ а узыфэр, мелуан 20-р абы хуэкIуэнкIэ шынагъуэ зиIэ гупым хохьэ, Евросоюзым и къэралхэм сымаджэ мелуан 40-м нэблагъэ щопсэу.

 Жьэжьей узыфэр зыпкърыт сымаджэм ар хуабжьу къатохьэлъэ. Псом хуэмыдэу узыфэр хэтIэсамэ, абы гъащIэр лъэныкъуэ куэдкIэ нэхъ гугъу ещI, цIыхум и жыджэрагъми лэжьыгъэмкIэ иIэ зэфIэкIми кIуэ пэтми кIэрыхуурэ. Куэдрэ къохъу узыфэр и чэзум къыщамыхутэ, и пэщIэдзэхэм нэщэнэ гуэрхэмкIэ зыкъыуигъащIэу зэрыщымытым къыхэкIыу. Абы ипкъ иткIэ цIыхухэм я нэхъыбэм япкърытыр жьэжьей узыфэ хэтIэсащ икIи абы нэгъуэщIхэри къыдохъей. Апхуэдэу ар зыпкърытхэм ящыщ куэдым къахухокI гу-лъынтхуэ узыфэхэр.

Узыфэр нэхъ хэтIэсэхукIэ абы и Iэзэгъуэ Iэмалхэри нэхъ лъапIэщ. Апхуэдэу зы илъэсым сымаджэм и гемодиализым сом мелуан 1,5 - 2 токIуадэ. Ауэ уасэм и мызакъуэуи, Iуэхур къелъахъэ диализыр щащIыну щIыпIэхэр зэрымащIэми. Нефрологхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэм и IэщIагъэлIхэм щIы хъурейм цIыхуу тетым я процент 93-р щыпсэу къэрали I60-м я щыIэкIэ-псэукIэр къыщапщытэм наIуэ къащIащ: 2030 гъэм ирихьэлIэу цIыху мелуан I4-м щIигъум жьэжьей узыфэ хэтIэсар яIэнущ, ауэ абы и Iыхьэ щанэрщ Iэзэгъуэ тэмэм зыгъуэтынур, илъэс къэс цIыху мелуани 2-м щIигъу дунейм ехыжынущ гемодиализ ирагъэщIыну е я жьэжьейр зэрахъуэкIыну Iэмал ямыгъуэту. Иужь илъэси 10-м жьэжьей узым еIэзэнымкIэ Урысейм зыужьыныгъэхэр щекIуэкIами, къэралым и хэгъэгу зыбжанэм щытыкIэм зыщихъуэжакъым. Абы и лъэныкъуэкIэ Урысейр Японием, США-м, Евросоюзым хыхьэ къэралхэм ебгъапщэмэ, куэдкIэ къыкIэроху. Къэбэрдей-Балъкъэрым и гугъу пщIымэ, щIыналъэм IэнатIэр тэмэму щызэтеублащ, диализ центру 3 щолажьэ икIи сымаджэхэм и чэзум зыхуэныкъуэ дэIэпыкъуныгъэр ягъуэт.

Жьэжьейхэр фIыуэ зэрылажьэм къыхэкIыу, а узыфэр узэриIэр къыумыщIэу зыкъомрэ йокIуэкI. Абы къыхэкIыу дэтхэнэри и узыншагъэм фIыуэ кIэлъыплъу, Iэпкълъэпкъым къыщыхъу сыт хуэдэ зэхъуэкIыныгъэми гулъытэ хуищIу щытыпхъэщ. Жьэжьей узыфэ хэтIэсар узэриIэр и чэзум къэпщIэн папщIэ лъымрэ гъутхьэпсымрэ я анализхэр тын хуейуэ аращ. Абыхэм я зэхэлъэкIым игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэмкIэ псынщIэу къахутэнущ узым и зыужьыныгъэр зыхуэдэр. Узыфэр здынэсар нэхъ пасэу къахутэмэ, пIалъэ хъарзынэкIэ пэIэщIэ уахуэхъуфынущ гемодиализми жьэжьейр зэхъуэкIэнми.

 Жьэжьей узыфэ хэтIэсар зиIэнкIэ хъуну шынагъуэ гупым хиубыдэр хэт сымэ? Псом япэрауэ, зи ныбжь хэкIуэтахэрщ: илъэс 65-м щIигъуахэм ящыщ куэдым я жьэжьейхэм ныкъусаныгъэ гуэрхэр яIэщ. Апхуэдэу а узыфэм цIыхухъухэм я деж нэхъ псынщIэу зыщеубгъу. Фошыгъу, лъыдэуей узыфэхэр икъукIэ зэран яхуохъу жьэжьейхэм. Апхуэдэ сымаджэхэр нэхъ псынщIэу гемодиализым хуокIуэ. ПIалъэ кIыхькIэ хущхъуэ гуащIэхэм ефэныр, фадэр, наркотикыр зэхьэлIэныр икъукIэ шынагъуэщ жьэжьей узыфэр зиIэхэмкIэ. Абыхэм защыпхъумэмэ, узыр хэмытIасэу къыпхузэтегъэувыIэнущ.

 Жьэжьейхэр узыншэу щытын папщIэ дауэ узэрызыкIэлъыплъыжынур? Нефрологхэм къагъэлъэгъуащ Iэмал зыбжанэ: лъым хэлъ фошыгъур зыхуэдизыр щIэх-щIэхыурэ къэпщын, лъыдэуейр къэпщытэн, къэуат зыщIэлъ ерыскъы узыншэ шхын, хьэлъагъым кIэлъыплъын, псы къабзэ ефэн, тутыным, хущхъуэ гуащIэхэм защыдзеин. Жьэжьейхэм я лэжьэкIэмкIэ ныкъусаныгъэ гуэр щыIэмэ, щIэх-щIэхыурэ фи узыншагъэр къевгъэпщытэ. Зыщывмыгъэгъупщэ: узыфэр къызэтебгъэувыIэныр куэдкIэ нэхъ тыншщ, ар бгъэхъужыным нэхърэ!

 

Поделиться: