И хадэр къратыжащ

Тырныауздэсыр илъэс 30 хъуауэ мыкоммерцэ жыг хадэ зэгухьэныгъэм (СНТ) хэтт, и щIы кIапIэ иIыгъыу. Гъатхэм цIыхухъур и дачэм здэкIуам ирихьэлIащ а щIы кIапэм нэгъуэщI бысым щыхъуауэ. КъызэрыщIэкIамкIэ, хъыбар кърамыгъащIэу езыр СНТ-м хагъэкIыжри, щIыр нэгъуэщIым иратат. 

Судым зыщыхуигъазэм, ар зэрызахуэм, и щIы Iыхьэри къратыжын зэрыхуейм и унафэ ящIат, ауэ зратам зригъэнауэ дачэр яхуибгынэртэкъым. 
Iуэхур зэрагъэзэхуэжащ суд приставхэм. Урысей ФССП-м и Управленэу КъБР-м щыIэм Iуащхьэмахуэ районымкIэ и къудамэм и лэжьакIуэр, къаIэта Iуэхур щызэхигъэкIым, епсэлъащ СНТ-м и IуэхущIапIэм и унафэщIым икIи гуригъэIуащ и пщэрылъхэр имыгъэзащIэмэ, жэуап ихьын хуей зэрыхъунур. 
Мыкоммерцэ жыг хадэ IуэхущIапIэм и унафэщIым суд унафэр нэщIысауэ игъэзэщIащ. 

БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться: