Тхыдэр зыхъумэ тхылъхэр

ЩIэныгъэм и гъуэгум лъэбакъуэ инхэр хэзычэ цIыхухэм я хамэкъым тхылъ Iущхэр. Пэжри пцIыри щызэхэшэпсыхьа интернет хъыбархэр нобэкIэ куэд хъуами, укъэзымыгъэпцIэжынур, щIэныгъэм и лъыхъуакIуэ цIыхум ныбжьэгъуу къыхуэнэр тхылъхэрщ. Мэлбахъуэм и цIэр зезыхьэ лъэпкъ библиотекэм хэтщ лъахэхутэмкIэ къудамэ. Сыт хуэдэ абы и лэжьэкIэр, сыт щахъумэр? Абыхэм нэIуасэ дахуищIащ илъэс куд хъуауэ абы щылажьэ, зи лэжьыгъэми фIыуэ хэгъуэзэну хунэса Безыр Ленэ.

- Ленэ, мы къудамэм сыт хуэдэ тхылъхэр щыфхъумэрэ, хъугъуэфIыгъуэу сытхэр щIэлъ? 
- ЕджакIуэ къакIуэ цIыхум зыхуейр щегъуэт мыбы. Литературэ щIэлъщ куэду. Зауэ зэманым зыгуэрхэр кIуэдащ, армыхъумэ, абы ипэкIэ щыIа газетхэр, микрофильмхэр диIэщ. Япэм къыдэкIхэу щыта «Мусульманин», «Сборник местностей и племён Северного Кавказа», «Северный Кавказ» сборникхэм я микрофильмхэр дохъумэ. Iэмал имыIэу диIэн хуейуэ хабзэм къигъэув тхылъхэри щыIэщ. Псалъэм папщIэ, тхылъ къыдагъэкIа нэужь, экземпляр тхурытху къыдатын хуейуэ щытщ. Къэралым къыдигъэкIхэм щыщ къыдат, ауэ езыр-езыру я тхылъхэр ди мащIэщ. 
Тхылъхэр щхьэхуэ-щхьэхуэу зэхэхауэ диIэщ: тхыдэм теухуахэр, художественнэ литературэр, мэкъумэшым, техникэм ехьэлIахэр, бзэщIэныгъэм хухэхахэр, нэгъуэщIхэри. Республикэм къыщыдэкI газет, журналхэр къытIэрохьэ. Тхылъу мыбы щIэлъым я бжыгъэр I4 000-м нызэрохьэс. 
Ди библиотекэм щIэлъым и закъуэкъым каталогым хэлъыр. ЩIэныгъэ - къэхутакIуэ институтым, университетым димыIэ зыгуэр яIэмэ, абы я карточкэ къыдохьри ди каталогым хыдолъхьэ. А тхылъым лъыхъуэу къыщIыхьэIамэ, зиIэм деж догъакIуэ. Тхылъеджэм и Iуэхур нэхъ тынш зэрытщIыным и ужь дитщ. 
- Фи лэжьыгъэр дауэрэ ефхьэкIрэ, Iуэхугъуэ гуэрхэр щевгъэкIуэкIрэ къудамэм?
- Ди лэжьыгъэр тыншкъым. Ауэ зэ хэгъуэза ухъуамэ, удихьэхыу умыщIэн Iуэху щIэлъкъым. Каталогым хъарзынэу долэжь, армыхъуамэ, мыбы щIэлъ къомыр тхузэхуэхьэсынтэкъым. Тхылъми журналми къытIэрыхьэу хъуар темэкIэ зэхыдотхыкI. Псалъэм папщIэ, ЩIэныгъэ - къэхутакIуэ институтым къыдигъэкI «Исторический вестник» журналым темэкIэ зэмылIэужьыгъуэу тхыгъэ куэд итщ. Студентым ар тыншу къигъуэтын щхьэкIэ, темэкIэ зэхэхауэ фIэкIа каталогым хэтлъхьэркъым. 
Тхылъ гъэлъэгъуэныгъэу IуплъапIэм къитлъхьэхэр мазэ къэс тIэу-щэ дохъуэж. Илъэс къэс къыдыдогъэкI махуэшхуэхэр зэрыт махуэгъэпс. Ари куэдым къагъэсэбэп.
ЩIэх-щIэхыурэ пшыхьхэр идогъэкIуэкI. ТхакIуэхэр, сурэтыщIхэр, щIэныгъэлIхэр, журналистхэр, дохутырхэр къыдогъэблагъэ, я гъащIэм, я IуэхущIафэхэм теухуауэдгъэпсэлъэну, дэри ди псалъэ гуапэ зэхедгъэхыну. 
ЕгъэджакIуэхэм я гъэсэн цIыкIухэр къытхуашэ, мыбы щIэлъ тхылъхэр ирагъэлъэгъуну. Дыдолажьэ университетми. Япэ курсым щIэс студент е школакIуэ къакIуэмэ, абыхэм нэхъ зедмыгъэлIалIэу хъуркъым. Каталогыр ядогъэцIыху, зыхуей литературэр къызэралъыхъуэнум худогъасэ. 
- Хэт нэхъыбэу къекIуалIэр фи деж?
- Студентхэр куэду къокIуэ. Дерсым зыхуагъэхьэзырми, курс лэжьыгъэ, диплом лэжьыгъэхэр ятхми мыбдеж щолажьэхэр. КъокIуалIэхэр лъэпкъым, тхыдэм теухуа хъыбар гъэщIэгъуэнхэм я лъыхъуакIуэхэр. ЩIэныгъэлIхэр, тхыдэрылажьэхэр, университетым и егъэджакIуэхэр, тхакIуэхэр, критикхэр къытхуокIуэ. 
- УзэреплъымкIэ, лъахэхутэмкIэ къудамэм сыт и мыхьэнэр лъэпкъым и дежкIэ?
- Библиотекэмрэ архивымрэ къеIыпхмэ, сыт къыхуэнэжыр лъэпкъым?! Солъагъу, мы къудамэм лъэпкъым и Iуэхур зэрыригъэфIакIуэр. Ди тхыдэр, блэкIар тхылъхэм деджэкIэрэ къыдохутэж. АпщIондэхункIи, ди бзэр, щэнхабзэр зэрытхъумэным и ужь дитщ, ахэр зэрыхъугъуэфIыгъуэ лъапIэр къыдгуроIуэ. Къызолъытэ мы къудамэр ди лъэпкъ тхыдэм и зы хъумакIуэу. Ар куэд и уасэщ. 
 

Епсэлъар ГУГЪУЭТ Заремэщ.
Поделиться: