ЦIыргъуш мыхъур

Тхыбзэр къызэрежьэу, дэфтэрхэмрэ письмохэмрэ мыхъур трагъауэу хуежьащ. Зи тхыгъэхэм дамыгъэ тезыщIэну япэу зигу къэкIар шумерхэрщ. Тхыпхъэ зыхэщIыхьа мывэ цилиндркIэ ятIагъуэм дамыгъэ тращIэрт. Ауэ ятIагъуэр щэбэIуэт мыхъур къыхэпщIыкIынкIэ. Курыт лIэщIыгъуэхэм пащтыхьхэм я Iэлъынхэм тет сурэтхэмкIэ дамыгъэ тращIэрт шэхум. 
ЦIыргъуш мыхъурым и тхыдэмкIэ мыхьэнэшхуэ иIащ XVI-нэ лIэщIыгъуэм. Магеллан Фернан щIы хъурейр къызэхикIухьа нэужь, цIыргъушыр къацIыхуащ. Пэжщ, Магеллан и гъуэгуанэр теухуауэ щытакъым цIыргъуш къэгъэунэхуным. Ар дунейм щыщIызэхэзекIуар шхынхэлъхьэхэрт. XVI - нэ лIэщIыгъуэм европейхэр шхынхэлъхьэхэм я хытIыгукIэ зэджэу щыта Моллукк хытIыгухэм щыIащ экспедицэр. ЩIыр къызэхикIухьа нэужь, ар зэрыхъурейми щыхьэт техъуэжащ Магеллан. Филлипин хытIыгухэм ящыщ зым щыпсэухэм ар яукIащ. И кхъухьхэм щыщу зыгъэзэжар «Виктория» каравеллэм и закъуэщ. Экспедицэм хэта цIыху 256-м щыщу Испанием екIуэлIэжар I8-щ. «Викторием» илът шыбжий зэмылIэужьыгъуэхэр, мускат, мэхъыч (гвоздика) гъэщэбахэр зэрыкIута къэпхэр. Магеллан и экспедицэм цIыргъушыр Испанием яша нэужь, абы къыхэщIыкIа мыхъурыр зи тхыгъэхэм тезыгъэуэну хуитыр пащтыхьхэмрэ абыхэм я блыгущIэтхэмрэт. А зэманым цIыргъушыр Iэмал тыншт нэ лей зытебгъаплъэ мыхъуну тхыгъэ щэхухэр иризэIэпыпхыну. Тхыгъэхэр письмоулъэм далъхьэртэкъым, атIэ, езы тхыгъэр плIимэу зэкIуэцIалъхьэрти, цIыргъуш ткIуаткIуэр трагъаткIуэрт, а ткIуаткIуэм дамыгъэ зытет IэлъынымкIэ мыхъур трагъэувэжырт. 
КъулыкъущIапIэхэм я тхыгъэхэм мыхъур зэрытрагъауэ Iэмал щхьэхуэ щыIэт. Тхыгъэр зэрыт тхылъымпIэр тIууэ зэкIуэцIалъхьэрти, и къуапэхэм цIыргъушкIэ зэкIэрашхэурэ тхылъымпIэ лентI плъыжь дагъапщIэрт. Абы «кустодиекIэ» еджэрт. Письмом цIыргъуш мыхъурышхуэ трагъэуэжырт, тхыгъэм мыхьэнэшхъуэ зэриIэр кърагъэкIыу. Письмом пIащIэгъуэ хэлъмэ, къауц сурэт зытет мыхъур трагъауэрт. Тхыгъэм укъеджэн щхьэкIэ а мыхъур къомыр къэпкъутэжын хуейт. Аращ къыздикIар щэху е бзыщIа гуэрым щытепсэлъхькIэ къагъэсэбэп «Мыхъуриблым щIиубыда» («За семью печатьями») жыIэгъуэр. ЦIыргъуш ткIуаткIуэр зэрызэхалъхьэ щIыкIэр куэд дыдэри щэхуу щытакъым, Магелан и экспедицэм и ужькIэ илъэс 20-30 хуэдэ дэкIри, хэIущIыIу хъуащ. XVI-нэ лIэщIыгъуэм икухэм ар зэхищIэфырт хэти. Аусбург нэмыцэ къалэм щыщ Циммерман Самуэль цIыргъуш плъыжьыр зэрызэхащIэ IэмалымкIэ цIыхухэм ядэгуэшащ. 
ЦIыргъушхэр зэмыфэгъуу къежьэным щхьэусыгъуэ хуэгъуащ европей хабзэ щхьэхуэхэр. А хабзэхэр щыIащ езы цIыргъушыр иджыри къамыгъэунэху щIыкIи. Пасэрей Урымым хьэгъуэлIыгъуэ егъэблагъэхэр щызэбграгъэхкIэ мыхъур хужь, гуауэм теухуа хъыбархэм – фIыцIэ трагъауэрт. Ар зыхалъхьащ Инджылызми, Франджыми, Голландиеми. Франджыхэм щIэныгъэ Iуэхум теухуа тхыгъэхэм мыхъур плъыжь, хьэгъуэлIыгъуэ къегъэблагъэм - хужь, пщыхьэщхьэшхэ кърагъэблагъэIамэ – гъуабжэ, гуауэ хъыбархэм - фIыцIэ трагъауэрт. Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм теухуауэ къагъэсэбэпырт цIыргъуш тхьэмбылыфэхэр, гъуэжьхэр, щIыхухэр, яжьафэхэр. 
Циммерман цIыргъушым и щэхухэр хэIущIыIу ищIа нэужь, ар къыщIэзыгъэкI IуэхущIапIэхэри къэунэхуащ. Сагъызрэ шэхурэ зэхагъавэрт, сэху, сэху хьэжыгъэ, кIэгъуасэ халъхьэурэ. 
Урысейм цIыргъуш мыхъурхэр къыщысар нэхъ иужьыIуэкIэщ, Пётр Езанэм и тетыгъуэрщ. Европей къэралхэм къащхьэщыкIыу, Урысейм щагъавэри цIыргъуш гъуабжэрэ хужьрэт. Урысейм и почтэм и къудамэ къэс щIэтт сыргъуч зэрызэхащIэ Iэмэпсымэ. 
2011 гъэм «Урысей почтэм» цIыргъуш мыхъурым ипIэкIэ къигъэсэбэпу хуежьащ бдзапцIэ е пластмасс пломбэхэр. Ауэ цIыргъушыр кIуэдыжакъым. Абы цIыхухэр иджыри хуэныкъуэ мэхъу. Псалъэм папщIэ, IэпщIэлъапщIэхэм я IэрыкIхэр ирагъэщIэращIэ, хьэпшыпгъэдахэу тыгъэхэм дыщIагъу. 
 

Зыгъэхьэзырар ГУГЪУЭТ Заремэщ.
Поделиться: