УзэщIакIуэ Адыл-Джэрий СулътIан

Адыгэ узэщIакIуэ Адыл-Джэрий СулътIан и гъащIэмрэ и творческэ лэжьыгъэмрэ теухуауэ дызыщыгъуазэр мащIэщ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, ар 1821 гъэм къалъхуащ. Языныкъуэхэм къызэралъытэмкIэ, ар Хъан-Джэрий и къуэш нэхъыщIэщ, ауэ зэрыпэжым щыхьэт техъуэу тхылъымпIэ щыIэкъым.

Адыл-Джэрий СулътIан I876 гъэм дыгъэгъазэм и 30-м Тифлис дунейм щехыжащ икIи и хьэдэр Кубань областым хыхьэ Пашковскэ станицэм щыщIалъхьэжащ.

Адыгэ узэщIакIуэм и тхыгъэхэр нэхъыбэу къызытехуэу щытар «Кавказ» газет цIэрыIуэрщ. Лъэпкъ узэщIакIуэхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ я тхыгъэхэм урыс тхылъеджэхэр щыгъуазэ хуащIырт Кавказым ис лъэпкъхэм я тхыдэм, щэнхабзэм, IуэрыIуатэм.

Адыл-Джэрий и художественнэ тхыгъэхэм лъабжьэ яхуищIар езым и нэгу щIэкIахэрщ, е лъэпкъ IуэрыIуатэм къыхихахэрщ. Абы и тхыгъэхэм я сюжетыр нэхъыбэу зытещIыхьар гъащIэм къыщыхъуа Iуэху къызэрыгуэкIхэрщ.

Абы и щыхьэту къэпхь хъунущ тхакIуэм и япэ тхыгъэ «Сулеймэн ефэнды» рассказыр, дыгъэгъазэм и 21-м, 1846 гъэм «Кавказ» газетым къытехуар. Къэгупсысаи егъэлеиныгъи зэрыхэмылъыр къигъэлъэгъуэн и мураду, тхакIуэм абы хуищIа псалъащхьэм кIэщIетхэ: «Ныбжьэгъум хуезгъэхь письмом щыщ пычыгъуэ» жиIэу.

Адыл-Джэрий адыгэ гъащIэм теухуа и тхыгъэхэм ящыщу гу нэхъ зылъытапхъэр «Шэрджэсым и фыз» рассказырщ. ТхакIуэм а рассказым лъабжьэ хуищIар адыгэ IуэрыIуатэм къыхихащ.

УзэщIакIуэм сытым дежи гулъытэ хуещI адыгэхэм яхэлъа хьэл-щэн дахэм. Ар нэхъ куууэ къыщигъэлъэгъуа тхыгъэхэм ящыщщ «ЗэраухылIа зэгурыIуэныгъэм шапсыгъыр зэрыхуэпэжымрэ зэрытемыкIымрэ я щапхъэ гъэщIэгъуэн» рассказыр.  Ар зытеухуар гъащIэм пэжу къыщыхъуа Iуэхущ. ЛIыхъужь нэхъыщхьэ Термэмэт мамыру псэу, ауэ лIыгъэрэ хахуагъэрэ зыхэлъ, зи щIыхьымрэ нэмысымрэ япэ изыгъэщ цIыхущ.

Шапсыгъ мэкъумэшыщIэ ЛIэужь Бжьыгъакъуэ Алъхъэс и унэIут цIыхубзыр къыфIедыгъу, телъ щIыхуэр къримытыжауэ жеIэри. Унэм къыздэкIуэжым, ар Термэмэт и деж къыщоувыIэ. Куэд дэмыкIыу абы къыкIэлъыпхъэра Алъхъэс къыкIэлъос. ЦIыхубз къидыгъуам щхьэкIэ а тIум я зэхуаку псалъэмакъ къыщыдэхъуэм, Термэмэт унафэ ещI, судым унафэ къищтэху а цIыхубзыр и унэ къызэрыщигъанэмкIэ, цIыхубзыр ихъумэну абы ипщэ ирелъхьэ…

А зэманым щыIа лъэпкъ гъащIэм тхакIуэр фIыуэ щыгъуазэу, мэкъумэшыщIэхэмрэ пщыжь-уэркъыжьхэмрэ я зэхущытыкIэр нэсу къыгурыIуэу зэрыщытам и щыхьэтщ «Кавказ» газетым 1846 гъэм къытехуа «Шэрджэс мэкъумэшыщIэхэр я тепщэхэм зэрахущытар» тхыгъэр. Ар зыкъомкIэ сэбэп мэхъу тхакIуэм иIа зыхэщIыкI, Iуэху еплъыкIэхэр убзыхунымкIэ.

Адыл-Джэрий фIэгъэщIэгъуэну, и гуапэу кIэлъыплъырт адыгэ щIэныгъэм зегъэужьыным яужь ит узэщIакIуэхэм я лэжьыгъэхэм, я ехъулIэныгъэ дэтхэнэ зыми иригушхуэрт. Абы щыхьэт тохъуэ I946 гъэм Люлье Л. къыдигъэкIа шэрджэс псалъалъэм абы хуитха тхыгъэ гъэщIэгъуэныр: «Сэ куэд щIауэ зэхэсхат Люлье Iуэху гъэщIэгъуэн зэрыригъэкIуэкIыр икIи абы къыщыщIэдзауэ си нэ къыхуикIыу сыпэплъэрт а лэжьыгъэр икIэм щынигъэсыным… ЩIэныгъэм и мыхьэнэр къызыгурыIуэм, къыщалъхуа и лъахэмрэ абы и цIыху и гум щигъафIэхэмрэ я насыпыр езым и  ехъулIэныгъэу къэзылъытэм и псэм дэмыхьэнкIэ Iэмал иIэкъым зи лэжьыгъэр и кIэм нэзыгъэса цIыхум, абы и мурад дахэмрэ хъуэпсапIэ иIахэмрэ.

И анэдэлъхубзэм хуиIэ лъагъуныгъэ къабзэр, къызыхэкIа лъэпкъыр зэрыщытым хуэдэу къигъэлъэгъуэну Адыл-Джэрий зэрыхэтар белджылыуэ щыболъагъу абы Радожицкий И.  и «Къэбэрдейхэм я законхэмрэ хабзэхэмрэ» лэжьыгъэм  хуитхам. Ар «Литературнэ газетым» 1846 гъэм къытехуащ. И зэманым абы тетхыхьауэ щытахэм куэд хуагъэша пэтми, тхакIуэм къызэрилъытэмкIэ, абы ныкъусаныгъэ инхэр хэлъщ. Къэбэрдейхэм я псэукIэмрэ щыIэкIэмрэ абы апхуэдизу зэгъэкIуауэ къыщыгъэлъэгъуащи, фIэщ пщыхъуркъым ар зытхар адыгэ гъащIэм щыгъуазэу щытауэ. Адыл-Джэрий къызэрилъытэмкIэ, Радожицкий И.  и очеркыр хуей-хуэмейми Iуэхум хэзымыщIыкI цIыхум зэрыщыту лъэпкъым е хэкум хъыбарыпцIхэмрэ къигупсысахэмрэ хужызыIэм и щапхъэщ. Ар къэмыхъун  щхьэкIэ, рецензэр зи IэдакъэщIэкIым къызэрыфIэщIымкIэ, езы адыгэхэр адыгэхэм тетхыхьыжын хуейщ.

Адыл-Джэрий игу щIэузу кIэлъоплъ Шэрджэсым и щытыкIэ хьэлъэм, щхьэхуитщIыжакIуэ бэнэныгъэу абы иригъэкIуэкIым. УзэщIакIуэм къызэрилъытэмкIэ, бгырысхэр къызэрызэун хуейр Iэщэрэ къарурэкъым. Ахэр Урысейм и лъэныкъуэ щIынымкIэ нэхъ хэкIыпIэ пэжыр лъыгъажэ хэмыту, мамыр IэмалхэмкIэ ахэр зэшэлIэнырщ.

Адыл-Джэрий СулътIан зи Iуэху а илъэсхэм зэрихуэр адыгэ тхыбзэр зэгъэпэщыным и закъуэкъым. Ар ерыщу иужь итащ урыс еджапIэ зэрызхэм щеджэ шэрджэс ныбжьыщIэхэм щIэныгъэм и мыхьэнэр къазэрыгуригъэIуэным, ахэм чэнджэщхэр яритырт, игъэгушхуэрт.

ТхакIуэм и нэIэр нэхъыбэу зытетар а зэманым гимназием щеджа адыгэ ныбжьыщIэхэрщ. Просветительскэ лэжьыгъэ иригъэкIуэкIахэм я мызакъуэу, мыхьэнэ ин дыдэ иIэщ Адыл-Джэрий иригъэкIуэкIа творческэ лэжьыгъэми. ТхакIуэм и тхыгъэхэм я нэщэнэ нэхъыщхьэр абыхэм IуэрыIуатэмрэ лъэпкъ хабзэмрэ къызэрыщыгъэсэбэпарщ, ари лъэпкъ просветительствэм зэрыщыту хэлъа и хьэлхэм ящыщщ.

 

ЗэзыдзэкIар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также: