Гъавэ бэвыр я плъапIэщ![]() Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм. Дызэрыт илъэсым гъатхасэм абы щыхухахынущ гектар 10567-рэ.
НобэкIэ жылэхэр зыхасар къэдгъэлъагъуэмэ: сэхураныр гектар 410-м, зэнтхъыр – гектари 146-м, хьэр – гектар 350-м, гуэдзыр – гектар 60-м хагъэзэгъащ. Iэщым щхъуантIэу ирагъэшхыну къэкIыгъэхэм гектар 12836-рэ хухахащ.
Гъавэ бэв кърахьэлIэжын папщIэ щыIэ хабзэм тету гъатхасэм щIыр хуагъэхьэзыращ, щIыгъэпшэрхэмкIэ ягъэнщIащ, жылэхэр узыфэхэм щахъумащ.
Апхуэдэуи Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, нартыхур республикэм жыджэру щыхасэ. Мы гъэм зыхащIэну абы хухаха гектари 132,4-м щыщу гектар 30-м нэблагъэм хащIакIэщ.
Гъавэ бэв бжьыхьэм кърахьэлIэжын папщIэ, нартыхум псыкIи егугъун хуейщи, ар зыхасэ хьэсэхэм псы зэрыщIагъэлъэдэ машинэхэр щагъэув.
Поделиться:
Читать также:
13.11.2025 - 16:33 →
Я лэжьыгъэхэм топсэлъыхь
13.11.2025 - 16:00 →
ЛIыхъужьым и фэеплъу
13.11.2025 - 15:36 →
Шэджэм къалэм и уэрамхэр
13.11.2025 - 15:22 →
Комбатым и лIыгъэ
13.11.2025 - 14:50 →
ЩIэблэ узыншэ-2025
| ||




