ИлъэсыщIэ библиотекэм

ЦIыху къэс езым иIэжщ и ИлъэсыщIэ, и дэтхэнэ зы теплъэгъуэри гум къехуэбылIэрэ, сыт хуэдиз зэман дэмыкIами, дэрэжэгъуэ къриту икIи ар Iэмал имыIэу ехьэлIащ сабиигъуэ жыжьэм. Иджыпсту псори щыIэщ, уеблэмэ цIыкIухэм тыгъэ яхуэпщIынур апхуэдизым къыхэхыгъуейуэ. Арагъэнщ цIыхур зыгуэрым щIэхъуэпсын, гугъуехь гуэр хилъхьэу ар зригъэгъуэтын щIыхуейр.

1966 гъэр къихьэным къэнэжа щIагъуэ щыIэтэкъым. ПэщIэдзэ классым щIэс цIыкIухэм ди егъэджакIуэ Мыкъуэ Будёнэ урокым зэрыщIидзэу къыджиIащ гъэр икIыху нэхъыфIу еджахэмрэ зи тхылъхэр нэхъ къабзэу зезыхьахэмрэ илъэсыщIэ тыгъэ щэхуу зэрытхуигъэхьэзырыр. Классым щIэсхэр дыпэплъэрт зэкIэ тщигъэпщкIу щэхум. ИлъэсыщIэр къыщыблагъэм зы гуп дакъыхишщ, зэкIэлъхьэужьу дигъэуври, школ библиотекэм дишащ.

Ди школыр  жылагъуэхэм нэхъ щыинхэм ящыщт, абы мащIэу пыIудзауэ пщIантIэшхуэм дэтт пэш хьэкукIэ иджыри ягъэплъ библиотекэр. Дэ зэи дыщIыхьатэкъым абы.  Бжэр Iуихыу Будёнэ дыщыщIишэм,  къытщыгуфIыкIащ шэнтжьейм ису стIолым бгъэдэс цIыхубз цIыкIунитIэ цIыкIур - Къул Гуащэнэ. Абы къытекIуэ а зэманым районым истэкъым. Тхылъыр еджакIуэхэм ярит къудей мыхъуу, щIаджыкIар къазэрыщыхъуам кIэщIу тригъэпсэлъыхьыжырт, напэ къэсыху зэтрихыурэ къахьыжа тхылъхэм я щытыкIэр къипщытэрт, зы мэскъал къигъуэтамэ, дерс псо щIигъэдэIунут, тхылъым еджэн, ар хъумэн зэрыхуейм теухуауэ.

- ИIэт иджы, илъэсыщIэм къытхуэкIуа тхылъыщIэхэр япэу зэстынухэр фыкъызэреджэфыр сывгъэлъагъут… ар жиIэри библиотекарым дыкъригъэувэкIащ пхъэмэ гуакIуэр къызыщхьэщих пэш хьэку хужьыбзэм. ГуфIэгъуэм дызэрихьэу зэпэтплъыхьащ тхылъ IувышхуэхэмкIэ къуарэ, я лъагагъым  унэмыплъысу, библиотекэм щегъэувэкIа дапхъэхэр. Тхылъ щхъуэкIэплъыкIэ дахэхэр къызэгуихым,  едзыгъуэ зырыз дыкъригъаджэурэ, дыкъипщытащ Гуащэнэ. Дэ дышынэрт, ди къеджэкIэр абы игу нэмысу, тхылъхэм дыхинынкIэ.

Дерсхэм дыпхыкIа нэужь тхылъ зырызыххэ къытIэщIилъхьащ икIи къыдгуригъэIуащ абы дыкъеджэу, пIалъэм фIедмыгъэшу, тхьыжын зэрыхуейр.

Гуащэнэ къызэрыдиIуэкIамкIэ, а дызэджам дытригъэпсэлъыхьыжынурэ, итIанэт библиотекэм и карточкэр щытхуитхынур. Къэмыхъуа Iуэхушхуэ гуэрым хуэдэут абы дызэрыпэплъэр. Си партэгъумрэ сэрэ дызэгъусэу къытлъысар Воскресенская Зое и «Ястребки» тхылъ цIыкIурт. Дэ тIур дызэпэмыжыжьэу дыпсэурти, зыIэпытхыурэ тхылъым ит псоми дыкъеджащ.  Къэсащ библиотекэм ди тегъэзэгъуэр. Абы дыкIуэн ипэ егъэджакIуэри щIэдэIуащ  тхылъхэм ди къеджэкIэм. КъызэрыщIэкIамкIэ, дэ къыттекIуэжат Маршак  Сергей  и тхылъ къылъысам усэу итыр гукIэ ищIэу къэкIуа ди классэгъу Риммэ цIыкIу. Япэ тхылъхэр Гуащэнэ щытIихыжым, делъэIуащ Риммэ иIыгъар къыдитыну. ДыкъигъэщIэхъуакъым, дэри зы усэ къимынэу гукIэ зэдгъэщIащ – ди гуфIэгъуэр къэзыIэта  илъэсыщIэ тыгъэ нэст ар дэркIэ.  

 

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: