Псалъэ къару зыщIэлъ усэхэр

Бемырзэ Зураб и усыгъэм гъадэщIыдэ и куууагъщ. Ар къопсэлъыкI тхыдэм, къуоувэ лъэпкъым, епсыхь щIыуэпсым, егъафIэ лъахэр, мэпсэу гухэлъкIэ. Гум къыIэпыкIхэр яхуэфэщэн псалъэхэмкIэ ехуапэри, цIыхугум нехьэс. Сыт щызыхэпщIэр усэхэм?! Уагъэуардэ, уагъэнэщхъей, уагъэгузавэ, уагъэгуфIэ, уагъэпIейтей, уагъэгугъэ.
Лъэпкъым, Хэкум, тхыдэм, ди адэжьхэм щахуэусэкIэ, и псалъэхэм купщIэу яIэм зыкъыпхагуашэ. Уи пащхьэм сурэт хужь-фIыцIафэу ирищIыхь хуэдэщ тхыдэжьым и напэкIуэцIхэр. Гурэ псэкIэ абы къиIуатэм ухохьэри, щыIэщ шыплIэм зибдзэу зауэжьым ущыIухьэ, гъыбзэ зыус бзылъхугъэм гуауэдэхыу ущыбгъэдэтIысхьэ е бгырысхэм кърапхъуэт къамэхэм ирагъэщI макъыр тхьэкIумэм щызэщIэжьыуэ.
Адыгэм и шыфэлIыфэр нэIурыту къыщыгъэлъэгъуащ усэ куэдым. Лъэпкъым и хабзэр, и зыIыгъыкIэр, и гъуэгу теувэкIэр, и Iуэху зехьэкIэр и лъым хэтщ, и лъынтхуэм ирокIуэ.
Утехьэмэ гъуэгу, адыгэхэм жаIэ:
Тхьэр хахуэм къыкъуэтщ!

Адыгэхэм гъащIэм зы хабзэщи щаIэр –
Ар лъыуэ уэ пщIэтщ, - щыжеIэ «ЦIыхухъу фащэ» усэм.

АдыгэлIым и дежкIэ лъапIэщ щхьэхуитыныгъэр. Ари, дауи, пщтыру хэтщ и лъым. ИкIи гупсысэм зрегъэукъуэдий:
Гъуэгу махуэ, си къуэш, щхьэхуиту уежьащи,
Щхьэхуиту къэкIуэж.
Удэхуэми шыплIэм, лIы напэр къабзэу
КърегъэхьэлIэж.

Адыгэ цIыхухъум и фащэр и лIыгъэрщ, и напэрщ, и адыгагъэрщ, и хьэл-щэнырщ. Аращ усэм гупсысэу щIилъхьэр:
ЦIыхухъум фащэу зы закъуэщ иIэр-
Ар лIым и хьэл-щэнщ.

Илъэсищэ зауэжьыр куэдрэ къыщокIуэ Бемырзэм и усыгъэм. Дунейм адыгэу щикъухьам я фэеплъ, тхыдэм и гуауэр лIыгъэкIэ зэрагъэвам и щыхьэт, ди блэкIар ди пащхьэм къызэритыр зыхозыгъащIэ тхыгъэщ ахэр.
Уи гуауэм усэ стхыхэмкIэ сыхэлIэу,
Си лъэпкъ, къысщыхъуми узгъэхъужыфын, -
Хыуейм ухэIубауэ уи псыхуэлIэр

ПсынэпсымкIэ сэ дауэ изгъэкIын, - щыжеIэ «Си лъэпкъ» усэм.
Лъэпкъ щагъэкIуэдкIэ дунейр нэщхъей мэхъу, щIыуэпсым «и щхьэ и жагъуэщ». Псом япэу лъэпкъ гурыгъуз зрахьэлIэр тенджыз ФIыцIэрщ. Бемырзэм и усыгъэми ар щылIыхъужь щхьэхуэщ. «Убых къафэжь» усэм щызэподжэж тенджызым и губжьри, убыххэм я гуауэри, ажалыр зэрыгъунэгъури. Убых зауэлIым дыбгъурегъэувэри, и шыр зыхуэдэри, и къамэм и жанагъри, и лIэныгъэм лIыгъэ зэрыхилъхьэри дегъэлъагъу.
Тенджыз фIыцIэжьри къэукъубеяуэрэ
И Iуфэ къырхэм йопыдж.
Убых щIалэщIэми и шагъдий къарэри

Ажалым къыдегъэудж, - жеIэ зауэм щыIухьэкIэ. И псэр ита нэужьи, тенджыз ФIыцIэр, адыгэшыр, жьыбгъэр гъусэ хуещIыж:
Тенджыз ФIыцIэжьым и щхьэ и лажьэщи,
Лъапсэрых хъуам хуонэщхъей.
Адыгэ щIалэхэу зи псэ зытахэри
Уанэгум ираупсей.
Губгъуэ нэщIыжьри хьэдрыхэ Iэгущи
Жьыбгъищэр щызэроукI.

Шагъдий щхьэзакъуэхэр нэ фIыцIэ хуарэщи
Тафэжьым щызэдоудж.
Адэжьхэм я лIыгъэр къыгуроIуэ, я фэеплъыр елъытэ, Хэку лъагъуныгъэм щIата уасэр къыгуроIуэ.
Фи лIыгъэри хуэдэнущ гъащIэ дыгъэм,
ГугъапIэ махуэм ар и афэ кIуасэщ,
Псэ тыгъэу къэвгъэна фи ТекIуэныгъэм
КъэкIуэнури блэкIари и зы уасэщ, - щыжеIэ «Адэжьхэм» усэм.
Бемырзэр куэдрэ тотхыхь адыгэ пщащэм. «Пщащэм и уэрэд», «Адыгэ пщащэм деж», «Къофэ адыгэ пщащэ» усэхэр абы и щапхъэщ. Бзылъхугъэм хуэгъэзауэ къигъэсэбэп художественнэ Iэмалхэр егъэлеяуэ лъагэщ.
Адыгэ пщащэр дыгъитIкIэ къызэплъри –
Си гур дыгъэншэу игъэткIужакъэ. - щыжеIэ «Адыгэ пщащэм» бзылъхугъэм и нэм щхьэкIэ. Пщащэр къыщыфэкIи и теплъэр уи нэгум къыщегъэувэ:
Къафэм и дахэу, дахэм и дыгъэу,
Iэсэу егъажэ лъэбакъуэ щыгъэр.
ЗигъэкIэрахъуэмэ – дыгъэ архъуанэщ.
ЗишэщIыжамэ – пагагъэм и бланэщ.

Бемырзэм и къалэмыр куэдрэ лъоIэс IуэрыIуатэм. Абы хэт лIыхъужьхэр къыхеш, йопсалъэ, шыфэлIыфэ яхуещIри дакIэлъегъэплъ. Е абыхэм я шыфэлIыфэм тетхыхьурэ, гурыщIэкIэ щIэгъэбыдэж.
Ер – и уадэшхуэ гъадэщ, фIыр и щхьэумэ сыджщ,
Ахэм я зэхуаку бзаджэм гъащIэр къыщIеуIукI.
Сэри сыщытщ сыщIэпщэу сызысыжын мафIейм.

Уадэм и уэредадэм зэхекъутэж дунейр, - щыжеIэ «Дэбэч» усэм.
КъэхъукъащIэхэм дунейр якъутэми, уафэмрэ щIылъэмрэ цIыху къарур цIыкIу зыщIэхъукI къэхъукъащIэхэр щекIуэкIми, усакIуэм игу пыкIынукъым а зыхэтым къыхэкIыжу ар иутIыпщыну.
Дыгъэр псыкъуий щхьэтепIэщ, пIалъэр – лIэщIыгъуэ уэрщ.
ЗэхэткIухьыжу дыгъэр, зэхэлъэдэжми уэр,
Зэхэкъутэжу гъащIэр, исми шэдыжь къэпщам,

Ноби схэтщ а махуэм, сеплъу уи нитI къэплъам, - щIегъэбыдэж усакIуэм.
Бемырзэм и гухэлъ лирикэр хуэдэщ щэхуу зыщIыпIэ щыхъумам, щыгъэтIыгъуам, изыщэ хъууэ къыщиудыжам. Гухэлъыр мэбауэ, мэпсалъэ, мэпсэу, лъынтхуэхэм ирикIуэурэ гур кърегъауэ. ЩIыуэпсымрэ гухэлъымрэ куэдрэ щызэщIожьыуэ, гухэлъым и зыщIыкIэм дунейми зыдихъуэжу. Аращ и усэхэм хэплъагъуэр.
Гур зэрыпIейтейр телъыджэу къегъэлъагъуэ:
СегъэIусэ уи нитIым.
Дунейр сIэпыхуауэ
КърехьэкIыр жьуджалэу
Пщыхьэщхьэ гъуэжькуийм.

ЛIыхъужьым и гухэлъыр Iэмалыншэщ, Iэмал гуэр иIамэ, ар гухэлъ хъужрэт жыуигъэIэу.
Сэ дауэ зэхуэтхьа ди уэрэдитIыр
Зэхэслъхьэурэ зэхэсхыжын,
Абы сэракъым – лъагъуныгъэрщ хуитыр
Зым псалъэ, зым макъамэ къыщIихын.

Зым псалъэ, адрейм макъамэ ямыгъусэмэ, а тIур зэщIэмыжьуумэ, уэрэдыр хуиту Iужыркъым.
ЯукIыу зыр, адрейм сыт хуэупсэжкIэ,
Ябзытэу бзитI къыхахкIэ зы псэун.

УсакIуэм жеIэ дунейм къыщекIуэкI хабзэхэм нэмыщI, гухэр зэпызыщIэ нэгъуэщI хабзи зэрыщыIэр. Пэжщ, усакIуэ хьэлу а псалъэр ихъумэу «щэху гуэр» фIищащ.
ЦIыху хабзэм нэгъуэщI гуэр дэмыщIыгъуамэ,
Уэрэдым зы зэгуэрым димыщIынт, - жеIэ абы.

УсакIуэр и гъащIэм щеплъыж хуэдэщ гухэлъым. ЩIыуэпсым и щытыкIэр абы нэхъри щIегъэхуабжьэ.
Сыноплъри, солъагъу си жьыщхьэр,
Сыноплъри, сохъуж сабий,
Уи гуфIэр тосыкI нэкIущхьэм,
НэхукIэр хъыпий-сыпийщ.
Шабзэшэу мэлъатэ щIылъэ

Зэгуэрым яутIыпщар,- щыжеIэ «Бзу абгъуэ» усэм.
Бемырзэ Зураб и псалъэм щIэлъщ къару абрагъуэ, мыкIуэщI, мыужьых. АтIэ сыт хуэдэ псалъэм и къэкIуэкIэр?! Псалъэр гум къыIэпыкIын ипэ зыкъом егъэв. Абы щапхъэ трехъуэж «Псалъэ» усэр.
Псалъэр мэузыр уIэгъэу, кIыжыху,
Псалъэр мэузыр уIэгъэу, птхыжыху.
Еплъым къащохъу ар насыпу къыуат.
Еджэм и гугъэщ – уи гъащIэ къэуат.
Ауэ а птхар – жэщмыжейм и тхьэгъушщ,
Ауэ а птхар узышхыж уи дыгъужьщ,
Махуэ къэсыху къыпкIэлъыуэ уи бийщ,
Пшхыр емыхыжу зэIуищIэ уи джийщ,
ГъащIэ пэгуну пIэщIэхуу икIутщ,
Укъэтэджыжмэ, къару уизыудщ,
Умыпсэлъэжмэ, тхылъымпIэм иптхэжщ,
Укъэмыплъэжмэ, нэгъуэщIхэр зэджэжщ.

Бемырзэ Зураб и усэхэм уагъэгупсысэ, ухагъаплъэ, узыщIагъэдэIукI. Сытым игъэусэми, абы и сатырхэр псыхьащ. Псыхьащ пэжкIэ, гуапагъэкIэ, лIыгъэкIэ – аращ и усэхэм къару яхуэхъур. ПсэкIэ матхэри, дуней дыкъэзыухъуреихьым дахагъэу хэлъри и тIасхъапIэхэри къегъуэт. И усэ сатырхэр гум къонэ, гъащIэм къыщыхъу Iуэхугъуэ куэдым пэджэжу.

Гугъуэт Заремэ.
Поделиться:

Читать также: