Зэныбжьэгъугъэм и шэсыпIэхэр

ИлъэсыщIэ махуэщIхэм ирихьэлIэу «Чувашиемрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я зэныбжьэгъугъэ хасэ» зыфIаща жылагъуэ зэгухьэныгъэщIэ Чебоксары къалэм къыщызэрагъэпэщащ. Зэгухьэныгъэм и жэрдэмщIакIуэ хъуащ Чувашием и цIыхубэ усакIуэ Тургай Валерэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ Беппаев МутIалипрэ.

«Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэр щыгъуазэ зэрыхуэхъуащи, щIыналъитIым я жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ щэнхабзэ лэжьакIуэхэмрэ куэд лъандэрэ зэдолажьэ, жыджэру зэкIэлъокIуэ, лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным къыдэкIуэу, щIэныгъэ, егъэджэныгъэ, щэнхабзэ, гъуазджэ я лъэныкъуэкIэ я зэхуаку дэлъ зэпыщIэныгъэхэм зегъэубгъуным толажьэ.
Жылагъуэ зэгухьэныгъэм иубзыхуа лэжьыгъэм ипкъ иткIэ ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм япэ зэIущIэр щрагъэкIуэкIащ. ЛъэпкъитIым я жылагъуэ лэжьакIуэхэм я зэхуэсыр Чебоксары жыг хадэр щэнхабзэмрэ зыгъэпсэхугъуэмрэ я парк зэращIрэ илъэс 45-рэ зэрырикъум ирырагъэхьэлIащ.
Гуапэу икIи гукъинэжу екIуэкIа зэIущIэм и зэхэшакIуэ хъуащ ди щIыналъэм щыпсэу чувашхэм я «Нарсли» лъэпкъ зэгухьэныгъэм и лэжьакIуэхэр. «Псэу, тхылъ, тет дунейм!» зыфIаща зэхыхьэр ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм ит тхылъ хъумапIэр тхылъхэмкIэ зыгъэнщI жыпхъэм иту екIуэкIащ. А махуэм тхылъ сырэм къытрагъэуващ Чувашием щыщ усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэса усэ зэужьхэмрэ къыдэкIыгъэ гъэщIэгъуэнхэмрэ. ЦIыхухэр «Вагъуэ мывэ» скъарым пэмыжыжьэу зэрызэхэтами нэщэнэ пыухыкIахэр халъэгъуащ къызэгъэпэщакIуэхэм.
«Дэ дыпэжыжьэкъым Пащт-Хъан Алим «Вагъуэ мывэ» зыфIища и Iэужь телъыджэм. Ар абы Безенги къуэладжэм къришри, гъуаплъэкIэ игъэщIэрэщIащ, тхыпхъэщIыпхъэ гъэщIэгъуэнхэри хилъхьащ. Щыгъуазэ дызыхуэхъуа скъарыщIым и гупсысэм ипкъ иткIэ мывэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и дамыгъэщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, мы щIыналъэр унапIэ зыхуэхъуа лъэпкъхэмрэ жылэхэмрэ я зэныбжьэгъугъэр мывэм хуэдэу быдэщ, ар зэкъуэзыудыфын къаруи щыIэкъым. Аращ щхьэусыгъуэ хуэхъуар тхылъ сырэр мы скъарым пэмыжыжьэу зэрыдгъэувами, аращ къызыхэкIар Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэ Щэнхабзэ фондым деж щызэхуэс лъэпкъ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр къедгъэблэгъэнри, - жиIащ «Нарсли» чуваш зэгухьэныгъэм и унафэщI Черновэ Алёнэ. - Гупсысэр къыддиIыгъащ, лъэкI псомкIи зыкъытщIигъэкъуащ Щэнхабзэ фондым и гуащэ Мэкъуауэ Люазэ. Абы щхьэкIэ фIыщIэшхуэ худощI. Сэ быдэу си фIэщ мэхъу Чебоксары къалэм, ди хэкужьым и щыхьэрым, мы далэм щекIуэкI махуэщI дауэдапщэхэм, зымащIэкIэ нэхъ мыхъуми, и гъэдэхэным ди гуащIэ зэрыхэтлъхьэр, щIыналъитIым я зэпыщIэныгъэхэр егъэфIэкIуэным хэлъхьэныгъэ зэрыхуэтщIыр. ЛэжьыгъэкIэ дыкъакIуэу псэупIэ тхуэхъужа Къэбэрдей-Балъкъэрым гурэ псэкIэ пыщIа дыхъуащ, ар зэрытхъужыни щыIэкъым. Апхуэдэу щыт пэтми, Чувашиери зыпэтщI щыIэкъым. Ар ди адэжьхэм я фэеплъ лъахэщ, ди щэнхабзэм и къигъэхъуапIэщ, ди щыIэныгъэм и псэщ. Чувашиеми щопсэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыдэлъху лъэпкъхэм ящыщ адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ. Ахэр куэд щIауэ Чувашием и дунейм щыщ хъуащ, щолажьэ, щопсэу. Дэ тхуэдэу, я гъащIэр а щIыналъэм щыкIуэми, мыбдеж я Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ щопсэу, мы щIыпIэхэм я гур щыIэщ, къыкIэрызычын къаруи щыIэкъым. ЛъэныкъуитIми ди цIыхухэр зэрыщыпсэур къэплъытэмэ, ди жэрдэм цIыкIур цIыхугъэмрэ дахагъэмрэ хуэгъэпса, щыIэныгъэм дыхэмышыпсыхьыжу дызэрыщыIэм щыхьэт техъуэ зы гукъэкIыу къытщохъу. Чебоксары къалэр зэраухуэрэ илъэс 500 щрикъум ирихьэлIэу жыг хадэшхуэ ягъэтIысыгъат. Нобэ паркыр Чувашием щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ зэхуэсыпIэщ, зыгъэпсэхупIэщ, зэрыщIапIэщ. ЛъэпкъитIым я цIыхубэ усакIуитIым - Тургай Валерэрэ Беппаев МутIалипрэ - къыхалъхьа жэрдэмыр адэкIэ зэрыкIуэтэнур къэзыгъэлъагъуэ мы гупыжым и къарур тхылъым нэхъри лъэщ ищIыну къытщыхъуащ. Псалъэм нэхъ IэщэфI щыIэкъым - абы узэкъуегъэувэ, дахагъэм укъыхуреджэ. УсакIуэпсэм хуэдэу хэт зыхищIэн мамырыгъэмрэ гъащIэмрэ я купщIэр? Дэри усакIуэпсэхэм къагъэщIа псалъэ зэгъэпэщакIэ дунеитIыр зэдопх, къытщохъу мы зэхуэсым хэтхэм абы и хуабэр дэтхэнэми къыфлъэIэсу. Мыпхуэдэ зэхуэсхэр ди зэныбжьэгъугъэм и шэсыпIэщ. Ар хъумэни лъытэни хуейщ».
ЗыхамыщIэнкIэ Iэмал зимыIэ псалъэхэм яужькIэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэхэм нэгъуэщI жэрдэми къыхалъхьащ - Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу усакIуэхэмрэ тхакIуэхэмрэ я IэдакъэщIэкIхэр зэрыт къыдэкIыгъэхэр тхылъ сырэм кърахьэлIэну, загъэпсэхуу ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм итхэм хуагуэшыну, усэеджэхэр щрагъэкIуэкIыну. Дунейм къытехьэ зэгухьэныгъэщIэм и лъэтеувэри абдеж щащIынуи зэгурыIуащ.
Шэч хэлъкъым, дунейр мамыру щытын папщIэ, абы щыпсэу лъэпкъхэр зэрыщIэн икIи зэлъэIэсын хуейщ. ЩIыналъэ экономикэхэм зызэрадзэу гъащIэр екIуэкI щхьэкIэ, абы хэпсэукI цIыхубэр гугъэм зэщIиIыгъэу, дахагъэр я гъуазэу кърокIуэ. А дахагъэри къэзыгъэщI щэнхабзэм и хъуаскIэр дэтхэнэ зы цIыхуми лъэгъэIэсыныр ар зи Iэ илъым и хьэкъщ. «Нарсли» лъэпкъ зэгухьэныгъэм и жэрдэмыр абы и лъэныкъуэкIэ къызэрымыкIуэу Iуэхугъуэ дахэщ, гупсысэ узыншэхэм ухуэзыгъэуш гукъэкIщ.
 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: