Адыгэхэм я Iэщэмрэ я зэуэкIэ хабзэхэмрэ

Мэрзей Аслъэнбэч и IэдакъэщIэкIыу «Адыгэхэм я зэуэкIэ хабзэр къызэрыунэхуамрэ зэрызиужьамрэ» тхылъыр къызэрыдэкIрэ илъэсым щIигъуащ. А лэжьыгъэ къызэрымыкIуэр дунейм къызэрытехьам иджыри емыджахэр нэгъунэ щыгуфIыкIащ жытIэмэ, къытпэрыуэн дыхуэзэну ди фIэщ хъуркъым. Зи Iуэху еплъыкIэ утыку къизыхьахэм къахэгъэщыпхъэщ адыгэ тхыдэдж цIэрыIуэ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, Адыгейм Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и этнологие къудамэм и щIэныгъэлыражьэ нэхъыщхьэ Хъуэткъуэ Самир.
«Зи гугъу тщIы тхылъыр щIэныгъэлIым и доктор диссертацэщ, ауэ абы зауэлI щэнхабзэм теухуауэ къыщыIэта Iуэхухэм я гугъу пщIымэ, Мэрзейм и тхылъым хуэдэу ар зыхуей щыхуэза лэжьыгъэ щымыIэххэу аращ, - етх Хъуэткъуэм. – Къыхэгъэщыпхъэщ икIи гъэщIэгъуэнщ Кавказ зауэми адыгэхэр Урысейм и пащтыхь зэрыпхъуакIуэм зэрыпэщIэта щIыкIэм теухуауи нобэр къыздэсым зы адыгэ тхыдэджым и тхыгъэ къызэщIэубыда зэрыщымыIэр».
    Хъуэткъуэм убгъуауэ зэпкърех Мэрзей Аслъэнбэч и щIэныгъэлI IэбэкIэри, и Iуэху еплъыкIэм и кууагъри. Зы адыгэ тхыдэджыр адрейм зэрыщытхъуракъым гу зылъыптэр Самир и лэжьыгъэм укъыщеджэкIэ. Иджыри къэс езым и закъуэ ихьу къыфIэщIа хьэлъэр къыдэзыгъэпсынщIэн къигъуэтам ещхьу, Мэрзей Аслъэнбэч зыдэкIа бгыр зэрыабрагъуэм къытригъазэурэ топсэлъыхь.
«Евразием и щэнхабзэм зэрыхиубыдэм икIи пасэрейуэ зэрыщытым ипкъ иткIэ, Адыгэ Хэкум щIэинышхуэ бгъэдэлъщ, зы лъэпкъыр адрейм дэплъейуэрэ и псэукIэри, гупсысэкIэри, Iэмэпсымэ къигъэщхьэпэхэри зэрыригъэфIакIуэм и щыхьэту къэуву. Зы щIыпIэм щыпсэун хабзэ зимыIэ лъэпкъхэм ядэгъуэгурыкIуэху, адыгэхэм зыми емыщхь шууей щэнхабзэ зэрагъэпэщащ. XVI - XIX лIэщIыгъуэхэм я зэхуакум дунейм къытехьа урыс, европей, хьэрып-къэжэр, уэсмэн, кърым-тэтэр, куржы дэфтэрхэм «адыгэ» псалъэм къыдэкIуэу фIэщыгъэ куэдым уащрохьэлIэ: адыгэш, адыгэ уанэ, адыгэ таж, адыгэ афэджанэ, сэшхуэ, дэщI, къинэмыщIхэм. «Адыгэ цIыхубэм, - итхырт къэхутакIуэ Iэзэ, къуэкIыпIэ тхыдэмкIэ IэщIагъэлI гъуэзэджэ Горелик Михаил, - фочыщIэ куэд яIэти, зыхуей хуэзэу яузэдыфыр езыхэм я зауэлIхэм я закъуэтэкъым, атIэ я гъунэгъухэри, Дыщэ Уэрым и дзэри зэрагъэпэщыфырт. Гу лъытапхъэщ абыхэм Iэщэр къызэрымыкIуэу, адрейхэм зэрахьэм емыщхьу, ящIу зэрыщытам. Адыгэ IэщIагъэлIхэм «адыгэ къамэ» зыфIаща, Дыщэ Уэрым щызэрахьэу щыта Iэщэ лIэужьыгъуэ къагупсысауэ щытащ, Щамым къраша жырым къыхэщIыкIауэ, и пэр папцIэу».
Мэрзей Аслъэнбэч и тхылъыр удихьэхыу зэрытхам абы щIэныгъэм ипкъ иткIэ иIэ мыхьэнэр щыпIэщIигъэху къохъу. Уеблэмэ уадыгэу, утхыдэджу, Кавказым ущыщу щымытми, абы и тхылъым адыгэ зауэлI хабзэр щэныфIагъым и лъабжьэу къызэрыщигъэлъагъуэм уимытхьэкъункIэ Iэмал иIэкъым. Хъуэткъуэм къытригъазэурэ нэ лейкIэ дрегъэплъ Мэрзейм и тхэкIэ Iэзагъми, абы иджыри къэс зыми хузэфIэмыкIа Iуэхушхуэм зэрызрипщытами.
«XVI-XVII лIэщIыгъуэхэм адыгэхэм я Iэщэ зэгъэпэщыкIэм нэхъри зэрызиужьам къыхэкIыу, лъэпкъым и зэфIэкI лъагэм «адыгэ зауэлI щэнхабзэ» фIэщыгъэр игъуэтат. XVIII – XIX лIэщIыгъуэхэм мафIэрыуэ Iэщэ къызэрежьам хуэдэу, а Iуэхум адэкIэ зиужьри, адыгэ сэшхуэ, адыгэ фоч, фокIэщI хуэдэ цIэхэр къежьащ. А псом къегъэлъагъуэ зауэлI щэнхабзэм тхыдэм кърикIуа адрей лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр зэрыхэгъуэщар».
Кавказым щыщ дэтхэнэ зыми ещхьу, Хъуэткъуэми игу къоуэ адыгэхэм къызэранэкIа тхыдэр зэрыщыту зауэ хуэIухуэщIэ хуэдэу зэрагъэувыр. Абы и щхьэусыгъуэри IупщIщ: лъэпкъыр щIыналъэ куэд щызэхуэзэ гъуэгу зэблэкIыпIэм зэрыщыпсэум къыхэкIыу, лъэпощхьэпохэм хэмыкIыу, захъумэжыныр я къалэн нэхъыщхьэу къекIуэкIащ.

«Адыгэ щэнхабзэм зауэлI хабзэ фIэкIа хэмыту къыпфIэзыгъэщIыр лъэпкъыр шэшэнхэри дагъыстэнхэри и Iэпэгъуу, кIыхьлIыхь хъуа Кавказ зауэм хэпщIауэ къызэрекIуэкIарщ, - етх адэкIэ Хъуэткъуэ Самир. - Уеблэмэ «зекIуэ экономикэ» псалъэ зэпхар къэунэхуат, бгырысхэм я шхыныр нэгъунэ къазэун хуей зэрыхъур и тегъэщIапIэу. Аращ Кавказ Ищхъэрэр зыужьыныгъэм хуэхей хуэдэу къафIэщIу зыщIари. Мэрзей Аслъэнбэч шэч зыхэмылъ и ехъулIэныгъэу къызолъытэ тхылъым и 4-нэ Iыхьэу «Къуентхъымрэ щIыхьымрэ. ЗекIуэхэм я щхьэусыгъуэмрэ мурадымрэ» зыфIищам а Iуэхур IупщIу къызэрыщигъэлъэгъуар. ЗекIуэхэр щIаублэр къуентхъ зыIэрагъэхьэн щхьэкIэтэкъым. Абы лъабжьэ хуэхъур гугъуехьым пхыкIыф зауэлIым дежкIэ ар лIыгъэщIапIэу, щIыхь зэгъэгъуэтыпIэу зэрыщытырт. Мыхьэнэ иIэт цIыхум бийм щыхуэзэкIэ къызыкъуих хьэлым, ар ныбжьэгъухэм, и гъусэхэм зэрахущытым. КъаIэрыхьэ мылъкум и нэхъыбэр занщIэу ягуэшыжырт. Нэхъыщхьэр зекIуэм къыкIэлъыкIуэну лIыгъэм, хахуагъым, хьэлэлагъым ятеухуа хъыбархэрт. Адыгэхэр зэрегупсысымкIэ, «быдэр щIагъуэкъым».
Мэрзейм и Iуэху еплъыкIэм ипкъ иткIэ, дэри къыдгуроIуэ адыгэхэр апхуэдэу кIыхьлIыхьу пащтыхьыдзэм щIыпэщIэтар. ЗауэлIыр лIэныгъэм зэрыхущытыр къигъэлъагъуэкIэрэ, Аслъэнбэч адыгэм и тхыдэжьым мэIэбэжри, игъуэ дыдэу Гомер и «Илиадэр» дигу къегъэкIыж. Курыт лIэщIыгъуэм псэуа цIыхухэр зауэм, зауэзэрылIым, лIыгъэм зэрахущытар ди нэгу къыщIегъэувэри, ахэр адыгэ хьэлым ирегъапщэ.
«ЗэуэкIэ хабзэр» зыфIища Iыхьэм щIэнгъуазэкIэ фIэкIа уеджэфынукъым. УкъимыкIуэтыжу пхужыIэнущ, мыбы иужь мы лъэныкъэмкIэ ятхыну псори Iуэхум хэзымыщIыкIым и «дилетант псалъэу» къызэралъытэнур. Тхылъым и курыхыу пхужыIэну мы Iыхьэм адыгэхэм я зэуэкIэ Iэзагъыр щызэфIэгъэувэжа мэхъу. Ар Мэрзейм уи нэгум къыщIигъэхьа иужьщ къыщыбгурыIуэр лъэпкъым и зэуэкIэ хабзэр сыт хуэдэ зэмани захуагъэм, зыхъумэжыныгъэм, лей земыхьэным теухуауэ зэрекIуэкIар».
Гулъытэншэу Хъуэткъуэм къигъэнакъым Мэрзей Аслъэнбэч и тхылъым щызэхуихьэсыжа зауэлI псалъалъэри. «Мэрзейм и лэжьыгъэм бзэ и лъэныкъуэкIэ Iуэху абрагъуэ щызэфIигъэкIащ, къэбэрдей-шэрджэс псалъалъэ куэд зэрыщIищыкIар IупщIу, ауэ я нэхъыбэр езы тхыдэджым зэхуихьэсыжа, адыгэхэм я зауэлI хуэIуэхуэщIэхэм зэрахьэу щыта фIэщыгъэхэрщ».

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: