Адыгэ пщащэм и сурэт лъапсейр

20-нэ лIэщIыгъуэм нэхъ ин дыдэу яухуауэ щыта «Титаник» британ кхъухь абрагъуэр япэ дыдэу псым щытехьам зэрыщIилъэфам дыщыгъуазэщ. Ар къыщыхъуар 1912 гъэм мэлыжьыхьым и 14-15-хэрщ. А насыпыншагъэм хэкIуэдауэ щытащ цIыху 1496-рэ, 712-р къелащ. Ауэ куэдым ящIэркъым гъуазджэм епха хьэпшып нэхъ лъапIэ дыдэу а кхъухьым илъа «ЗызыгъэпскI адыгэ пщащэ» жыхуиIэ сурэтым и хъыбар.

Франджы сурэтыщI Блондель Мэрри Жозеф и IэдакъэщIэкI телъыджэр псым щIилъэфами, абы тращIыкIыжа копие къэнащ, ауэ нобэкIэ ар дэнэ щыIэми зыми ищIэркъым. А сурэтыр япэ дыдэ щагъэлъэгъуауэ щытащ Луврым, 1814 гъэм. Блондель неоклассицизмым телажьэрт, тхыдэм епха сурэтхэрат ищIыр икIи «зызыгъэпскIыр» щитхам цIэи щхьэи иIэу художник гъуэзэджэт.

19-нэ лIэщIыгъуэм псэуа сурэтыщIхэр щIыпIэ жыжьэ гуэрым щыпсэу адыгэ лъэпкъым теухуауэ хъыбар пытхъахуэхэр зэхаха мыхъуу, адыгэ щIыналъэми абы щыпсэу лъэпкъми фIыуэ щыгъуазэу, адыгэлIхэм нэхъ хъыжьэрэ нэхъ хахуэрэ щымыIэу, адыгэ бзылъхугъэхэр дахагъэм и щапхъэу къалъытэу щытащ. Уеблэмэ 18-нэ лIэщIыгъуэм и кIэм къыдагъэкIыу щIадза сэхусэплъхэр щагъэлъагъуэкIэ, къыхагъэщырт «адыгэ бзылъхугъэхэм я щэхухэр къагъэсэбэпурэ», напэщыхуэхэр, Iупэлэхэр, нэ зэрыщIащ, набдзэ зэралэ пкъыгъуэхэр «зэрызэхалъхьар». Адыгэ пщащэхэм нэхъ цIыхубз дахэ дунейм темыту, ахэр дахагъэм и пщалъэу къалъытэрт а зэманым.

АтIэ, «Титаникым» илъа сурэт нэхъ лъапIэ дыдэм зыри имыхъыбару къекIуэкIащ хьэрычэтыщIэ Бьернстрем-Штеффансон Мауриц и хьэпшыпхэм хэлъу кхъухьым къыщагъуэтыху. Сурэтыр европэм ирашауэ, Америкэм яшэу арат.  А жэщым къела цIыху 712-м яхэтащ Бьернстрем-Штеффансонри икIи 1913 гъэм «Титаникыр» щаухуа «White Star Line» компаниер судым иритащ, сурэт фIэкIуэдам и уасэр яригъэпшыныжыну. «ЗызыгъэпскI адыгэ пщащэм» папщIэ ар хуейт доллар мини 100 (нобэрей ахъшэмкIэ ар доллар мелуани 2,6-рэ мэхъу). Мис а Iуэхугъуэращ адыгэ бзылъхугъэм и сурэтыр апхуэдизу лъапIэ зыщIар. ЗэрыжаIэмкIи, хьэрычэтыщIэм иратыжащ къахуигъэлъэгъуа ахъшэр: сурэтым апхуэдиз дыдэ и уасэу, гъуазджэм хэщIыныгъэшхуэ игъуэтауэ къалъытат.

Фырэ Анфисэ.

Поделиться: