1708 гъэм дыIэбэжмэ

Ди IуэрыIуатэми тхыдэми къызэрыхэщыжщи, адыгэр зауэ-банэ, гугъуехь куэдым къыпхрыкIащ. Тэтэрхэр, нэгъуейхэр, кърымыдзэхэр, нэгъуэщIхэри увыIэгъуэ ямыIэу адыгэхэм къатеуэрт, яхъунщIэрт, цIыхукIи мылъкукIи хэщIыныгъэшхуэ къыхуахьу. Къэбгъэлъагъуэмэ, тхыдэм увыпIэшхуэ щиIыгъщ I708 гъэм екIуэкIа Къэбэрдей-Кърым зауэм. 

ЦIыхубэм ар нэхъ зэрацIыхур Къэнжал зауэущ. Мыбы теухуауэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкIащ, къэхутэныгъэхэри щыIэщ, уеблэмэ сурэтыщI КIыщ Мухьэдин и зы лэжьыгъэ триухуащ а зауэм. «Къэнжал зауэ» фIэщыгъэ иIэу абы ищIа сурэт-фэеплъыр зи гугъу тщIы текIуэныгъэр лъэпкъым къызэризэурэ илъэс 300 щрикъум утыку кърихьауэ щытащ. 
Тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Къущхьэбий Анзоррэ а щIэныгъэхэмкIэ кандидат Накуэ Феликсри «Къэбэрдей-Кърым зауэ (1708 гъэ)» зыфIаща фильмыр илъэситIкIэ зэлэжьа лэжьыгъэт. Фигу къэдгъэкIцыжынщи, абы елэжьащ нэгъуэщI зы гупыфIи: режиссерыр Абыдэ Динэщ, операторыр Щоджэн Евгенийщ, макъамэ щIэзылъхьар Увыж Анзорщ, тхыгъэм къеджар Битокъу Неллищ, компьютер лэжьыгъэхэр зыгъэзэщIар Зыченкэ Татьянэрэ Елей Миланэрэщ. 
- 1708 гъэм къэхъуа Iуэхугъуэхэр къызэрыгуэкIтэкъым - Кърым хъаныдзэмрэ Къэбэрдеймрэ я зэпэщIэувэныгъэ гуащIэт. Къыхэгъэщыпхъэщ а зэманым Кърымыр Уэсмэн империем хыхьэу зэрыщытар. Ар къэтлъытэрэ, «Уэсмэн империемрэ Къэбэрдеймрэ я зауэ» жытIэмэ, нэхъ пэж хъунуи къыщIэкIынщ. ЗэрытщIэщи, зауэр Уэсмэн империем и сулътIан Ахъмэт III и унафэкIэ яублат. Къэбэрдеипщхэми, зэгурымыIуэныгъэ яку дэлъхэр лъэныкъуэ ирагъэзри, зы къарууэ къэуват, - жеIэ Къущхьэбий Анзор.
…XVIII лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Уэсмэн империем мурад быдэ ищIат Кавказ Ищхъэрэр зэрыщыту къизэуну. Псом хуэмыдэу ерыщт 1707 гъэм Кърымым и тет хъуа Къаплъэн-Джэрий. А гъэ дыдэм абы и лIыкIуэхэр Къэбэрдейм къигъэкIуэгъат мини 2-м нэблагъэ гъэр къратыныр и унафэу. Абы и щхьэусыгъуэу кърым хъаным къигъэлъагъуэр зыт: 1699 гъэм абы и къуэхэм ящыщ зы яукIауэ щытати, лъы уасэу иригъэпшыныжыну арат. Адыгэхэм зэрахабзэщи, япэ щIыкIэ кърымхэм хьэщIагъэ ирахащ. Ауэ кърымыдзэм иригъэлей щыхъум (хъунщIэу, залымыгъэ зэрахьэу) къэбэрдеипщ ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ пщыхэмрэ уэркъхэмрэ зэхуишэсри, унафэ ящIащ е лIэн, е лIын щIыжаIа щытыкIэм хуэдэм къызэрикIыну щIыкIэм теухуауэ. Зы жэщым и кIуэцIым бийр зэтраукIащ. А Iуэхугъуэрщ Къэбэрдей-Кърым зауэр къэхъуным щхьэусыгъуэ хуэхъуар. Къаплъэн-Джэрий къэхъуар Уэсмэн империем и сулътIан Ахъмэт III деж нигъэсри, зауэ иублэну хуит къищIыну елъэIуащ. Ахъмэт III арэзы зэрыхъум и щыхьэту, ахъшэрэ саугъэтхэмрэ абы къыхуригъэхьат.
Къэхутэныгъэ зыбжанэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, уэсмэн-кърымыдзэр и бжыгъэкIэ мин 40 - 60-м къыщыщIэдзауэ мин 80 - 100-м нэблагъэ хъурт. Ар икъукIэ къаруушхуэт, арщхьэкIэ къэбэрдейхэр абыхэм зэрефIэкIын щыIэт: яшхэм губгъуи, мэзи, бгы щIыпIи я зэхуэдэу къыщакIухьт, Iэщэ-фащэкIэ зауэлIхэр зэщIэузэдат, псом я нэхъыщхьэжрати, щIыпIэр фIы дыдэу зэрацIыхур къагъэсэбэпыфынут. Ахэри нэгъуэщI Iэмал гуэрхэри къагъэсэбэпурэ зауэ гуащIэм адыгэм текIуэныгъэр къыщихьащ. Къыхэгъэщыпхъэщ хэщIыныгъэшхуэ зыгъуэта кърымхъаныдзэм 1720 гъэ пщIондэ зыкъызэримыгъэхъеяр. ИужькIэ, Къэбэрдейм дапщэрэ къытеуами, 1720, 1729, 1731, 1739 гъэхэм, ар ди дзэм хигъэщIащ.
ХьэтIохъущокъуэ Ищхъэрэ къуажэм и гупэмкIэ ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ и IуащхьэкIэ зэджэр щытщ, апхуэдэуи абы и къуэм и къуэжым и сынри жылэм дэтщ. Зы гъэ Налшык къалэм Лениным и уэрамымрэ Осетинскэмрэ я зэхэкIыпIэм и ижьырабгъукIэ иIэ щIыIэнэщIым мывэ щагъэтIылъри, ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ и фэеплъыр здэщыIэнур ирырагъэбелджылауэ щытат. Уеблэмэ скульптор цIэрыIуэ СэвкIуий Хьэмид ищIауэ щыIэщ абы и фэеплъыр, ауэ Iуэхур и кIэм нагъэсакъым. 
Ди тхыдэр апхуэдизкIэ купщIафIэщи, пэжыр жыпIэмэ, фэеплъ зыхуэбгъэув хъунрэ фильм зытепхынрэ ди куэдщ. 

 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: