Пащтыхь гуащэм и хъыбар

Тхыдэм къызэрыхэщымкIэ, Къэбэрдей пщышхуэ Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ япэ дыдэу Мэзкуу щыкIуар 1561 гъэрщ, мэкъуауэгъуэм и 15-рщ, тхьэмахуэ махуэу. Зытета гъуэгуанэ кIыхьым цIыхубзым и къарур щIихат, иригъэзэшати, Урысеижьым и къалащхьэм къыщысам гукъыдэж зыхуиIэ щыIэжтэкъым. Гуащэнэрэ абы щIыгъу и Iыхьлыхэмрэ Кремлым пэмыжыжьэу щыпсэу Вишняковхэ яхуеблэгъащ.
Махуэ зыбжанэ дэкIа нэужь, Грозный Иван унафэ ещI шэрджэсыпщым ипхъу Гуащэнэ Кремлым къашэну. Нысаплъэр щекIуэкIар пащтыхьым езым и хэщIапIэрщ. Абы и пэ къихуэу Грознэм адыгэ пщащэр зэи илъэгъуатэкъым.
… Василий и къуэ Иван набдзэгубдзаплъэу куэдрэ зэпиплъыхьащ хъыджэбзыр. Гуащэнэ абы и пащхьэм итт, дыщэпскIэ хэдыкIа адыгэ фащэ екIу щыгъыу, и нэкIур шылэхъаркIэ щIэхъумарэ зэзэмызэ пащтыхьым къыхукъуэплъу. Пащтыхьым игу ирихьащ шэрджэсыпщым и пхъур… 
Бадзэуэгъуэм и 6-м Благовещенскэ члисэм и протопопым абы къекIуэлIахэм хъыбар яригъэщIащ Гуащэнэ чыристан диным ирагъэхьэну зэрагъэхьэзырымкIэ. А махуэ дыдэм пащтыхьым ар и къэшэну къигъэлъэгъуащ. 
Апхуэдэ тхыдэ лъабжьэ зиIэ Iуэхур АР, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ и художественнэ тхыгъэм къызэрыщигъэлъэгъуэжар гъэщIэгъуэнщ. 
«1561 гъэр екIуэкIырт. Гъэмахуэ мазэм и пщэдджыжьыпэ дахэт. Ялъагъур зэрагъэщIэгъуэнур ямыщIэу, мэзкуудэсхэр бжьэ къэпщIам хуэдэу зэщIэвууэрт. Апхуэдэу къалэдэсхэр зыгъэпIейтеяр дарийкIэ гъэдэха гуимэкIэ урыс пащтыхьым хуашэ Гуащэнэт. Адыгэпщ Темрыкъуэ ипхъу дахэрат.
Гуимэр Соборнэ утыкум къыщыувыIащ. ИгъащIэм Мэзкуу къыдэмыхьа бгырысхэм ялъагъухэр зэрагъэщIэгъуэнур ящIэркъым. Псори зэпаплъыхьри, хьэщIэхэр утыкум итщ. И нэр тенауэ абыхэм къеплъу щхьэгъубжэм къыкIэрытщ езы урыс пащтыхьри - итхьэкъуауэ зэплъыр апхуэдизкIэ фIэгъэщIэгъуэнщи, абы нэгъуэщI илъагъуи зэхихи щыIэжкъым. Урыс пащтыхьым и унафэкIэ Гуащэнэ щIашащ пащтыхь гуащэ пэшымкIэ.
Махуищ дэкIауэ, пащтыхь Иван и къуэшри щIыгъуу, щIохьэ Гуащэнэ и пэшым. «ЩхьэгъубжэмкIэ сыныдэплъу узэрыслъэгъуам нэхърэ унэхъ дахэжщ, - нэкIэ ешх абы бзылъхугъэ тхьэIухудыр. Еплъ пэтми, зыщигъэнщIыркъым. Нэмысрэ акъылрэ зыхэлъу ягъэса пщащэ укIытэхым и щхьэр къыхуэIэтыркъым. ХьэкIэкхъуэкIэм къагъэщта бжьом хуэдэу, и Iэпкълъэпкъ псор мэкIэзыз. ИтIанэ псэ хэмытыж щIыкIэу мэж. И нэхэри къэувыIауэ къыпщыхъунщ. УкIытэ зиIэ бзылъхугъэм и дахагъэр тIуащIэ мэхъу зэрыжаIэр абы и деж щынэрылъагъущ.
Дахэщ. Егъэлеяуэ дахэщ. И къабзагъэр-щэ! Гъатхэ пщэдджыжь гуакIуэм ещхьщ, - йогупсыс щауэ Иван. Абы сыт хуэдэ пащтыхь гуащэ къыхэкIыну! Ар ди къэралыгъуэшхуэм и пащтыхь гуащэ хъун папщIэ, сэри слъэкI къэзгъэнэнкъым…»
Гуащэнэ и нэбжьыцыр пцIащхъуэ дамэу холъэт. И щхьэри зэрехьэхащ. Езыр гупсысэм кърахьэкI: «Гъуни нэзи зимыIэу жыхуаIэ къэралым и пащтыхьыр мыращ. Ныбжьышхуи иIэ хуэдэкъым. Къудэдокъуэ нэхърэ нэхъыжьыну къыщIэкIынкъым… Ди тхьэ, гуэныхь къысщумыщI мыпхуэдэ цIыхушхуэр къыслъыхъурэ пэткIэ, Къудэдокъуэ сигу къызэрызгъэкIыххар… Тобэ, тобэ, уэ сыпшэрэ пащтыхь гуащэ сыхъумэ… Абы щыгъуи си адэ-анэр згъэукIытэнкъым. Уэри укIытэгъуэ уизгъэхуэнкъым. Къабзэлъабзэу сыпхущытынщ. Си напэр зытесхыжынкъым… Пэжщ, уэ птеухуауэ хъыбар Iэджи зэрахьэ. УткIийуэ, угущIэгъуншэу жаIэ. Ауэ, щхьэгъусэ сыпхуэхъумэ, сэ нэхъ гу щаби, нэхъ гущIэгъулыи усщIынщ. Ди тхьэ, уи гущIэгъум сыхыумын, уи губжьыр къыслъумыгъэс, ауэ, сощIэ, мыбы и щхьэгъусэ сыхъумэ, си динри схъуэжын хуей хъунущ. Узэрызакъуэри, дунейри, цIыхуу хъуари къызэрыбгъэщIари пэжщ. Псоми хуитыр уэращи, уи гущIэгъур къыслъыгъэс. Сыкъэхъумэ. Сыщомыгъауэ…».
Пащтыхьым а пщыхьэщхьэ дыдэм зыхуегъазэ Гуащэнэ и дэлъху Думэныкъуэ. 
- Уи шыпхъум хуэфащэу сыкъэплъытэмэ, ар щхьэгъусэ сщIынут, Думэныкъуэ, - зэпIэзэрыту кърегъажьэ пащтыхьым. Думэныкъуи, хабзэ хэлъу, зэрыцIыху гъэсар къигъэлъагъуэу, къопсалъэ: 
- Ди пащтыхьышхуэ, Гуащэнэ щхьэгъусэ пщIымэ, абыкIэ зи пщIэр пIэтыр си шыпхъум и зыкъуэкъым - адыгэу хъуам, ди хэку псом ялъысынущ а щIыхьышхуэр.
- Аращ-тIэ, Думэныкъуэ, дэ благъагъкIэ дызэбгъэдоувэри, ди лъэпкъхэри къэралыгъуэкIэ зэблагъэ, зэпыщIа мэхъу. А псоми фIы къытхудэкIуэнущ: нэхъ лъэщи дыхъунурэ ди лъэри нэхъ быдэу увынущ.
Мыбдеж жыIапхъэщ, пащтыхьыр адыгэлIхэм щеплъам игу къэкIыжа Ливон зауэр. Адыгэхэм абы щызэрахьа лIыгъэм теухуауэ и зауэлIхэм къыжраIа хъыбархэм йогупсысыж. «АпхуэдэлIхэр си гъусэмэ, полякхэми, кърымхэми, тэтэрхэми я ней къысщыхуэ!.. ИщхъэрэкIэ тыншу, бэIутIэIуншэу ущыпсэуну пфIэфIмэ, ипщэкIэ плъэн, абыкIэ зыщыбгъэбыдэн хуейщ. Ауэрэ, куэдрэ, къуэкIыпIэмкIэ дынэсынщи… АбыкIэ зыкъытщIэбгъэкъуэну сынолъэIу, ди тхьэ, - жери кIыхьу йолъэIу ар. Тхьэм жиIэмэ, абыхэмрэ дэрэ благъагъэкIи зэпыщIа дыхъунщи… Абы сэбэпынагъи кърикIуэнщ… Си къэралымкIи. ЛъэныкъуитIымкIи… ИтIанэ хуеиху я щхьэм щIретIэхъуэж инджылызхэри абыхэм я IупэфIэгъухэри…». 
Думэныкъуэрэ пащтыхьымрэ щызэпсэлъа пщыхьэщхьэ дыдэм Мэзкуу и уэрамхэми и унэхэми хъыбарышхуэ щоIу: « Урысейм и пащтыхьышхуэм фыз къешэ. Къишэр шэрджэсым ящыщщ. Къэбэрдеипщ Темрыкъуэ ипхъущ».
Абы едгъэпщэнщ урысей тхакIуэ икIи тхыдэтх Карамзин Николай урыс пащтыхьым Марие зэришауэ щытам теухуа и тхыгъэм хэт псалъэхэр: «Абы къыжраIат пщы ин Темрыкъуэ пхъу дахэ дыдэ зэриIэр. Пащтыхьым унафэ ищIащ ар Мэзкуу къашэну, занщIэу фIыуэ илъэгъуащ, икIи яжриIащ абы хабзэр ирагъэщIэну». Академик Соловьёв Сергей мыпхуэдэу етх: «…Дэ долъагъу Иоан и щхьэгъусэ Анастасие дунейм ехыжа нэужькIэ, абы къуэкIыпIэмкIэ зэригъэзар, икIи 1561 гъэм Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ, иужькIэ Марие чыристан цIэр зыфIащар къызэришар». Толстой Алексей и «Иван Грозный» повестым зы Iыхьэ щахухэхащ урыс пащтыхьымрэ Гуащэнэрэ. Абы къыщыхощ шэрджэс цIыхубзым и губзыгъагъыр, Iущагъыр, къэрал Iуэхухэм ар зэрыщыгъуазэр, икIи Грознэм ар щхьэгъусэ екIу зэрыхуэхъунур, пащтыхь нэс къызэрыхэкIынур.
МэшбащIэм зэритхыжамкIэ, Марие и гур и хэкумкIэ щыIэу, и адэ-анэм деж лъагъунлъагъу кIуэжыным махуитI иIэу 1569 гъэм фокIадэм и I-м дунейм ехыжащ.
Марие теухуауэ Урысейм щызэхалъхьащ уэрэд, хъыбар куэд. Абыхэм къахощ Марие и дахагъри, ар Темрыкъуэ зэрипхъури, Мамсрыкъуэ зэришыпхъури, Кавказ жыжьэм зэрыщыщри, чыристан диным зэрихьари, Мэзкуу зэригъэлъэпIари. 

 

 

Зыгъэхьэзырар Дохъушокъуэ Синэщ.
Поделиться:

Читать также: