Псэуныгъэм и лъабжьэр

Зи гугъу фхуэтщIыну лIыхъужьыр къытхэтыжкъым. ЗэкъуэшитIрэ зэшыпхъуищрэ хъу мэкъумэшыщIэ унагъуэм къыхэкIат КIэрашэ Хьэжпагуэ Мурид и къуэр. Зи адэр пасэу зыфIэкIуэда бынунагъуэшхуэм я гуащIэр я гъащIэу къэтэджырт. Даухъан быным я нэхъыжьт, абы Хьэзритрэ Хьэтхъанрэ якIэлъыкIуэрт, Хьэжпагуэ еплIанэ бынт, я шыпхъу нэхъыщIэ дыдэр Лиуэзат. Дэтхэнэ къуажэдэсми хуэдэу, абыхэм щIы зэрахьэу, Iэщ зэрахуэу псэурт. IэщIыб ящIыртэкъым еджэнри. 

Хьэжпагуэ и хъэтI дахэр, къабзэу тхэуэ зэрыщытар, уеблэмэ ноби къыщIэхъуа и быным ящIэж. Хьэжпагуэ курыт еджапIэм и классиблыр къиухат, щIэныгъэм и гур хузэIухати, нэхъыбэжи зригъэхъулIэнкIи хъунт, зауэр гъуэжькуийуэ къыкъуэмыуамэ. 
1942 гъэм бийр Кавказым пэгъунэгъу дыдэ къэхъуат. Арати, зи ныбжьыр илъэс 18 ирикъуа КIэрашэ Хьэжпагуэ, адрей щIалэ хахуэхэми хуэдэу, зауэм дэкIащ. Ар занщIэу 211-нэ фочауэ полкым хагъэхьащ икIи зы мазэ хуэдэкIэ ягъэса рядовой КIэрашэр топгъауэ мэхъу. Япэу бийм щыпэщIэувар Краснодар щIыналъэм хыхьэ Усть-Лабинск дежщ. Илъэс дэкIауэ, а щIыпIэ дыдэр щхьэхуит къыщащIыжми Хьэжпагуэ лIыгъэ къигъэлъэгъуащ, 85-нэ гвардие фочауэ дзэм хэту. 
1943 гъэм и жэпуэгъуэм ар уIэгъэ хъуащ. МазитIым и кIуэцIкIэ и узыншагъэр зэфIигъэувэжа нэужь, зауэлIыр 189-нэ фочауэ полкым хыхьащ, итIанэ 431-нэ батальон щхьэхуэм ираджащ. Иужьрейм хэту 1945 гъэм и гъатхэпэ пщIондэ ар зэрыпхъуакIуэхэм япэщIэтащ. А гъатхэпэм щегъэжьауэ Хэку зауэшхуэр иухыхункIэ Хьэжпагуэ топгъауэ Iэзэу 149-нэ, иужькIэ 244-нэ гвардие фочауэ гупхэм хэтащ. 
КIэрашэ Хьэжпагуэ и зауэ гъуэгуанэм щытепсэлъыхьыж тхылъхэм къахощ абы щIы, губгъуэ, псы мымащIэ зэрызэпичар. Усть-Лабинскым къыщыщIэдзауэ Берлин нэс дэлъ гъуэгуанэ икIуащ абы. Хьэжпагуэ яхэтащ Белоруссиер, Польшэр, абы и щыхьэр Варшавэ щхьэхуит къэзыщIыжахэм. Апхуэдэуи Одер псым зэпрыкIащ. И лIыгъэм папщIэ КIэрашэм къыхуагъэфэщащ Хэку зауэ орденым и етIуанэ нагъыщэр, «ЗауэлIым и щIыхь» орденым и ещанэ нагъыщэр, «Берлин къызэращтам папщIэ», «Германием зэрытекIуам папщIэ» медалхэр. 
Зауэм къикIыжа Хьэжпагуэ зигъэпсэхунуи хущIыхьакъым. ЯпэщIыкIэ КIэрашэр «Гъубжэрэ Уадэрэ» колхозым хэтащ, итIанэ «Курп» совхозым щылэжьащ. Жылэдэс нэхъыжьхэм зэрыжаIэжымкIэ, Хьэжпагуэ и лэжьыгъэ къалэным къыдэкIуэу, унагъуэ нэхъ хуэмыщIахэм, зи адэ зыщхьэщымытыж бынунэхэм хузэфIэкIымкIэ защIигъэкъуащ: ар гъавэ ирехъу, пхъэщхьэмыщхьэу щрырет. Пхъэщхьэмыщхьэ хадэр абы езым иIэт, и псэм щыщ хуэдэу, егугъуу зэрихьэу. МыIэрысэ, кхъужьIэрысэ, пхъэгулъ –пхъэщхьэмыщхьэ лIэужьыгъуэ куэд кърихьэлIэжырт. 
КIэрашэм унагъуэ щищIар 1948 гъэрщ. Абы щхьэгъусэ хуэхъуат гъунэгъу къуажэм, Курп Ипщэм, щыщ Срыхъу Бабыцэ. Пэжыгъэрэ хабзэкIэ зэгурыIуэу зэбгъэдэта зэщхьэгъусэхэм быних зэдапIащ (Рае, Лиуан, Венерэ, Наталье, Аня, Жаннэ сымэ). 
Быным я нэхъыжь Рае игу къегъэкIыж: «Зауэ нэужьыр, дауи, гугъут, хьэлъэт, щIэрыщIэу гъащIэр зэтеублэжын хуейт. ЩIэныгъэрылажьэ Iэзэ куэд а зэманым ди цIыхубэм къахэкIыну щытами, зэрыпсэуным нэхъ егупсысын хуей хъуат. Нэхъыжьхэм ящIэж псэуныгъэм теухуауэ колхоз-совхозхэм а зэманым мыхьэнэуэ яIар. ИтIани, ди адэм и гур щIэныгъэм хуэкъабзэти, емрэ фIымрэ зэхэтщIыкIыу быныр дызэрыхъуу, ди тхьэкIумэм зэи иригъэкIакъым еджэным сэбэпу пылъымрэ хабзэм тетын зэрыхуеймрэ. «Феджэ. ЩIэныгъэр акъылыфIагъым и нэщэнэщ. ИпэкIэ укIуэтэн щхьэкIэ абы Iэмал имыIэу ухуейщ», - жиIэрт абы зэпымыууэ. Езыр икъукIэ гурыхуэт, куэдым ухуиущиифырт, и гупсысэр занщIэу хуэкIуэрт Iуэхур зэрыщытын хуейм. НэгъуэщI зы хьэлыфIми абы дыхуигъэсащ: ар зи гуащIэкIэ лэжьэж цIыхум гъэпцIагъэкIэ лей епх зэрымыхъунурщ». 
Адыгэ унагъуэ дахэм нэхъ хъуэпсэгъуэ щыIэу къыщIэкIынкъым. Гугъуехьи гузэвэгъуи зэгуэр ухэхуэнкIэ хъунщ, ауэ сытым дежи и напэр къабзэу, и щIыхьыр лъагэу абы къыхэкIыф унагъуэрщ фIыщIэр зыхуэфащэр. 
ГъащIэм цIыхур игъэунэхуу аращ сэ къызэрызгурыIуэр, а гупсысэм ухуокIуэ унагъуэ щхьэхуэ гуэрхэм я дунейм щыгъуазэ зыщыпщIкIэ. КIэрашэ Хьэжпагуэ лъэкIащ езыр зытета гъуэгу захуэм и унагъуэр тришэну. 

 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: