ТхылъымпIэхэм «жаIэ»

Лъэпкъ жыгыр зэфIэбгъэувэжыным нэхъ гугъу дыдэу хэлъыр абы и щIэдзапIэр къэгъуэтынырщ. Къардэнхэ къатщтэмэ, ар Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъ нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ. Абыхэм ущрихьэлIэнущ Адыгэ, Осетие Ищхъэрэ - Алание, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэми хамэ къэрал зыбжанэми.
Къардэнхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэ, жылагъуэ 59-м дэсщ. УнэцIэр зезыхьэхэм ящыщ языныкъуэхэм жаIэу зэхыбох ахэр псори благъагъэкIэ зэбгъэдэмыхьэу, арщхьэкIэ ар пэжкъым икIи сэбэп хъунт абыхэм архив дэфтэрхэм, лъэпкъыр къызыхэкIар къэзыгъэлъагъуэ тхылъымпIэхэм зыщагъэгъуэзамэ.
Зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым Къардэнхэ икъукIэ цIэрыIуэ хъуа куэд къазэрыхэкIари.
Абыхэм ящыщщ Къардэн Хьэсэн Екъуб и къуэр – япэ адыгэ композиторыр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и гимныр зэхэзылъхьар. Апхуэдэщ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа модельер Къардэн Пьер, Совет Армэм и полковник, Лениным и орденымрэ Бэракъ Плъыжь ордених зыхуагъэфэща, Хэку зауэ орденым и япэ нагъыщэр, Вагъуэ Плъыжь орденитIрэ медалхэмрэ зрата Шемякин (Къардэн) Михаил, абы и къуэ, сурэтыщI, Къэрал саугъэт куэд зыхуагъэфэща Къардэн Михаил, генерал-майор Къардэн Къубатий, Совет Союзым и ЛIыхъужьхэу Къардэн Мурат, Къардэн Къэбард, Къардэн Уэхьид сымэ, Абхъазым и ЛIыхъужь Къардэн Генэ, I960 гъэхэм республикэм щэнхабзэмкIэ и министру щыта Къардэн Башир, Къэрэшей-Шэрджэсым и Правительствэм и УнафэщIу щытахэу Къардэнхэ Аскэррэ Аликрэ, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Къардэн ХьэкIуцэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артистхэу Къардэн Лъостэнбийрэ Къардэн Iэбузедрэ, республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и министру щыта Къардэн Ахьмэд, экономикэ, юридическэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Къардэн Валерий, Олимп чемпион, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат, «Советская молодежь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэмэд, дунейпсо чемпионхэу Къардэн Анзор, Къардэн Антимир, Европэм и чемпионкэ Къардэн Рагнетэ, РСФСР-м щIыхь зиIэ и тренерхэу Къардэн Анзор, Къардэн Хьэсэн, нэгъуэщI куэди.
Тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Къардэн Хьэдис я лъэпкъым теухуа хъыбар гъэщIэгъуэнхэр къыщIегъэщ:
Щолэхъупщым и лIыкIуэ Къардэн
- УФ-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм и архив нэхъыщхьэм (Москва) «Адыгэхэм I559 - I748 гъэхэм ирагъэкIуэкIа Iуэхухэр» и гъэтIылъыгъэхэм хэлъщ пщы Къардэныкъуэ Василий теухуа дэфтэрхэр. Абы и IуэхущIафэхэм теухуахэр къыщыбгъуэтынущ Къудащ В. Н. I9I3 гъэм къыдигъэкIа «Исторические сведения о кабардинском народе» тхылъми.
Къэбэрдеипщ, дипломат Къардэныкъуэ Василий теухуауэ абыхэм къыщыхьар мыращ:
«Къэбгъэлъагъуэмэ, Годунов Борис тетыгъуэр къыщылъысам, адыгэ лъэпкъымрэ Урысеймрэ я зэхущытыкIэм зэрызихъуэжа щыIэтэкъым.
Къэралым щекIуэкI зэщIэхъееныгъэр (смутное время) Къэбэрдейми щызыхащIэрт. Урыс цIыхубэм пщыуэ къалъытэнур ямыщIэу, пщы нэпцIхэм тхьэрыIуэ хуащIырт. АтIэ Москва пэIэщIэ щIыналъэхэм щыпсэухэм, псалъэм папщIэ, адыгэхэм, нэгъуэщI я Iэмалт?
Япэу зызыгъэIуа Лжедмитрий и деж, и пщыгъуэмкIэ ехъуэхъуну, адыгэхэм ягъэкIуауэ щытащ Сэнджэлейрэ Ботайрэ. Абы къигъэлъагъуэрт адыгэхэр Урысейм игъащIэкIи бгъэдэтыну тхьэ зэраIуам зэрыхуэпэжыр. Москварэ Къэбэрдеймрэ я зэхущытыкIэхэр гугъуми, къэбэрдеипщхэр щыхьэрым еблагъэрт, къулыкъу щащIэрт.
1589 гъэм Москва щыIащ Къардэныкъуэ Василийрэ Къамбулэтыкъуэ Борисрэ.
1609 гъэм къэбэрдеипщ нэхъыщхьэ Щолэхъум Шуйский Василий деж игъэкIуащ и лIыкIуэ пщы Къардэныр.
Москва здэкIуэм, Тулэ и Iэгъуэблагъэм нэсауэ, Къардэным къэзакъхэр къытеуэри къедыгъуащ, уеблэмэ Щолэхъум пщым хуигъэхь тхыгъэхэр къытрахащ. Къардэныр Тушинэ яшащ. Абы икIри, Калугэ нагъэсащ.
Лжедмитрий яукIа нэужь, Къардэныр щIыхьащ Ляпунов Прокопий деж, арщхьэкIэ и Iуэхум зыри къимыкIыу, ар Къэзан яхуащ. Абы I6I4 гъэ пщIондэ Къардэныр щыIащ.
Мыгувэу Щолэхъумрэ нэгъуэщI къэбэрдеипщхэмрэ тетыгъуэщIэр зылъыса урысыпщым тхьэрыIуэ хуащIа нэужь, Къардэным Москва игъэзэжри, пщы Михаил Федорович къыIущIэну щIэлъэIуащ. Апхуэдэу I6I4 гъэм пщым ар Дыщэ палатэм иригъэблагъэри, тыгъэшхуэхэр и Iэрылъу Къэбэрдейм къигъэкIуэжауэ щытащ.
1616 гъэм Къардэн Василий иригъэкIуэкIа къэрал Iуэхутхьэбзэхэм я фIыгъэкIэ Къэбэрдейм икIыурэ Москва мызэ-мытIэу кIуащ пщыхэу Къанболэт Къундет, Янглычев Сэнджэлей, Щоджэныкъуэ-мырзэ Бузулук. Сэнджэлей и гъусэт уэркъ 18, Къундетрэ Щоджэныкъуэмрэ пщIырыпщI. Къэбэрдеипщхэр зытекIухьа Iуэхур къызэрыгурагъэIуар мыпхуэдэут: «я адэшхуэхэр, я адэхэр, я къуэшхэмрэ адэ къуэшхэмрэ урысеипщхэм сыт щыгъуи къулыкъу хуащIащ, иджы зи чэзур езыхэрщ».
ТетыгъуэщIэр къэунэхуа нэужь, Къэбэрдеймрэ Москварэ нэхъ щIэх-щIэхыурэ зылъихьэ щыхъужар I6I3 гъэм щегъэжьауэ къыщIэкIынущ».
Яхъума дэфтэрхэм ятепщIыхьмэ, а зэман хьэлъэм къэралым и щыхьэрымрэ Къэбэрдеймрэ я зэпыщIэныгъэр зэрызэтраухуэжам дипломат Къардэн Василий и фIыщIэ куэд хэлъщ.
Дзэзешэ Къардэныкъуэ
Къардэныкъуэ жиIэмэ, зэрыгурыIуэгъуэщи, Къардэн и къуэ къикIыу аращ. ИщхьэкIэ зи гугъу щытщIа архив гъэтIылъыгъэхэм («Адыгэхэм I559 - I748 гъэхэм ирагъэкIуэкIа Iуэхухэр») къыхощ Черкасский Василий (Къардэныкъуэ Къазий-мырзэ) къэбэрдеипщхэм зэращыщыр. Ауэ щIэныгъэлI Къэзакъ Аслъэн къызэрихутамкIэ, Къазий-мырзэ абазэпщхэм къахэкIащ.
Ар Одоевэ 1589 гъэм щызэхэта пэщIэдзэ полкым и япэ дзэзешэт, I59I гъэм Тулэ щыIащ, I592 - I599 гъэхэми къулыкъу ищIащ. I599 гъэм къыщыщIэдзауэ Къардэныкъуэр лIакъуэлIэшхэм ящыщщ, I603-I605 гъэхэм Астраханрэ Смоленскрэ дзэзешэу щыIэщ.
Абы щхьэгъусэ ищIат Мстиславский Фёдор ипхъу Ольгэ. Бын зэдапIауэ архивхэм хэлъкъым, хуэбгъэфащэмэ, сабий яIауэ къыщIэкIынукъым.
НэгъуэщI Къардэныкъуэ Хьэжы-Уэсмэни (Ефэнды УэсмэнкIи еджэрт, къыщалъхуа гъэр хъума хъуакъым, дунейм ехыжащ I796 гъэм нэхърэ мынэхъ пасэу) и гугъу щещI дэфтэрым. Ар капитант, Къэбэрдей ЦIыкIум щыпсэуащ. Дэфтэрхэм къызэрыхэщымкIэ, I796 гъэм урысейм къулыкъу щищIащ. И унагъуэм теухуауэ зыми дыщыгъуазэкъым.
УнэцIэ куэдым я щIэдзапIэр къыщыбгъуэтынкIэ хъунущ къэрал зэхуэмыдэхэм я архивхэм - Къэбэрдейр Урысей къэралыгъуэм пыщIа щыхъуам къыщыщIэдзауэ (нэгъуэщIу жыпIэмэ, XVI- нэ лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм, япэ тхыбзэхэр къэунэхун щыщIадзам щегъэжьауэ) ухэплъэмэ. Си фIэщ мэхъу апхуэдэу Iуэхум дыбгъэдыхьэмэ, къэбэрдеипщхэми унагъуэцIэ куэдми ятеухуауэ нэхъ гъэщIэгъуэныжхэр къызэрытхуэхутэнур.
Къапщтэмэ, Урысейм къулыкъу щызыщIа адыгэхэм я хъыбархэр зыфIэхьэлэмэтхэм икъукIэ ягу дыхьэну къызолъытэ щIэныгъэлI Къэзакъ Аслъэн 2006 гъэм къыдигъэкIа «Адыги (черкесы) на русской военной службе. Воеводы и офицеры середины I6 - начала 20 вв.» и лэжьыгъэр.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: