Фридэ и дахэмрэ и Iеймрэ

 

Дуней псом щыцIэрыIуэ сурэтыщI зэчиифIэ, цIыхубз телъыджэ, коммунисткэ Кало Фридэ и узыншагъэм сэкъатышхуэ иIа щхьэкIэ, зэ къыIуплъа цIыхухъур хэщыкъ къыхуэхъурт. Фридэ и сурэтхэр музей нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм нобэ щахъумэ, щIэупщIэшхуи яIэщ. Сыт-тIэ, Кало и хъыбарым гъэщIэгъуэну хэлъыр?

Илъэс 18-м иту Фридэ нэщIэбжьэ шынагъуэ хэхуащ - ар зэрыса автобусыр трамвайм жьэхэуат. Пщащэм и тхымрэ и шхужьымрэ щIыпIэ зыбжанэм деж, и блэгумрэ дзажэхэмрэ къутат, и лъакъуэ ижьыр щIыпIэ 11-м щызэпиудат, и лъэ тхьэмпэр игъэщэщат. А псом къищынэмыщIауэ, Фридэ гъущI кIапсэ зыбжанэ и ныбэм хыхьат. Дохутырхэм пщащэр кърагъэлат, и къупщхьэ къутахэри зэпагъэувэжат, ауэ и Iэпкълъэпкъыр къеузу и гъащIэр ихьащ.

ГъэщIэгъуэнракъэ, Фридэ и Iэпкълъэпкъыр къеузыху, хуэмышэчыж узыр къыхэхъыжьэху, сурэт ищIырт. Псэугъуэ къезымытаращ Фридэ зыгъэпсэуари, зэрыжаIэмкIэ. Нэхъ гуащIэу узыр къыщыхьэху, и сурэтхэри нэхъ куу, нэхъ  дахэ хъурт. Фридэ сымаджэщым зэман куэд щихьащ, операцэ 32-рэ ишэчащ, апщIондэху щылъу сурэт ищIыфын хуэдэу, Iэмэпсымэ къыхузэрагъэпэщри, зэпымыууэ лэжьащ.

Кало "псэуну лIэрт". Коляскэм зэрисым хуэдэу, вальс къэфэну яужь итт, и лъакъуэр зыдэлъ гипсым хьэндырабгъуэхэр трищIыхьырт. "Ажалым сыщодыхьэшх, дахагъэу къысхэнар стримыхын щхьэкIэ", - жиIэрт абы.

1944 гъэм щIидзэри, и гурыгъузхэр зригъэз "дневникыр" илъэсипщIкIэ итхащ абы. НапэкIуэцIи 170-м иригъэзэгъа гуфIэгъуэмрэ гуIэгъуэмрэ сурэткIэ гъэщIэрэщIэжауэ къагъуэтыжри, иужькIэ тхылъу къыдагъэкIащ икIи а тхылъым щIэупщIэшхуэ иIэу, дуней псом щызэбграхауэ щытащ.

"Си гъащIэм нэщIэбжьитI слъэгъуащ: зыр - автобусыр трамвайм щыжьэхэуам, етIуанэр - Диего", - итхыжащ Фридэ. Диегор абы и щхьэгъусэрат. "Диего - щIэдзапIэщ, си бынщ, си ныбжьэгъущ, сурэтыщIщ, фIыуэ слъагъуращ, си щхьэгъусэщ, си анэщ, си адэщ, сэращ... Диего - дуней псощ". Фридэ щхьэкIэ зи гъащIэр зытыфыну хьэзыр щIалэ теплъафIэ къомым гу ялъитэххэртэкъым пщащэм, атIэ, езым нэхърэ илъэс 20-кIэ нэхъыжь, лIы Iув шынагъуэм телIэрт. Езы Диего апхуэдизкIэ щIасэ куэд иIэти, абыхэм я бжыгъэр езы дыдэм ищIэжыртэкъым. Фридэ псалъэ быдэ итат, Диего лъагъуныгъэ зыхуригъэщIу дэкIуэну, къуэ къыхуилъхуну. СурэтыщI набдзэIув шхужьыгуэм зэрыжиIам хуэдэуи, Диего фIыуэ къилъэгъуат, ишат, ауэ апхуэдизу зыщIэхъуэпса быныр хъуэпсапIэу къэнэжащ. Аварием щыгъуэ Фридэ и кIуэцIым хэуа гъущI кIапсэхэр зэран къыхуэхъуауэ къыщIэкIри, сабийр ныбэ ихъуэу, мазэ бжыгъэ дэкIмэ кIуэдыжурэ цIыхубзым и щхьэр щIихьат. Кало а псом егупсысурэ къэгубжьырей хъуащ, зишхыхьыжырт. ЦIыхубзым и нэщхъыр зэхэлъу щхьэгъусэм щилъагъукIэ, тригъэуну, едэхэщIэну иужь имыту, нэгъуэщIым деж кIуэрт. И щхьэгъусэм и щIыб къыхуигъэзэхукIэ, Фридэ нэхъ хьэлыншэж хъурт: тутын, фадэ ефэрт, хъуанэрт. Ауэ... Зэпымыууэ сурэт ищIырт, кIуэ пэтми и узыншагъэм кIэричырт.

1953 гъэм, Фридэ и япэ сурэт гъэлъэгъуэныгъэм дэIэпыкъуэгъу псынщIэ машинэкIэ ирашэлIауэ щытащ, и сурэтхэр зыфIэлъ пэшым каталкэкIэ щIашащ. Иужьрей зэманхэм сурэтыщIыр хьэлъэ дыдэт, хущхъуэхэр сэбэп хъужыххэртэкъым, и лъакъуэ лъэныкъуэри пахат. Ауэ Кало, зыри имылажьэм хуэдэу, гуфIэрт, и щхьэц фIыцIэ Iувым удз гъэгъа хэлът, и теплъэ дахэм къемызэгъыххэу тутын Iурылът.

Фридэ и тхьэмбылым щIыIэ хыхьэри, 1954 гъэм, июлым и 13-м дунейм ехыжащ. Зэрыкъэралу къекIуэлIат сурэтыщI Iэзэр щыщIалъхьэм. Абы щыIат Мексикэм и президент Карденас Ласаро.

Языныкъуэхэм Кало и сурэтхэр яфIэтелъыджэщ, яIэт, ягъэщIагъуэ. Языныкъуэхэми гущыкI хуаIэщ Фридэ и творчествэм. Ауэ а цIыхубзым лIыгъэ зэрыхэлъам, зэчий зэрыбгъэдэлъам,  телъыджэу зэрыщытам зыми шэч къытрихьэркъым.

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: