Лъэмыж телъыджэхэр

Да Винчи Леонардэ къигупсысауэ щытащ лъэмыж зэращI Iэмал, зы гъущI Iуни ухуэмейуэ, итIани быдэ дыдэу. Леонардэ и лъэмыж щIыкIэр къэбгъэсэбэпу ар тыншу зэпкърыплъэ мэхъу. Къапщтэмэ, Iэмалыр зэрыпэжыр зыгъэунэхуну хуейхэм мафIэдз е къэрэндащ 24-рэ къащтэу зэпкъралъхьэ хъунущ апхуэдэм и теплъэр.

Лъэмыжыр Леонардэ щищIын хуеят Истамбыл, Дыщэ Бжьакъуэм (Золотой Рог) зэпрыкIыу. Ар Тырку сулътIан Бэезыт II и лъэIукIэ къигупсысат. АрщхьэкIэ сулътIаныр лъэмыжым хуеижакъым. Зэман кIыхь дэкIауэ, да Винчи и лъэмыжым и теплъэр зэрыт сурэт къагъуэтыжауэ щытащ. Аркэшхуэу щIа лъэмыжыр, пцIащхъуэ абгъуэ зэраухуэ Iэмалым нэхъ ебгъэщхьынут. Абы и хэлъыпхъэ пкъыгъуэхэмкIэ лъэмыж щаухуащ Норвегием. Метри 100 зи кIыхьагъ лъэмыжыр автомобиль гъуэгум къыщхьэщоувэ. Ар зэпкъырыпх-зэпкърыплъхьэ хъу япэ лъэмыжщ.

ГъэщIэгъуэнщ Инджылызым щыIэ Миллениум лъэмыжыр. Абы тыншу зыкIэщIегъэкIыф хым тет кхъухьхэр. Адрейхэм хуэдэу лъэмыжыр зызыIэткъым, атIэ зыкъэзыгъэшщ. Хъурей ныкъуитI хуэдэу зэпытщи, зым лъэмыжым и къалэн дыдэр егъэзащIэ, етIуанэр абы и щIэгъэкъуэн папщIэщ. Тонн мин бжыгъэ зи хьэлъагъ лъэмыжым градус 45-кIэ зыкъегъэш, кхъухьхэр щыблигъэкIым деж. Зыкъигъэша нэужь туннель хуэдэу мэхъу. Лъэмыжыр къызэIуахауэ щытащ 2002 гъэм.

         Миллениум лъэмыжыр къызэIуахри, илъэситI дэкIа нэужь, Инджылызым иджыри зы лъэмыж щытралъхьащ зэпэщимэ Iыхьийуэ зэпкърылъу. Гидравликэм и Iэмалыр къэбгъэсэбэпу абы хъурей теплъэр иботыф. Лъэмыжыр зэкIэщIэхамэ, метр 12 и кIыхьагъщ.

 «Жьыбгъэрэ уэшхрэ». Аращ и фIэщыгъэр Китайм, Гуанси щIыналъэм, илъэси 100-м ипэкIэ щаухуа лъэмыжым. Абыи зы гъущI Iуни хэукIакъым, мывэмрэ пхъэмрэ къыхащIыкIащ. Лъэмыжым павильону тху, верандэу 19 хэтщ, езыр къатищ мэхъу. И лъагагъщ метр 64,4-рэ. Санцзян псым щхьэпрыкI лъэмыжыр 1916 гъэм яухуауэ щытащ.

Цзянсу щIыналъэм щыIэщ абдж лъэмыж абрагъуэ. Ар къызыхэщIыкIа абджым иIыгъыфщ хьэлъагъыу тонни 4,7-рэ. Абы минитIым щIигъу цIыху щызэблокIыф. Лъэмыжым и кIыхьагъщ метри 430-рэ. Ар зыщхьэщыт нэпкъым и лъагагъщ метри 300. ЦIыхухэр зэрытеувэу къачэ хуэдэу макъ ещIри, ар нэхъри шынагъуэ мэхъу.

Швейцарием, Люцерн къалэм, щыIэщ пасэрей лъэмыж телъыджэ, 1333 гъэм яухуауэ щытауэ. XVII лIэщIыгъуэм лъэмыжым и щхьэм щызэхуахьэс, щагъэлъагъуэ хъуат къэралыгъуэм и сурэтыщIхэм тхыдэр къызыхэщ я лэжьыгъэхэр. АрщхьэкIэ, зэгуэр мафIэс къэхъури, сурэтхэм щыщу къахуегъэлар 25-рэщ. Лъэмыжри щIэрыщIэу зэрагъэпэщыжын хуей хъуат.

Сингапур псым зэпрокI Хеликс лъэмыжыр. Лъэмыжым и теплъэр иджырейщ: ДНК молекулэм ещхьу яухуащ. Ар 2010 гъэм къызэIуахащ. Жэщым лъэмыжыр телъыджэу зэщIоблэ.

ГУГЪУЭТ Заремэ.

 

 

 

Поделиться:

Читать также: