ЛэжьакIуэ нэхъыфIхэм - гулъытэ

    Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант  Павлов  Василий  я лэжьыгъэм къыхэжаныкIа хабзэхъумэхэм къыхуагъэфэща дамыгъэхэр яритыжащ. Къэмылэнджэжу, хьэлэлу зэрылажьэм папщIэ абыхэм фIыщIэ яхуищIащ, адэкIи я  къулыкъум,    къапэщылъ къалэнхэр гъэзэщIэным ехъулIэныгъэхэр щаIэну зэригуапэр  жиIащ министрым.                

Я   лэжьыгъэм щызыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэм папщIэ  Урысей МВД-м «За доблесть в службе»  и медалрэ УФ-м  Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм и щIыхь тхылъхэмрэ  хуагъэфэщащ   КъБР-м щыIэ МВД-м  и «ЦХиСО» ФКУ-м, Iэпхъуэшапхъуэ IуэхухэмкIэ, Тыловой къызэгъэпэщыныгъэмкIэ управленэхэм, Финанс къызэгъэпэщыныгъэмкIэ центрым, Урысей МВД-м Аруан, Дзэлыкъуэ районхэм,  Прохладнэ    къалэм щиIэ    къудамэхэм я лэжьакIуэхэм.   

Урысей Федерацэм и МВД-м и унафэкIэ «полицэм и полковник» зи чэзу званиер хуагъэфэщащ  Урысей МВД-м Шэджэм районым  щиIэ къудамэм и унафэщI Хьэжнэгъуей Мурат, къэрал кIуэцI къулыкъум и полковник  хъуащ КъБР-м щыIэ  МВД-м   и Штабым и инспекцэм и инспектор нэхъыщхьэ  Къып Зауррэ  республикэ МВД-м и ИЦ-м и унафэщIым и къуэдзэ  Мэз  Маратрэ.     

Я къалэнхэр зэпэщу зэрагъэзащIэм икIи   Урысей МВД-м и плъыр-пост къулыкъур  къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ, КъБР-м щыIэ МВД-м и щIыхь тхылъхэр иратащ Урысей МВД-м Май, Iуащхьэмахуэ районхэм щиIэ къудамэхэм, Налшык къалэ УМВД-м я     ППСС-м я лэжьакIуэ къыхэжаныкIахэм. 

Урысей МВД-м Май районым  щиIэ къудамэм хъыбарегъащIэ  технологиемрэ хъыбархэр хъумэнымкIэ и гупым и инженер, къэрал кIуэцI къулыкъум и лейтенант нэхъыжь Линник Артем  «И IэщIагъэкIэ нэхъыфI» цIэм щыщIэбэна урысейпсо  зэпеуэм 3-нэ увыпIэр къыщихьащ.  И къалэнхэр и къару емыблэжу, хьэлэлу зэригъэзащIэм, и IэщIагъэм зэрыхуэхьэзырым папщIэ  абы иратащ КъБР-м щыIэ МВД-м и щIыхь тхылъыр.      

- Фи ехъулIэныгъэхэмрэ къэвлэжьа  дамыгъэ лъапIэхэмрэ  адэкIи  къахрехъуэ. Узыншагъэ быдэ, мамырыгъэ, гуапагъэрэ зэIузэпэщыгъэрэ дэтхэнэми фиIэну си гуапэщ, - къыхигъэщащ     министрым.

                                                                                     УАРДЭ   Жантинэ.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

                    

Поделиться: