Къэрал унафэщIым и жэрдэмкIэ

 ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ цIыхухэм егъэгъуэтыным пыщIа IэнатIэм бюджетыр и лъабжьэу, пщIэншэу студент нэхъыбэ  щегъэджэным  теухуа унафэ иджыблагъэ къыдэкIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхилъхьауэ щытащ ди къэралым и Президент Путин Владимир. Ар и тегъэщIапIэу  еджапIэ нэхъыщхьэхэм 2024 гъэм пщIэншэу щрагъэджэну студентхэм я бжыгъэм хагъэхъуэнущ. 

2023 гъэм  ирихьэлIэу къэралым и   еджапIэ нэхъыщхьэхэм  яIа  апхуэдэ Iэмалхэм етIанэгъэ, 2024 гъэм, аргуэру къахэхъуэнущ. Университетхэм, институтхэм, академиехэм пщIэншэу IэщIагъэ щызрагъэгъуэтыфынущ  курыт школхэр ехъулIэныгъэкIэ къэзыуха  ныбжьыщIэ  591967-м. Ар куэдкIэ нэхъыбэщ мы гъэм еджапIэ нэхъыщхьэхэм пщIэншэу щеджэхэм нэхърэ.  Бюджетыр и лъабжьэу щIэныгъэ зэзыгъэгъуэтыну Iэмал зиIэнухэм ятещIыхьауэ хагъахъуэ бжыгъэхэр Урысей Федерацэм хыхьэ щIыналъэхэм трагуэшэнущ, щхьэж зыхуэныкъуэ IэщIагъэлIхэм елъытауэ. А Iуэхугъуэм набдзэгубдзаплъэу елэжьащ  УФ-м ЩIэныгъэмрэ егъэджэныгъэ нэхъыщхьэмкIэ и министерствэм и IэщIагъэлIхэр. ЗэрытраухуамкIэ, ныбжьыщIэхэм пщIэншэу щIэныгъэ нэхъыщхьэ нэхъыбэу зрагъэгъуэтыфынущ инженер унэтIыныгъэм епха IэщIагъэхэмкIэ. Абы и фIыгъэкIэ щIыналъэхэм я  экономикэр ирикъуу къызэгъэпэща хъунущ ар зыхуэныкъуэ IэщIагъэлIхэмкIэ.

ПщIэншэу студентхэр апхуэдэу хуеджэфынущ «медицинэмрэ узыншагъэр хъумэнымрэ», «машинэхэр ухуэн», «информатикэмрэ къызэрабж техникэмрэ»,  «уэздыгъэ икIи хуабэ къэзыт энергетикэ», «биологие щIэныгъэхэр»,  «электроникэ, радиоэлектроникэмрэ зэпызыщIэ системэхэмрэ», «хъыбарегъащIэ шынагъуэншагъэ»,   «математикэмрэ естественнэ щIэныгъэхэмрэ», «мэкъумэшымрэ мэкъумэш щIэныгъэхэмрэ» унэтIыныгъэхэм епха IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым.

ЩэкIуэгъуэм и 1-м къыщыщIэдзауэ мазэкIэ УФ-м ЩIэныгъэмрэ егъэджэныгъэ нэхъыщхьэмкIэ и министерствэм зэхуихьэсынущ щIыналъэхэр зыхуэныкъуэ IэщIагъэхэм ятеухуа хъыбархэр. ИужькIэ, дыгъэгъазэм и 1-м,  щIыналъэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм хуагъэхьынущ пщIэншэу къащтэ хъунухэр къыщыгъэлъэгъуа дэфтэрхэр, унэтIыныгъэхэри иту. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, къэралым къыхыхьагъащIэ щIыналъэхэу Луганск ЦIыхубэ Республикэм, Донецк ЦIыхубэ Республикэм, Херсон, Запорожье областхэми апхуэдэ Iэмалхэр яIэнущ. 

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетми етIанэгъэ щыхэхъуэнущ бюджетыр и лъабжьэу IэщIагъэ зэзыгъэгъуэтыну студентхэм я бжыгъэм. Псори зэгъусэу къапщтэмэ, апхуэдэ Iэмалыр иджыпсту къагъэсэбэп студентрэ аспиранту 2445-м.  Абы къызэщIеубыдэ бакалавриатым, специалитетым, магистратурэм, аспирантурэм щIэныгъэ щызэзыгъэгъуэт, абы хэзыгъахъуэ щIалэгъуалэр.

 ТАМБИЙ Линэ. 

 

 

Поделиться: