И IэзагъэкIэ жылэр егъэдахэ

Зылъагъу псори ехъуапсэу мы махуэхэм интернет напэкIуэцIхэм къыщрахьэкI Налшык къалэм дэт, къат куэду зэтет зы унэм тращIыхьа сурэтыр. Арт-объектым и дахагъымрэ и мыхьэнэмрэ темыпсэлъыхьрэ мы сурэтхэр зыIэпызымыхрэ щыIэжкъым. Шэч хэмылъу дахэ хъуащ сурэтыр, ­нэхъыбэжу узыщыгуфIыкIыр сурэтыщIым абы ­щIилъхьа гупсысэращ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм я тхыдэр щIиджыкIыж хуэдэу, бгырыс лIыжьым тхылъ ­иIыгъщ адыгэ, балъкъэр ныпхэр и жинтым тету. АбыкIэ сурэтыщIым жиIэну зыхуеяр ди лъахэм лъэпкъ зэгурыIуэныгъэр, мамырыгъэр, зэныбжьэгъугъэр зэрыщытепщэрщ. Абы къыдэкIуэтей щIэблэм гу лъатэу дадэм и гупсысэхэм псэкIэ щIэ­дэIуныр щхьэпэщ. Арыншауи хъунукъым, нэм ­илъагъу а дахагъэм псэкIэ нэхъ къабзэ, къулей, Iущ уещI. 
Хэт хъуну мыпхуэдэ лэжьыгъэхэмкIэ дызыгъэгуфIэ сурэтыщIыр? Ар а IэщIагъэр и псэм фIэфIу къыхихыу, гугъу демыхьу зыхуэзыгъэса Гъурф Ренатщ. 
Ренат и хъэтIыр къыщацIыху хъуащ республикэм. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, бгырыс дадэр абы и япэ лэжьыгъэкъым. Апхуэдэ дыдэу нэр пIэпихыу екIу хъуащ Ренат Нарткъалэ щищIа сурэтри. Техник ныбжьэщIэхэм я станцым и унэшхуэм абы трищIыхьащ космонавт цIэрыIуэ Гагарин Юрийрэ «Восток-I» хьэрш кхъухьымрэ. Сурэтым нэрылъагъу пщещI урысей космонавтыр япэу хьэршым зэрылъэтар. Мыр Техник ныбжьыщIэхэм я станцым и мызакъуэу, Нарткъалэ псом и IуплъапIэ телъыджэ хъуащ, унэр къалэкум зэритым къыхэкIыу. Апхуэдэуи Аруан районым ис, техникэ моделирование, робототехникэ, астрономие, биологие, анимацие IэщIагъэхэм дахьэх щIалэгъуалэм дамыгъэ лъэщ яхуэхъунущ. «Быдэу си фIэщ мэхъу Гагариным и граффитим ди щIэблэр куэдым зэрытригъэгушхуэнум, космонавтым зэгуэр Совет Союзыр дуней псом цIэрыIуэ зэрыщищIам хуэдэу, ди щIалэгъуалэми къыхах IэщIагъэмкIэ къэралым и пщIэр яIэтыну зэрыхущIэкъунур», - жиIащ Аруан район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ ЦокIыл Азэмэт. 
Апхуэдэ лэжьыгъэ дахэкIэ Ренат игъэгуфIащ псыгуэнсудэсхэри. Къуажэкум ит, метр 14 зи лъа­гагъ псы чэщанэм иджы пасэрей теплъэ иIэ хъуащ. Абы и бгъум къыщыт бгъэныщхьэ унэ цIыкIуми адыгэ фащэкIэ хуэпа щIалэрэ пщащэрэ къызэдэфэ щIыкIэу сурэт екIу трищIыхьащ. 
Апхуэдэ щIыкIэкIэ куэдым къацIыхуащ сурэтыщI Гъурф Ренат. Абы шхапIэхэм, унэхэм, сабий гъэсапIэхэм я блынхэр, къат куэду зэтет унэхэм я пщIантIэхэр егъэщIэращIэ. Ди республикэм и мызакъуэу, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэми къыщащIэ щIалэм и IэдакъэщIэкIхэр. Иджыблагъэ Ингуш Республикэм къызэрымыкIуэу дахэу щилащ «Джуманджи» шхапIэ иныр. 
Ренат и тхэкIэр адрей сурэтыщIхэм ещхькъым. Абы жыпхъэ гуэрхэр, эскизхэр, проекторхэр къигъэсэбэпкъым. АтIэ, лэчымкIэ иретхъэри, ар зэмыфэгъухэмкIэ елэж. Ущыуэну хуитыныгъэ уиIэкъым апхуэдэ лэжьэкIэр къыщыбгъэсэбэпым деж. Арагъэнщ зэчий жыхуаIэжри, Ренат и Iэмрэ и нэмрэ фIэкIа хэмыту а псор дахэу зэрегъэзэхуэф. Метр зэбгъузэнатIэ 400 хъу бетонхэм махуэ 14-м ­къриубыдэу сурэтхэр трищIыхьащ щIалэм. 
Гъурфым итххэр Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым теухуащ, сабийхэр зэрытеуни, балигъхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIи ещIыф, жыпIэнуракъэ, реализм стилым къыщегъэжьауэ сюрреализмым нэсыжу тхэным хуэIэижьщ. Хуабжьу гукъинэж ­хъуат абы коронавирус уз зэрыцIалэм и зэманым блынхэм трищIыхьауэ щыта «Хэт къуаншэр?», «Щхьэгъубжэм укъыдэплъмэ, плагъур» жыхуиIэ и сурэтхэри. 
Ренат и зэфIэкIкIи зэчийкIи зыми емыщхь сурэтыщIщ. А Iуэхум зэрыпэрыхьэрэ куэд мыщIами, лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэр, гукъинэжхэр и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Нэхъыщхьэращи, дунейр егъэдахэ, къалэхэмрэ къуажэхэмрэ егъэщIэращIэ, цIыхухэр егъэгуфIэ. 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: