Прокурорым и нэIэ тетынущ

Республикэм и прокурор ­Хабаров Николайрэ Сабийм и хуи­ты­ныгъэхэмкIэ уполномоченнэу Къэбэрдей-­Балъ­къэр Республикэм щыIэ Лъынэ Светланэрэ щэкIуэ­гъуэм и 7-м цIыхухэм щаIущIащ Зеикъуэ къуажэм дэт, сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэм я нэIэм щIэмыту къэна цIыкIухэмрэ я школ-интернат №5-м и хэщIапIэм.

ЦIыхухэм зыкъыхуагъэзащ сабий ныкъуэдыкъуэр ­гъащIэм хэзэ­гъэным, сымаджэ цIыкIухэр хущхъуэ лъапсейхэмкIэ къы­зэгъэпэ­щы­ным, балигъ мыхъуам зыпащIэным теухуауэ судым ­игъэува хабзэр зэрамыгъэзащIэм, нэгъуэщIхэми ехьэлIауэ.  
КъекIуэлIахэр щIэтхьэусыхахэр къыIахащ, абыхэм хэп­лъэну пщэрылъ щащIащ ­республикэ прокурорым и ­къуэ­­дзэхэм, аппаратым и IэнатIэхэм я унафэщIхэу ахэр зи лэжьыгъэм хыхьэхэм. А псори зэрагъэзащIэм кIэлъыплъынущ республикэм и прокурорыр. 
ЗыхуейхэмкIэ къызэрагъэпэщащ

КъБР-м и прокуратурэм Iуэ­хур зэхигъэкIа нэужь, ныкъуэдыкъуэхэр зыхуэны­къуэ IэмэпсымэхэмкIэ къы­зэра­гъэпэщащ. 

Прокуратурэм цIыхухэм зэ­рызыхуагъэзам тету къип­щытащ ныкъуэдыкъуэхэм я хуитыныгъэр хъумэнымкIэ хабзэр зэрагъэзащIэр. 
КъызэрыщIэкIамкIэ, Уры­сейм­ Пенсэмрэ социальнэ страхованиемкIэ и фондым и щIыналъэ къудамэм ны­къуэ­дыкъуэу щым дэIэпыкъуэгъу къахуэхъуну техникэ Iэмэп­сымэхэр и чэзум яIэригъэхьакъым.
Республикэ прокуратурэм Пенсэмрэ социальнэ страхованэмкIэ фондым и щIыналъэ къудамэм и унафэщIым хуигъэлъэгъуат къыщIагъэща ныкъусаныгъэр игъэзэ­кIуэ­жы­нуи, Iуэхур зэфIагъэкIри ны­къуэдыкъуэхэр Iэмал имы­Iэу зыхуейхэмкIэ къызэрагъэпэщащ. 

БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться: