Щхьэцым теухуауэ

Щхьэцыр зэхэтщ кератин, белокрэ аминокислотауэ. Щхьэцыр захуэу е баринэу щытыныр зэлъытар «фолликул» жыхуаIэм и щытыкIэрщ. Фолликулхэр хыуэ зэтопщIыкI, абыхэм къикIыкI щхьэцыр - щыуэ.

Иджырей технологиехэр жыжьэ зэрынэсам и фIыгъэкIэ, цIыхум и щхьэц налъэ закъуэр къэпхутэу, абы теухуауэ куэд къыпхуэщIэнущ, зыщыпсэу щIыпIэр, цIыхум ишхырейр, щхьэцым ирихьэлIэр, нэгъуэщIхэри.

ЦIыху балигъым и щхьэм щхьэц налъэу мин 90-м щегъэжьауэ мини 150-м нэблагъэ тетщ. КъызэрыщIэкIымкIэ, щхьэц налъэхэм я бжыгъэр елъытащ абыхэм яIэ плъыфэм. Сырыхухэм я щхьэцыр нэхъ Iув хабзэщ, щхьэц плъыжьыфэхэр нэхъ пIащIэщ.

Щхьэцым и фэ нэхъыщхьэу щIэныгъэм къыхигъэщхьэхукIыр щыщ зэрыхъур: фIыцIэ, сырыху, плъыжь. Абыхэм къатепщIыкIыу аращ адрей плъыфэ 300-м нэблагъэр.

Дунейм нэхъыбэ дыдэу тет щхьэц плъыфэр фIыцIэрщ. ЦIыхухэм я процент 50-м я щхьэцым ар и плъыфэщ. Нэхъ мащIэ дыдэу узрихьэлIэнур щхьэц плъыжьхэрщ - процентитI къудейщ. Щхьэцыр езыр егъэлеяуэ псынщIэу къокI, ар зытет цIыхум зыхимыщIэ пэтми.

КъызэрахутамкIэ, ику иту цIыхум махуэм къриубыдэу къыхэхункIэ хъунущ пщхьэц налъэу щэм нэблагъэ. Щхьэцыр щыпсыфым деж нэхъ кIыхьщ процент 20 - 30-кIэ. Псыр зэщIэзыфа щхьэцыр нэхъ хьэлъи, нэхъ кIыхьи мэхъу, дауи.

Щхьэцым къикIын хуейуэ и хабзэщ. Ауэ а къикIхэм япIэкIэ щхьэц налъэщIэхэр къокIыж. Къапщтэмэ, цIыхум и щхьэцыр къокI и гъащIэм и кIыхьыгъкIэ. Пэжщ, и ныбжьыр хэкIуэтэху - нэхъ мащIэу.

И щхьэцым и кIыхьагъымкIэ дунейпсо рекорд игъэуващ китай бзылъхугъэ Сюхэй Ся - абы и щхьэцыр метри 6-м фIокI.

ЦIыхум и щхьэцыр щIэхыу ягъэтхъункIэ хъунущ гъащIэм, гупсысэ хьэлъэм, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми. ЩIэныгъэр зэрыщыгъуазэмкIэ, къэхъуащ цIыхум и щхьэцыр тхьэмахуитIым и кIуэцIым хужьу щытхъуа.

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться: