Махуэгъэпс

нобэ

Дыгъэгъазэм и 13, бэрэжьей

1920 гъэм Лъэпкъхэм я Лигэм Гаагэ къыщызэригъэпэщащ дунейпсо хеящIэ IуэхущIапIэ.
1926 гъэм Совет къэралыгъуэм щыяпэу абы цIыхуу исыр бжын щыщIадзащ.
1949 гъэм Налшык щекIуэкIащ КъАССР-м и цIыхубз ныбжьыщIэхэм я XI республикэ съезд.
1991 гъэм Налшык щекIуэкIащ КъБР-м ис лъэпкъхэм я лIыкIуэхэм я съезд.

Дунейм и щытыкIэнур

НОБЭ

Дыгъэгъазэм и 12, гъубж

Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм и Iуэхутхьэбзэхэр псоми ялъэIэсыным и дунейпсо махуэщ
Зэныкъуэкъу къэралхэм ящыщу зым и телъхьи мыхъуным и дунейпсо махуэщ
Урысей Федерацэм и Конституцэм и махуэщ
1993 гъэм
КъБР-м палатитI хъу и Парламентыр хахащ.
1933 гъэм къалъхуащ юрист, КъБР-м щыщ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ ГубэщIыкI Владимир.

НОБЭ

Дыгъэгъазэм и 11, блыщхьэ

         Бгыхэм я дунейпсо махуэщ

         Тангэ къэфэкIэм и дунейпсо махуэщ

         1956 гъэм Мэлбахъуэ Тимборэ КПСС-м и обкомым и япэ секретару хахащ.

         1922 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Щхьэгуэш ШотIэ.

         1935 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Абей Виктор.

НОБЭ

Дыгъэгъазэм  и 9, щэбэт

         ЛъэпкъгъэкIуэд щIэпхъаджагъэм хэкIуэдахэр ягу къыщагъэкIыж, геноцидыр мыдэным и дунейпсо махуэщ

         Iулъхьэ тын-къеIыхыным пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ

         Урысейм щагъэлъапIэ Хэкум и ЛIыхъужьхэм я махуэр

         Урысейм и гъущI гъуэгу транспортым шынагъуэншагъэм щыкIэлъыплъынымкIэ и IэнатIэр къыщызэрагъэпэща махуэщ

НОБЭ

Дыгъэгъазэм и 8,  мэрем

♦СурэтыщIым и дунейпсо махуэщ

♦Урысей казначействэр къыщызэрагъэпэща махуэщ

♦1832 гъэм къызэрагъэпэщащ Урысейм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я Штаб Нэхъыщхьэм и Дзэ академиер.

♦1929 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Шэрий Иринэ.

НОБЭ

Дыгъэгъазэм и 7, махуэку

♦ЦIыхухэр къызэрырашэкI авиацэм и дунейпсо махуэщ

♦Урысейм и Дзэ-Хьэрш Къарухэм я инженер-авиацэ къулыкъум и лэжьакIуэхэм я махуэщ

♦Къэрал Эрмитажыр къыщызэрагъэпэща махуэщ

♦1725 гъэм Петербург щызэхэтащ Урысейм щIэныгъэхэмкIэ и академием и япэ зэхыхьэр.

♦1958 гъэм РСФСР-м и тхакIуэхэм я япэ съездыр къызэIуахащ.

 

Дунейм и щытыкIэнур

НОБЭ

Дыгъэгъазэм и 6, бэрэжьей

♦УФ-м и МВД-м наркотикхэм ехьэлIа щIэпхъаджагъэхэр зэхэгъэкIыныр зи нэIэ щIэтыну къудамэ къыщызэрагъэпэща махуэщ
♦1933 гъэм
къалъхуащ балъкъэр щIэныгъэлI, философие щIэныгъэхэмкIэ доктор, ЩIДАА-м и академик, КъБР-мрэ Къалмыкъымрэ щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Эфендиев Сэлихь.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм 1 градус, жэщым 1 градус щыхъунущ.

НОБЭ

Дыгъэгъазэм и 5, гъубж

         ЩIыгулъым и дунейпсо махуэщ

         Урысейм и Дзэ щIыхьым и махуэщ

         1936 гъэм СССР-м и етIуанэ Конституцэр къащтащ. Ар тхыдэм хыхьащ «Сталиным и Конституцэ» цIэр иIэу.

         1936 гъэм КъБАО-р КъБАССР хъуащ.

         1942 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и партизанхэр Лэскэн Езанэм щыIэ нэмыцэ быдапIэм теуащ, хэщIыныгъэшхуи иратащ.

НОБЭ

Дыгъэгъазэм и 4, блыщхьэ

Информатикэм и махуэщ
1707 гъэм
Урысейм щыяпэу Москва къыщызэIуахащ узыншагъэм щыкIэлъыплъ къэрал IуэхущIапIэ (иджыпсту ар Бурденкэ Н. Н. и цIэр зезыхьэ дзэ клиникэ сымаджэщ нэхъыщхьэщ).
1946 гъэм Москва щызэпкъралъхьащ «Москвич-400» лIэужьыгъуэм и япэ автомобилыр.
1907 гъэм къалъхуащ КъБАССР-м щIыхь зиIэ и артист Ало ЛутIэ.

НОБЭ

Дыгъэгъазэм и 2, щэбэт

         ПщылIыгъэр гъэкIуэдыным хущIэкъуным и дунейпсо махуэщ

         Урысейм щагъэлъапIэ Банк лэжьакIуэм и махуэр

         1851 гъэм къалъхуащ къэбэрдей джэгуакIуэ, усакIуэ Агънокъуэ Лашэ.

         1913 гъэм къалъхуащ шэрджэс усакIуэ, тхакIуэ, Хэку зауэшхуэм хахуэу зэрыхэтам папщIэ Вагъуэ Плъыжь орденыр, Хэку зауэ орденым и етIуанэ нагъыщэр зыхуагъэфэща Гъуэщокъуэ Хъусин.

Страницы

Подписка на RSS - Махуэгъэпс