Пасэу къапщIэмэ…

ЦIыхур нэхъыбэу зэрылIыкI узыфэхэм я деж етIуанэ увыпIэр щиIыгъщ лышхым. Дуней псор зыщыщтэ уз шынагъуэм илъэс къэс цIыху мелуани 8-м нэблагъэ йолIыкI. Къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, нэхъыбэу абы ихьыр зи ныбжь хэкIуэтахэрщ, илъэс 60 - 70-м итхэрщ. Апхуэдэу щытми, кIуэ пэтми узыфэ бзаджэм зыIэщIилъхьэ щIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ я бжыгъэми хохъуэ. Медицинэ щIэныгъэлIхэм илъэс бжыгъэкIэрэ ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм я фIыгъэкIэ абы и Iэзэгъуэ зэхуэмыдэхэр къагъэнэхуащ, а лэжьыгъэм адэкIи къыпащэ.

Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, лышх узыфэр зыпкърыт сымаджэхэм я бжыгъэм кIуэ пэтми хохъуэ. IэщIагъэлIхэм къыхагъэщ 2030 гъэм ирихьэлIэу апхуэдэ сымаджэхэр процент 40-кIэ нэхъыбэ зэрыхъунур. Адрей узыфэхэм хуэмыдэжу лышхыр цIыхухэр нэхъ зыщышынэ икIи гъэхъужыгъуей узыфэ шынагъуэщ. Ауэ и чэзум къахута дэтхэнэ зы узыфэми хуэдэу, пасэу къапщIэмэ, куэдкIэ нэхъ тыншу пхуэгъэхъужынущ ар зэуэлIар, абы и Iэпкълъэпкъым зыщиубгъуным хунэмысу къыпхузэтегъэувыIэнущ.
Куэдым апхуэдэу къащыхъуми, лышхыр зыпкърыт цIыхур Iэмал имыIэу абы илIыкIын хуейуэ щыткъым икIи илIыкIыркъым. Узыр зэуэлIам игъуэт Iэзэгъуэм елъытауэ, ар пкърытуи илъэс куэдкIэ псэуфынущ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, куэдым я дежкIэ ар фIэщщIыгъуейщ, лышх шыкъырыр Iэпкълъэпкъым хэтмэ, абы уеIэзэкIи зыри пхуемыщIэну къалъытэу. ЦIыхухэм яIэ апхуэдэ еплъыкIэм зрагъэхъуэжын, узыфэм теухуауэ нэхъыбэ кърагъэщIэн папщIэ, Лышх узыфэм пэщIэтынымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм и жэрдэмкIэ а Iуэхум махуэ щхьэхуэ хухахащ. 2006 гъэм щегъэжьауэ мазаем и 4-р Лышх узыфэм пэщIэтыным и махуэу къокIуэкI. 
Лышх узыфэм щысхьырабгъу лъэпкъ имыIэу Iэпкълъэпкъым и дэтхэнэ зы Iыхьэри еубыд, уеблэмэ зы пкъынэлъынэм икIыурэ апхуэдэ зыбжанэ къызэщIиубыдэфынущ. Дунейм псом нэхъ зыщызыубгъуауэ къалъытэр бгъэ лышх узыфэрщ, абы къыкIэлъыкIуэу ар нэхъ зыхуэлъэр тхьэмбылырщ. 
Германием щыIэ Гейдельберг къалэм дэт, Лышх узыфэхэмкIэ нэмыцэ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ центрым и унафэщI, профессор Бауманн Михаэль зэрыжиIэмкIэ, узыфэм и лIэужьыгъуэ 30-р къызыхэкIыр тутынырщ икIи нэхъ псынщIэу ар зэрыхыфIадзэным цIыхухэр къыхуреджэ. «Лышх узыфэм упэщIэтынымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъарзынэу щыIэр къэуат зыщIэлъ ерыскъы узыншэмрэ спортымрэщ. Мис абыхэм гулъытэ нэхъыбэ хуэфщI», - жеIэ нэмыцэ дохутырым. 
УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, гъэ къэс лышх узыфэр япкърыту къахутэ цIыху мин 600-м нэблагъэ. 2017 гъэм Урысейм щызэхалъхьащ Лышх узыфэм пэщIэтынымкIэ лъэпкъ программэ щхьэхуэ. КъищынэмыщIауэ, ар «Узыншагъэр хъумэн» лъэпкъ проектми щагъэнэхъыщхьэ Iуэхугъуэхэм ящыщщ. Хабзэ хъуауэ, илъэс къэс мазаем, Лышх узыфэм пэщIэтынымкIэ дунейпсо махуэм ирихьэлIэу, къэралым щрагъэкIуэкI а Iуэхум хуэгъэпса зэхыхьэхэр, цIыхухэм узым зэрызыщахъумэным теухуа Iэмалхэр зэрырагъэщIэным хущIэкъуу, абы земыгъэубгъунымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэм щагъэгъуазэу, гъащIэ узыншэ ирахьэкIыным къыхураджэу. Абы и лъэныкъуэкIэ ди щIыналъэм и медицинэ IуэхущIапIэхэми лэжьыгъэ щхьэпэхэр къыщызэрагъэпэщ. Апхуэдэу мазаем и 3-м республикэм и Онкологие диспансерым «бжэ зэIухам и махуэ» щыIэнущ. IуэхущIапIэм къекIуалIэхэм я узыншагъэр къапщытэнущ лышх узыфэхэм еIэзэ дохутырхэу Назрэн Сакимэ, Къашэж Мадинэ, Расуловэ Лейлэ, ГубэщIыкI Анзор, Понэж Къантемыр, АфIэунэ Мухьэмэд, Мэршэнкъул Астемыр, Iэпщэ Алим сымэ. Абыхэм цIыхухэм я щытыкIэр къапщыта нэужь, адэкIэ ящIэнум, зэрызыкIэлъыплъыжынум теухуа чэнджэщхэр иратынущ.
«Узыншагъэр хъумэн» лъэпкъ проектым «Лышх узыфэхэм пэщIэтыным» и щIыналъэ программэр Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщагъэзащIэм ипкъ иткIэ, республикэм къыщызэIуахащ амбулаторэ онкологие дэIэпыкъуныгъэхэмкIэ центрхэр. Ахэр щолажьэ Онкологие диспансерым, Республикэ клиникэ медико-хирургие центрым, ЩIыналъэхэм зэдай, узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэм щеIэзэ сымаджэщым. 2023 гъэм а центрхэм онкологие дэIэпыкъуныгъэхэр щагъуэтащ щIыналъэм щыпсэу цIыху 9134-м.
А IуэхущIапIэхэм щолажьэ зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI дохутырхэр, центрхэр къызэгъэпэщащ зыхуэныкъуэ IэмэпсымэхэмкIэ: ренгенографхэмкIэ, маммографхэмкIэ, УЗИ, КТ, эндоскопие аппаратхэмкIэ. Мыпхуэдэ лэжьыгъэр хуэунэтIащ узыр и чэзум къэхутэным, нэхъ пасэу еIэзэн щIэдзэным, сымаджэр щыпсэум нэхъ пэгъунэгъуу химиотерапиер щегъэкIуэкIыным, апхуэдэуи лышх узыфэр зыпкърытым и узыншагъэр егъэфIэкIуэжынымкIэ зыхуэныкъуэ дэIэпыкъуныгъэр къыхузэгъэпэщыным.
Медицинэр и пIэ иткъым, лышх узыфэм зэрыпэщIэт Iэмалхэр кIуэ пэтми йофIакIуэ, унэтIыныгъэм щекIуэкI зыужьыныгъэхэр къэплъытэмэ, хэт ищIэрэ, зэманышхуэ дэмыкIыуи а уз шынагъуэм и лIэужьыгъуэ псоми зэрыпэлъэщын хущхъуэгъуэ къежьэнщ. Ауэ иджыпстукIэ дохутырхэм я чэнджэщ нэхъыщхьэр профилактикэ кIэлъыплъыныгъэхэр щIэх-щIэхыурэ егъэкIуэкIынырщ, жыджэру гъащIэ узыншэ зэрепхьэкIыным ухущIэкъунырщ.
 

ЩхьэщэмыщI Изэ.
Поделиться: