Галстук

Ди зэманым цIыхухъу фэилъхьэгъуэхэм ящIыгъуу къагъэсэбэп галстукыр. Дапщэщу пIэрэ ар зыдалъхьэн щрагъэжьар, сыту пIэрэ щхьэусыгъуэ хуэхъуар? Галстукым тхыдэ гъэщIэгъуэн иIэщ, къызэрыщIэкIымкIэ.
Дуней псом щыцIэрыIуэ франджы тхакIуэ Оноре де Бальзак 1827 гъэм къыдигъэкIа «Искусство ношения галстука» тхылъым щытотхыхь ар щыгъыным и гуэдзэн пэтми, абы фэилъхьэгъуэм и теплъэр куэд дыдэкIэ зэрелъытар. «ЕкIуу къыхэха галстукыр дыхуфIым хуэдэщи, фэилъхьэгъуэр егъэдахэ; галстукым уеплъмэ, ар зыдэлъым теухуауэ куэд къыпхуэщIэнущ…», - жеIэ.
Бальзак тепсэлъыхьащ галстук лIэужьыгъуэхэм, ахэр къызэрыхахым. Галстук фIыцIэр щыгъуэным ейт е IуэхущIапIэ щхьэхуэм щылажьэхэм зэщхьу ядэлът. Галстук хужьыр балхэм, пшыхьхэм хухахырт. Ар «фрак» е «смокинг» жыхуаIэм щIыгъут. «Вальтер Скотт» зыфIаща галстукыр щэкI зэпрыдзым къыхадыкIырт. Къапщтэмэ, Бальзак и зэманым щыIэт данэ, алътес, цы галстукхэр.
Языныкъуэ тхыдэджхэм зэрыжаIэмкIэ, галстукыр къыдежьащ пасэм щIэпхъаджащIэхэм я хьэкумыр укIкIэ ящIэу щыщытам. КIапсэидзэкIэ зи укI ящIэм и пщэм илъ кIапсэр зэпыч хъужыкъуэмэ, и гъащIэр иухыху а кIапсэ «галстукыр» и пщэм илъын хуейт.
«Галстук» псалъэр нэмыцэбзэм къытекIащ – «пщэм дэлъ бэлътоку» жиIэу къокI. Япэрей галстукым теухуа хъыбар ущрихьэлIэнущ Пасэрей Мысырым и тхыдэм. Дамэм едзэкIа щэкIым ар зейм и къулыкъум, и мылъкум теухуа хъыбар уигъащIэрт. Пасэрей Китайм ди эрэм ипэкIэ 259 – 210 гъэхэм щэкI плIимэ кIыхь щызэрахьэрт я пщэм ешэкIауэ. Абы щыхьэт тохъуэ пащтыхь Ди Шихуань и кхъэлэгъунэм деж щыт мывэ сыныр.
ЛIэщIыгъуэ зыбжанэ дэкIыжауэ щэкI пщэдэлъым и гугъу щащIащ Пасэрей Урымым и тхыдэм. Урым легионерхэм я пщэм дэлът «фокале» жыхуаIэ IэлъэщI-шарфыр. Ар Iэщэ-фащэ хьэлъэм и пщэр трамыхын щхьэкIэ зыхуекIуа Iэмалт. ЩIыIэ къэхъуми ахуэдэ пщэдэлъыр сэбэпт. Ди зэманым къэсащ Траян пащтыхьым и дзэм хэт урым зауэлI 2500-м я теплъэ къызыхэщ барельеф скульптурэ. Легионер куэдым я пщэм щэкI зэрешэкIар абы къытощ. 
Ауэ иджырей галстукыр къызытехъукIыжа пщэдэлъыр къыщежьауэ къэплъытэ хъунур 1648 гъэрщ. Франджы пащтыхь гуащэ Австрийская Аннэ и пащтыхь пщIантIэм илъэс 30-кIэ екIуэкIа зауэм янычархэм зэращытекIуам и щIыхькIэ кърагъэблэгъа хорват зауэлIхэр зэщыхуэпыкIат, данэ пщэдэлъ пIащIэхэр я пщэм дэлът. Хорват дзэм хэтхэм а пщэдэлъхэр зыдалъхьэрт зэхэуэхэм щыхыхьэкIэ, езыхэм ящыщхэр бийм хамыгъэзэрыхьын папщIэ. АтIэ Австрийская Аннэ ищIа парадым хэтт илъэси 10-м ит и къуэр - Людовик XIV, «Король - Солнце» зыхужаIэу щытар. Харватхэр зэрыхуэпам ар зыIэпишат, псом хуэмыдэу я пщэм къыдэлыдыкI щэкI дахэхэр игу ирихьат. Асыхьэту езыми къищтэри зыдилъхьащ пщэдэлъ. Людовик XIV и тетыгъуэм ирихьэлIэу пщэдэлъ пIащIэхэр цIэрыIуэ хъуащ. Уеблэмэ пащтыхь унэм IэнатIэщIэ къыщыунэхуат – пщэдджыжь къэс пщэдэлъ-галстук зэмыфэгъухэр зэрылъ хъуржыныр абы хущIихьэрти хигъадэрт апхуэдэ къулыкъум пэрытым.
Франджыхэм я псэукIэм галстук-пщэдэлъыр апхуэдизкIэ хэпщIати, франджы революцэм (1789-1799) щыгъуэ пщэдэлъым и плъыфэм цIыхум фIэкъабыл политикэ гупсысэр IупщI ищIырт. Абы щыхьэт тохъуэ XVIII лIэщIыгъуэм и кIэухым ящIа сурэт гуэрхэр.
Пщэдэлъ–бэлътокухэм модэ гъэщIэгъуэн щаIащ Инджылызми. Ар зэрызэрадзэ лIэужьыгъуэ куэд къагъэсэбэпырт цIыхухъухэм. А зэманым цIыхухъухэм я зыхуэпэкIэ модэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа Браммел Джордж Брайн пщэдджыжьым сыхьэт зыбжанэ тригъэкIуадэрт пщэдэлъыр лIэужьыгъуэ зэхуэмыдэурэ зэридзэным. А лъэхъэнэм инджылыз цIыхухъум и гум техуэнутэкъым и галстукым теухуауэ псалъэ гуемыIу къыжраIэу. Апхуэдэ псалъэ жагъуэр лъыкIэ щатхьэщIыж кърикIуэнри зыхуэIуа щыIэтэкъым.
Урысейм пщэдэлъ бэлътокухэр къагъэсэбэпу щIадзащ Пётр I и зэманым. Абы пщэдэлъым гу щылъитащ Голландием я матросхэм я деж. Уеблэмэ, пащтыхьым пщэдэлъхэм теухуа унафэхэри къыдигъэкIауэ щытащ. Пщэдэлъыр зезыхьэну хуэмейхэм ткIийуэ пэщIэтт.
XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм европейм пщэдэлъым щIэрыщIэу гулъытэ игъуэтыжащ. ЦIыхухъу фэилъхьэгъуэм и щIыкIэм зихъуэжри, пщэдэлъри абы нэхъ хуэкIуэу ящIащ. Ар ди зэманым ядэлъым и теплъэм къызэрыщхьэщыкIышхуэ щыIэкъым.
XX лIэщIыгъуэм пщэдэлъхэм яIэ хъуащ иджырей галстукхэм я теплъэр. 1924 гъэм американ хьэрычэтыщIэ Лангсдорф Джесси «галстук нэщIысам» и патент зэригъэпэщащ. 1990 гъэхэм я кIэухым Кембридж университетым и лабораторэм и лэжьакIуэхэу Финк Томасрэ Мао Йонгрэ математикэ щIэныгъэр и лъабжьэу къахутащ уи Iэм 9 фIэкIа зомыгъэгъазэу галстукыр лIэужьыгъуэ 85-рэ хуэдизу зэрызэрыбдзэфыр.
2003 гъэм жэпуэгъуэм и 18-р галстукым и махуэу щагъэуващ Хорватием. Абы и щIыхькIэ Пулэм и амфтитеатрым кърашэкIауэ щытащ галстук плъыжь абрагъуэр. 
2014 гъэм щIэныгъэлI Звонарик Томислав и плъыфэм зихъуэжу галстук ищIащ – плъыфэу къыщIэбгъэщыну узыхуейм елъытауэ, кнопкэм тепкъузэн хуейуэ аращ. Ар пхуегъэкIунущ сыт хуэдэ фэилъхьэгъуэми.

 

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться: