Лъэпкъ щIэныгъэлIхэм я гъуазэ

Япэ итахэр

Адыгэ еджагъэшхуэ, щIэныгъэлI, тхыдэдж икIи тхакIуэ Къудащ Елбэздыкъуэ цIэрыIуэ зэрыхъуа и IэдакъэщIэкIхэм ящыщщ «Къэбэрдейм и тхыдэ хъыбархэр» тхылъ гъэщIэгъуэныр. АдыгэлI щэджащэм и гъащIэмрэ зэфIиха щIэныгъэ лэжьыгъэхэмрэ ятеухуа къэхутэныгъэ куэд ирагъэкIуэкIауэ щытащ КъБКъУ-м и доцент, критик цIэрыIуэ Сокъур Мусэрбий, профессор Къумыкъу Тыгъуэн сымэ, нэгъуэщIхэми. Абы и гъащIэм, и псэукIэмрэ лэжьыгъэмрэ, гуращэу иIар сэтей къэзыщI къэхутэныгъэхэр ди щIэныгъэлIхэм иджыри ирагъэкIуэкI.

 
 Адыгэ щIэныгъэлI цIэрыIуэм и псэукIар, и дуней тетыкIар, гупсысэ иIар, дауи, иджыри нэсу джа хъуакъым. Абы и щыхьэтщ, щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, Къудащым теухуауэ нобэр къыздэсым зыри зыщымыгъуазэ дэфтэрхэм ди архивым узэрыщрихьэлIэр. Къудащ Елбэздыкъуэ езым щIэныгъэшхуэ бгъэдэлъам имызакъуэу, зи лъэпкъым и къэкIуэнум хуабжьу тегузэвыхь, ар щIэныгъэм и гъуэгум тришэну хущIэкъу цIыхуу щытащ. Къудащхэ я лъэпкъым нобэр къыздэсым хъума щыхъуа хъыбархэм къызэраIуатэмкIэ, Елбэздыкъуэ зэрыцIыкIу лъандэрэ гурыхуэу, акъыл жан бгъэдэлъу, набдзэгубдзаплъэу щытащ. Абы и щыхьэтщ ар Москва дэт къэрал университетым щеджа зэманым вольнослушателу щытами, стационару щIэсхэм къакIэрымыхуу, экзамен псори фIы дыдэу иту, «провизор» IэщIагъэм и дипломыр зыIэригъэхьауэ зэрыщытар. Биологие, химие щIэныгъэхэм фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIт ар.
Тхылъыр фIыуэ зылъагъу цIыхут Къудащыр. Ар щыпсэуа лъэхъэнэм щIэныгъэ зыбгъэдэлъу, урысыбзэкIэ IэкIуэлъакIуэу тхэфу, еджэфу адыгэхэм яхэтар мащIэт. Елбэздыкъуэ егъэлеяуэ щIэхъуэпсырт и хэкуэгъухэм щIэныгъэ зыгъуэта, щэнхабзэ лъагэ зыбгъэдэлъ куэд къахэкIыну. Уеблэмэ и анэ Къудащ Гуащэхъан и цIэр зыфIищыжа езым и мылъкум къыхэкI стипендие щхьэхуэ игъэувыну гуращэ иIащ, мылъкукIэ зыхузэфIэмыкI зы адыгэ щIалэ и еджэныгъэм текIуэдэну пщIэр езым итын папщIэ. И лъэпкъымкIэ иIэ апхуэдэ гукъеуэхэр Къудащым къыхигъэщащ «Къэбэрдей лъэпкъхэм я тхыдэ хъыбархэр» и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъ гъуэзэджэм. А тхылъыр адыгэбзэкIэ зэдзэкIауэ дунейм къызэрытехьам и фIыщIэшхуэ хэлъащ ди лъэпкъэгъу еджагъэшхуэ Думэн Хьэсэн. Абы жиIэжу зэрыщытамкIэ, 200I гъэм Налшык и «Эль-Фа» тхылъ тедзапIэм къыщыдагъэкIыжащ «Къэбэрдей лъэпкъхэм я тхыдэ хъыбархэр». Къудащым и гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ теухуауэ а лъэхъэнэм ирихьэлIэу щIэуэ куэд къэтхутати, ахэр щIигъури, тхылъым пэублэ псалъэ хуищIат щIэныгъэлIым. 
Зи гугъу тщIы тхылъым цIэрыIуэ ирихъуащ Къудащыр. Ар итхын щIимыдзэ щIыкIэ, Елбэздыкъуэ щIиджыкIащ икIи къипщытэжащ и Хэкум и къекIуэкIыкIам теухуа тхылъ куэд, хъыбару игъуэтыжари зэхуихьэсыжащ, архивхэм къыщиугъуея тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэми гумызагъэу елэжьащ. Апхуэдэу а щIэныгъэлI Iущым адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я тхыдэ блэкIам фIыуэ щыгъуазэ зищIащ.«Къэбэрдей лъэпкъхэм я тхыдэ хъыбархэр» гъэщIэгъуэну тхащ, абы удихьэхыу, узыIэпишэу укъоджэ. Тхылъыр щатха зэманым ди къэралым щыIа тхыдэ щIэныгъэмрэ нобэ абы зэрызиужьамрэ зэбгъэпщэжмэ, жыпIэ хъунущ, ар ди зэманым ятха щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм ябгъэдэбгъэувэ хъуну. АбыкIэ фIыщIэ зыбгъэдэлъыр ар дагъуэншэу зытха езы Къудащ Елбэздыкъуэщ. Абы адыгэ тхыдэм и хъыбарыжьхэр къритхыкIа къудейм къыщымынэу, а зытетхыхь Iуэхугъуэхэм езым и Iуэху еплъыкIэ хилъхьащ. «…Адыгэ лъэпкъым езым и тхыдэ, нэгъуэщIхэм емыщхь тхыдэ телъыджэ иIэщ. Иджыри кIасэкъым а тхыдэм щыщ гуэрхэр цIыхум ящымыгъупщэжу къебгъэлыну… Кавказым щыцIэрыIуэ цIыхухэм я гулъытэм и джэлэсу щытащ къэбэрдей лъэпкъыр. Абы и тхыдэм теухуа лэжьыгъэ егъэкIуэкIын зэрыхуейр псоми ягу къэзыгъэкIыжу щрет мы тхылъ къыдэкIыр», - щетх абы Къудащым. 
Елбэздыкъуэ и IэдакъэщIэкIым хуигъэувар къалэнышхуэми, ар абы нэсу зэрыхузэфIэкIар наIуэ мэхъу, тхыдэ щIэныгъэм и зыужьыныгъэ гъуэгум уриплъэмэ. Аращ лъэпкъ щIэныгъэлIхэм, тхыдэтххэм, къэхутакIуэхэм ящыщ куэдым гъуазэ яхуэхъуар, Къэбэрдейм и тхыдэм теухуа лэжьыгъэ купщIафIэхэр щызэфIахым.

 

 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться: