|
Календарь событий
08 сентября 2021
8 сентября, 2021 - 16:21
Илъэс зыбжанэ хъуауэ ди къэралым щолажьэ лъэпкъ проект зэмылIэужьыгъуэхэр. УФ-м и Президентым къыхилъхьауэ икIи псэуныгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэ зыбжанэм хуэгъэпсауэ яубзыхуауэ щыта а IуэхугъуэщIэхэм гъэ къэс къахохъуэ, заузэщI, проект пажэхэм гуэдзэнхэри къагуож.
8 сентября, 2021 - 15:08
Ищхъэрэ-КъухьэпIэ Кавказым и псыежэххэм зэреджэ фIэщыгъэхэм яхэтщ «пшы» пычыгъуэр быдащэу зыхэухуэнахэри.
«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псэлъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы ди тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор КIуэкIуэ Джэмалдин «Черкесская топонимика» и тхылым къыщигъэлъэгъуа щапхъэхэр гъэщIэгъуэнщ. Абыхэм ящыщ зыбжанэ мыбдежым къыщытхьынщ.
8 сентября, 2021 - 14:00
Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралыгъуэ щигъуэта лъэхъэнэм ди щIыпIэм къыпэщылъ къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщт цIыхубэр щIэныгъэншагъэм къыхэшыныр. Къэралпсо мыхьэнэ зиIэ а Iуэхушхуэр зэфIэхыным и гуащIэ куэд хилъхьащ адыгэ лъэпкъ еджагъэшхуэ, хэкупсэ нэс АфIэунэ Исмел ТIулэ и къуэр. ГъащIэ кIэщIт Исмел, ауэ абы и дэтхэнэ сыхьэтри Iуэхугъуэ инхэмкIэ гъэнщIауэ, купщIафIэу щытащ.
8 сентября, 2021 - 13:50
ДыщэкI КIунэ, ТIыхъужь Алий, Сонэ Мухьэрбий… Ахэр УФ-м и цIыхубэ артистхэт, егъэлеиныгъэ лъэпкъ хэмылъу «цIыхубэм ейт». А цIэ-унэцIэхэм иджыри зыбжанэ къыпыпщэ хъунущ, Адыгэ лъэпкъ театрыр иригушхуэу, я гуащIэ хэмылъу а IуэхущIапIэр уи нэгу къыпхущIэмыгъэхьэу. ПщIэшхуэ зыхуэтщIын, щIэх-щIэхыурэ дигу къэдгъэкIыжын хуей а артист гъуэзэджэхэм я гугъу пщIыну тыншкъым. Сыту жыпIэмэ «фIыщ» жыпIэ къудейкIэ зэфIэкIыркъым, атIэми, псалъэр къомэщIэкI абыхэм ябгъэдэлъа зэчийр кърибгъэлъэгъуэну.
8 сентября, 2021 - 13:32
Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм 202I-2022 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэр иухыхукIэ Мэзкуу и «Спартак»-м и гъуащхьэхъумэныкъуэ Мырзэ Резуан «Химки» командэм бэджэнду щигъэкIуэнущ. Гупым и тренерыщIэ Виторий Руи абы къыхуэмеищэу къыщIэкIащ.
8 сентября, 2021 - 12:40
Атлетикэ хьэлъэмкIэ дунейми Европэми я чемпион, 2004 гъэм Афинхэм щекIуэкIа Олимп джэгухэм дыжьын медалыр къыщызыхьа Аккаев Хьэжмурат спорт зэхьэзэхуэхэм хэтыну хуимыту къыхуагъэуващ 2035 гъэм щIышылэм (январым) и 22-м пщIондэ.
Апхуэдэ хъыбар зэбгригъэхащ Атлетикэ хьэлъэмкIэ дунейпсо федерацэм (IWF) и пресс-IуэхущIапIэм. Балъкъэр щIалэм а тезыр хьэлъэр къытралъхьащ зэхьэзэхуэхэм хэтыну хуимыту зыкъыщигъэлъэгъуэу Допингым пэщIэтынымкIэ регламентым и IыхьитI къызэрызэпиудамкIэ.
8 сентября, 2021 - 12:05
1830 гъэм дунейм къытехьа Адыгэ республикэм и ныпым теухуауэ зэдауэ куэд зэрыщыIэм къыхэкIыу, абы и тхыдэм гулъытэ хурикъуу сытепсэлъыхьыну сыхуейт.
8 сентября, 2021 - 12:00
Урысей Федерацэм и Пенсэ фондыр шэщIауэ ядолажьэ къэрал IуэхущIапIэ куэдым. Анэ мылъкур унагъуэхэм яIэрыхьэными зи къалэнхэр епха а фондыр набдзэгубдзаплъэу кIэлъоплъ сабий зыгъуэхэм хухах ахъшэр къызэрагъэсэбэп щIыкIэхэм, еубзыху зетебгъэкIуадэ хъуну Iуэхугъуэхэр.
|