Я щIэныгъэм хагъахъуэ

Тэн Iус Ростов къалэм Лышх узыфэхэмкIэ и щIэныгъэ-медицинэ IуэхущIапIэм мы махуэхэм ирегъэкIуэкI Ипщэ Федеральнэ округымрэ Урысейм и щIыналъэщIэхэмрэ медицинэмкIэ я лэжьакIуэхэм лышх узыфэхэмкIэ я щIэныгъэ щыхагъахъуэ зэIущIэхэр. 
Мазаем и 26-м щIидза егъэджэныгъэхэр тхьэмахуитIкIэ екIуэкIыну яубзыхуащ. Лышх узыфэхэр къыщIидзагъащIэу къэхутэнымрэ абыхэм нэхъ хьэлъэ дыдэу хэт лIэужьыгъуэхэмрэ ятеухуауэ онкоцентрым и щIэныгъэлIхэр махуэ къэс лекцэ къахуеджэнущ медицинэм и лэжьакIуэхэм. 
- Къуажэ поликлиникэм щылажьэ дохутырхэмрэ абыхэм я дэIэпыкъуэгъухэмрэ нэхъ тегъэщIащ мы зэIущIэхэр. Сыту жыпIэмэ, сымаджэщ дохутырым деж нэмыс щIыкIэ, сымаджэр япэу зыIэрыхьэр къуажэм дэт поликлиникэм и фельдшерхэмрэ акушерхэмрэщ. Абыхэм сымаджэм лъы ирагъэт, узыншагъэр зыхуэдэр, къеузыр къалъытэри, итIанэщ щIыналъэ сымаджэщхэм щаунэтIыр. Аращи, курыт медперсоналкIэ дызэджэ лэжьакIуэхэм я щIэныгъэмрэ гулъытэмрэ куэдкIэ елъытащ узыр и чэзум къэхутэныр. Псом хуэмыдэжу, лышх узыфэр къыщIидзагъащIэу къэпщIэным куэдкIэ елъытащ сымаджэр хъужынрэ-мыхъужынрэ, - жеIэ Лышх узыфэхэмкIэ щIэныгъэ-медицинэ IуэхущIапIэм и унафэщI, профессор Кит Олег. 
Къыхэгъэщыпхъэщ мы Iуэхугъуэр зэрыяпэрейр, нэхъапэIуэкIэ апхуэдэ егъэджэныгъэхэр онкоцентрым зэи зэрыримыгъэкIуэкIар. Ар «Узыншагъэр хъумэн» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ ирагъэкIуэкIыу аращ. 
- Курыт медперсоналым мы зэIущIэхэм щагъуэта щIэныгъэр къагъэсэбэпурэ зрагъэсэнущ лышх узыфэр «предрак» лIэужьыгъуэу къыщыхъеягъащIэм къахутэфу. АдэкIэ фельдшерхэмрэ акушерхэмрэ я къалэнщ сымаджэм тхылъ къыхузэрагъэпэщу сымаджэщым яунэтIыну, - къыхигъэщащ Китым. 
Гу лъытапхъэщи, дызытепсэлъыхь егъэджэныгъэр пщIэншэщ, онлайн жыпхъэм иту йокIуэкI.

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: