Лажьэ зимыIэм пцIы тралъхьэ

 Iуэху гъэщIэгъуэн щокIуэкI ди гъунэгъу Осетие Ищхъэрэ-Аланием. Владикавказ щыцэрыIуэ, «Сидамон» телеграм напэкIуэцIыр зезыхьэ блогер Мисиков Бэтрэз хабзэхъумэхэм натIэрыуапIэ ящIащ Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым осетин лIыхъужь гуэрым еймкIэ яхъуэжыну хэтахэм къазэрыщхьэщыжам щхьэкIэ. 
 

Къаугъэм щхьэусыгъуэ хуэхъуар жылагъуэ лэжьакIуэ Газзаев Валерий къыхилъхьа жэрдэмырщ: Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым осетин лIыхъужь Тогузов Каурбек и цIэр фIащыжыну. Абы гуащIэу пэджэжащ Владикавказ щылажьэ коммунист партым хэтхэр. Ауэрэ зэдауэм зиубгъури, цIыхубэр лъэныкъуитI зэрищIыкIащ. Бэтрэз жиIа дыдэр, хьэмэрэ и телеграм каналым иритхар сыт жыпIэмэ, и губжьыр зригъэзэгъа псалъэхэр мыращ: «Урысхэм Ленинград зи цIэ къалэшхуэм я пащтыхьымрэ абы и ахърэт телъхьэмрэ я цIэр иратыжыфащ, осетинхэм я лIыхъужьым и цIэр зы уэрам закъуэм фIащыжыфынукъым….» 
ЩIалэр иджы ягъэкъуаншэ «урысхэр осетинхэм нэхърэ нэхъ лъагэу жиIэу, лъэпкъ зэпэщIэтыныгъэ къэзыгъэхъей псалъэхэр зэригъэIуам» щхьэкIэ. 
Псоми фIыуэ къацIыху Бэтрэз къыщхьэщыжакIуэхэри и мащIэкъым. 
«Сэ си цIэр Гутиевэ Джульеттэщ, - жеIэ видео зытрезыгъэха цIыхубз зэпIэзэрытым. – Сэ осетиныбзэмрэ литературэмкIэ изогъаджэ, илъэс 35-рэ хъуауэ сыегъэджакIуэщ. Утыку сыкъыщIихьар си еджакIуэ Мисиков Бэтрэз сыкъыщхьэщыжын щхьэкIэщ. Бэтрэзрэ абы и унагъуэмрэ сэ куэд дыдэ щIауэ соцIыху. Школым щIэсыху сэ а щIалэм фIы фIэкIа дэслъэгъуакъым. «Тхурэ» «плIыкIэ» еджэу щытащ. Ауэ и гулъытэр сыт щыгъуи гуманитар лъэныкъуэмкIэ ишэрт. Тхыдэмрэ обществознаниемрэ фIы дыдэу хищIыкIырт. Бэтрэз и Осетие цIыкIури, и лъэпкъри, и бзэри фIыщэу илъагъуу аркъудейщ. Сэ ар остетиныбзэм нэмыщI, ТКО-мкIэ, осетинхэм я хабзэмрэ щэнхабзэмрэ хуезгъаджэу щытащ. ЩIалэ цIыкIум егъэлеяуэ и лъэпкъри и бзэри фIыуэ зэрилъагъум гу лъыстэрт дерс къэс. Абы и щэнхабзэри и бзэри хъумэн зэрыхуейр къызэрыгурыIуэм сыщыгуфIыкIырт. Уеблэмэ блогер хъуа нэужь, сэ хэсша лъагъуэм пещэ жысIэри, си гуапэ хъуат. Абы лъандэри Бэтрэз Осетиемрэ абы щыпсэу цIыхубэмрэ яфI зыхэлъ Iуэху фIэкIа къиIэтауэ къысхуэщIэжыркъым. Аращи, си еджакIуэм икъукIэ срогушхуэ». 
Бэтрэз къыщхьэщыжащ «Осетием и анэхэр» зэгухьэныгъэри. КъызэрыщIэкIымкIэ, Мисиковыр илъэс I5 ныбжьым иту Беслъэн дэт еджапIэм щIаубыдауэ щыта сабийхэм яхэтащ. Абы и гъусащ и адэ-анэмрэ и къуэш нэхъыщIэмрэ. Псори къелащ, ауэ адэ-анэр уIэгъэ хьэлъэ хъуауэ щытащ. 
«Мы уэрамым и цIэр хъуэжын Iуэхур зэрыщыту дыгъуасэмрэ нобэмрэ егупсыс цIыхум и Iуэху еплъыкIэу аращ, - жаIащ «Беслъэным и анэхэм» хэтхэм. – Ар уигу ирихьынкIи хъунщ, укъигъэгубжынкIи хъунщ. Ауэ икIэри ипэри псалъэмакъыу аркъудейщ, армыхъумэ цIыхур судым щIепшэлIэн щхьэусыгъуэкъым». ЦIыхубзхэм яфIэкъуэншагъэщ терроризмэм и удыныр апхуэдэу гуащIэ зыхэзыщIа щIалэр утыку ипшэныр. 
ЩIалэм къыщхьэщыжу тхыгъэ къытехуазщ «Коммерсантъ» газетми. 
Бэтрэз зэрилъэкIкIэ зехъумэж, жылагъуэри къыщхьэщож. Иджыблагъэ нэтын къыдэкIащ Мисиковым и ныбжьэгъухэмрэ и цIыхугъэхэмрэ къыщыщхьэщыжу. Дыщогугъ захуагъэр текIуэу, щIалэр зэрыхейр къыщIэщыну. 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: