Лъэужь дахэ къигъэнащ

ЗэIусэм псэ хелъхьэ жыхуаIэ цIыхум хуэдэу щытащ Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ тхакIуэ IутIыж Борис (I940–2008). Нэхъыщхьэу ар зыхуэлэжьар литературэрщ, ауэ бзэм, публицистикэм, сурэт щIыным, скульптурэм, чеканкэм, журналистикэм, жылагъуэ Iуэхум, нэхъ убгъуауэ къапщтэмэ, адыгэ щэнхабзэм щыхузэфIэкIари дызыгъэин, дызэрыгушхуэ ехъулIэныгъэщ, - етх филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор БакIуу Хъанджэрий. - Адыгэ литературэм, щIэныгъэм, щэнхабзэм хуищIа хэлъхьэныгъэм и инагъыр, и фIагъыр, абы и лэжьыгъэхэм лъэпкъым сэбэпыныгъэу къыхуахьынур нэгъэсауэ къэлъыта хъуакъым иджыри. 
 IутIыжыр зыпэрыува IэщIагъэ псоми япхришащ зыми емыщхь и гупсысэри, адыгэм и Iуэху еплъыкIэри. Борис зэи игу ихуакъым лъэпкъыр зыхуэныкъуэр. Темэ, жанр къыщыхихкIэ ар еплъырт: сыт яIэщIэхуа е адрейхэм намыгъэсауэ къэна? Дэнэ щIыпIэ мыкIуами, сыт хуэдэ нэгъуэщI щэнхабзэ нэIуасэ зыхуимыщIами, ар япэу егупсысырт си лъэпкъым сыт фIыуэ къыхухэсхын жиIэу. Университет нэужьым IутIыж Борис Тбилиси ягъэкIуауэ щытащ аспирантурэм щеджэну, щIэныгъэм и кандидатуи къэкIуэжащ. А Iуэху щIагъэкIуам къыдэкIуэу, абы щыгъуэ Борис зэфIигъэкIащ лъэпкъ щэнхабзэм сэбэпышхуэ къыхуэзыхьа лэжьыгъи. 
ЗэрытщIэщи, пасэрей адыгэхэм яIащ гъущIыкIэкIэ Iэзэ куэд – къамэ, сэшхуэ, фоч, афэ джанэ, нэгъуэщI Iэщэхэри ящIу. А псом фIыуэ щыгъуазэ IутIыж Борис Тбилиси зэрыкIуэу гу лъитащ куржыхэр гъущI гъэпкIынкIэ (чеканкэ) лъэпкъ куэдым япэ зэрищам. Ар сурэтыщI цIэрыIуэхэу Ираклий Очиаурирэ Кобэ Гурулирэ я мастерскойхэм кIуэрей мэхъу, абыхэм я лэжьэкIэм, я Iэмэпсымэм кIэлъоплъ. Жэз гъэпкIыным дихьэха адыгэ щIалэм куржы сурэтыщIхэр къыдоIэпыкъу чэнджэщкIэ, ущиекIэ. ИкIи жэз игъэпкIхэм «хиухуанэу» щIедзэ адыгэ IуэрыIуатэм, мифологием, езым и пьесэхэм хигъэхьа персонажхэм я образхэр, гупсысэ къызэрымыкIуэхэр. СурэтыщI IэщIагъэм зэрыстудент лъандэрэ хуэмыхамэ щIалэм зыпэрыува а Iуэхури хъарзынэу къехъулIэ хъуауэ къегъэзэж. ЗэрыжытIащи, IэщIагъэ зыбжанэм хуэлэжьащ IутIыжыр. 
Ар псэу щIыкIэ адыгэ драматургием и классикыу къалъытауэ щытащ, ар хуэфащэт абы. Дызэрыщыгъуазэщи, пьесэр птхынуи, уеджэнуи, сценэм щыбгъэувынуи, анализ пщIынуи тыншкъым. Арагъэнщ драматургхэр щIэмащIэр. Зи ныбжькIэ щIалэу цIэрыIуэ хъуа драматург гъуэтыгъуейщ, сыту жыпIэмэ, абы гъащIэм фIы дыдэу хищIыкIыу щытын хуейщ. 
Драматургием и жанр псоми телэжьа IутIыжым итхащ пщIэ къыхуэзыхьа трагедиехэр – «Тыргъэтауэ», «Дамэлей», «Кушыкупщ», «Эдип», «Мазагъуэ», комедие куэд. «Тыргъэтауэр» цIэрыIуэ дыдэ хъуащ. 
Адыгэ тхыдэр тегъэщIапIэу зиIэ тхыгъэм драматургым ди нэгу къыщыщIегъэхьэж Синдикэ къэралыгъуэм и лъэхъэнэр. Мы трагедиер итхын и пэкIэ IутIыжым тхылъ куэд щIиджыкIащ, зытетхыхьыну лъэхъэнэм и щытыкIэм нэIуасэ зыхуищIу. Пьесэм и идее-гупсысэ нэхъыщхьэм щытепсэлъыхьым, езы Борис и хъуэпсапIэр мыпхуэдэу къигъэлъэгъуауэ щытащ: «…адыгэ тхыдэм хэта цIыхушхуэхэмрэ Iуэхушхуэхэмрэ къытхуахьа щIыхьхэр, ди напщIэм телъыным и пIэкIэ, ди лъым хэту, ахэм дапэхъуу икIи дахуэфащэу адэкIи дыпсэун, дыкIуэтэн, зытIэтын зэрыхуейр дэтхэнэ адыгэми ди гум къихьэну. Апхуэдэ блэкIа диIэу нобэрей гъащIэм дыкъыпикIуэт, ди лъэпкъ жьэгу мафIэр зэхэдгъэкIыж зэрымыхъунур, зэхэдгъэкIыжыну дызэрыхуимытыр хьэкъ тщыхъуну». 
Мис а гупсысэ инхэр кIуэцIрокI тхакIуэм и трагедие псоми. Трагедием нэхърэ мынэхъ мащIэу IутIыжыр телэжьащ комедие жанрми. Абы и комедиехэр цикл зыбжанэу гуэшащ: «ГушыIэ махуэ апщий», «ГушыIэр гушыIэщ», «ДыкIуэм-дылъэурэ», «Дунейр театрщ»... НэхъыфI хъуахэм ящыщщ «Гуащэмыдэхьэблэ» комедиер. Сыт хуэдэ жанрым щымылэжьами, Борис сыт щыгъуи гушыIэр и Iэпэгъуу щытащ. Студенту щыщытам щыщIэдзауэ абы и эпиграммэхэр дунейм къытехьэрт, языныкъуэхэм деж шарж гъэщIэгъуэнхэри щIыгъужу. 
Нэхъ иужьыIуэкIэ Борис гушыIэ дахэ, статья щхьэхуэ зыхуимытха хэту къыщIэкIынкъым къэбэрдей щэнхабзэм хуэлажьэхэм – тхакIуэхэм, композиторхэм, еджагъэшхуэхэм, артистхэм. Мы жанрми IутIыжым и Iэзагъэр къыщигъэлъэгъуащ. 
ТхакIуэр сыт щыгъуи яужь итащ лъэпкъ литературэр зэрыригъэфIэкIуэным, абы щIэуэ зыгуэр зэрыхилъхьэным. Апхуэдэхэм ящыщ зыщ зи жанрыр къэхутэгъуей, нобэр къыздэсым тхылъеджэхэм зэи ямылъэгъуа, «Гуащэпэж» тхыгъэ хьэлэмэтыр. И Iэрытхым кIэщIэт бжыгъэм тепщIыхьмэ, мыр Борис щитхар 2005 гъэрщ. Мыбы повестым и нэщэнэхэри, драмэм и хьэлхэри хэтщ. ЗанщIэу жытIэнщи, и композицэ зэхэгъэувэкIэкIи мыбы хуэдэ ди литературэм иIакъым. Iуэху екIуэкIхэр къэзыIуатэр сымаджэщым щIэлъ авторырщ, абы и псэлъэгъур… «Гуащэпэж» зыфIищар псэхэхырщ. А тIум яку щекIуэкI псалъэмакъыр Iыхьэ-Iыхьэурэ, темэ зыбжанэкIэ гуэшауэ кIуэцIрокI повестым (апхуэдэ жанрыр нэхъ хуэкIуэу къыщIэкIынщ, пыухыкIауэ зыгуэрым къытеувыIэну езы IутIыжыр темыгушхуами). Псэхэхыр, Хьэршым къокIри, сымаджэм деж къокIуэ, и Iэр къыхуещI, къоджэ, къоупщI къицIыхурэ къимыцIыхурэ. Сымаджэм жэуап ирет: «Къеблагъэ! «Си цIэр пщIэрэ?» – жыпIа? ПфIэзыщар сэра хуэдэ, сощIэ, уэлэхьи, ауэ, «дыдыд!» сэ апхуэдизкIэ сыщомэхъашэ а уэ къыпфIаща цIэми, цIэфIэщ джанэ къыспумыубыдынумэ, сеуэнурэ нэгъуэщI цIэ пфIэсщынут. ПфIэсщынури? Гуащэпэж! КIыфIыгъэм дыхэзышэж Гуащэпэж...». 
И пэ дыдэм щегъэжьауэ тхакIуэм мы сюжет гуузым зрегъэужь гушыIэ хьэлэмэт щIэлъу. Псом япэу сымаджэм Гуащэпэж и теплъэр къыщеIуатэ «Пу-пу-пу» зыфIища Iыхьэ цIыкIум. Абы егъэщIагъуэ цIыхухэм а Гуащэпэж ажалыфэ щIраплъыр. Ар «куэпэч нэщIэпкIэм» ирегъэщхь: «Фыкъысхуеплъыт, кхъа, мыбы: и нэхэр нэпIытIщ, и Iупэхэр фопIытIщ, теппIытIэмэ, мэгуэ-мэгуэ, фомрэ шэмрэ къыщIэмыувэну зы IэпапIэ иIэкъым: пу-пупу!!!». Сымаджэм (абы Гуащэпэж къыфIищащ «Хьэжмухьэмэд») «дуней нэпцIым» щигъэщIар, щилэжьар «инвентаризацэ» хуещI хьэщIэ къэкIуам. Ар къыщIедзэ «Си хьэрискхъуэрисхэр» IыхьэмкIэ. 
КъыкIэлъыкIуэ Iыхьэм, «Хьэл мыгъуэ» зыфIищам, IутIыжым гушыIэшхуэ щIэлъу и гугъу щещI тхакIуэ IэщIагъэр «хьэл мыгъуэ» зэрыхуэхъуам, а IэщIагъэм фэ щIагъуэ зэрырамыплъыжым, фейдэ къызэрыпымыкIым... Авторыр Гуащэпэж гуроIуэ «дуней пэжым» ишэжын ипэкIэ хуиIуэтэнухэм мыпIащIэу къедэIуэну, ахэр иухыху е иужэгъуху къежьэну. Хъыбархэр «Бисмилахьи» жеIэри кърегъажьэ, ауэ йоупщI: парт щыIэ а дуней пэжым? ЕгъэщIагъуэ хьэдрыхэ парт зэрыщымыIэр... АдэкIэ къэхъуну псом и гугъу тщIынкъым. Феджэнщ. 

 

Зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также: