Псэм и къуэпс зэмыфэгъухэр

 Дыгъэр къепсщ, псым хэпсэщ, нурыфIэу зэщIэблэри - псэр къэхъуащ. Псэм дахагъэу иIэмрэ плъыфэу абы игъуэтымрэ пхуэмытхынщ. Псэм къару мыкIуэщI зэрыхэтым и щыхьэтщ «псибл Iутщ» жыIэгъуэри. 
ФIыгъуэу, хужьыгъэу щыIэр зыхэлъ псэр ДыкъэзыгъэщIам зэхуэдэу, зэщхьу цIыхухэм къыщытхилъхьэкIэ, къыщытIуилъхьэкIэ, дипкъ щригъэувэкIэ, зэман зэрыдэкIыу языныкъуэхэр щхьэ нуркIэ мыблэжрэ, сыт дахагъэеджэу щIыщымытыжыр? Ар псэр йозэшри арагъэнущ. Ауэ ар пэжмэ, си адэ и псэр гуапагъэкIэ сыт щыгъуи щIэтыгъэр сыт, си анэм и псэм лъагъуныгъэкIэ щхьэ сигъэнщIрэ, си шыпхъухэм я псэхэр гулъытэкIэ сыт щIэкъулейр? Сыт сэ си псэр щIэадыгэпсэр? Абы и щхьэусыгъуэр къытхуэмыщIэ-къытхуэмыгъуэтми - ар Iейм дызэрыпэмыджэрщ, лейкIэ адрейхэм дазэрыпэмыувырщ. 
 Псэ зыхэмытыр мащIэщ дыкъэзыухъуреихьым ящыщу. Жыг гъагъэми, удз зыкъызэкъуэзыхми, уафэгум хуарзэу ит бзуущхъуэ цIыкIуми, уардэу къытщхьэщыт ди Iуащхьэмахуэшхуи, уэршэрыжу ежэх псыми – псоми я псэ яIэжщ. КъызэрысщыхъумкIэ, нэм фIэдахэ, гум ехуэбылIэ, удэзыхьэх, узыгъэгушхуэ, гуфIэгъуэ къозыт дэтхэнэми а къыббгъэдилъхьэр псэкIэщ зэрызыхэпщIэр. Псэ гуапэ, дахэ зиIэр налкъуту зэщIоблэ, теплъэкIэ гуакIуэщ, хьэлкIи Iэдэбщ. Пасэм щыгъуэ «фIыуэ узолъагъу» псалъэхэм кърагъэкIыр «уи псэр солъагъу» жиIэу арат. ПсэкIэ зэрыщIа цIыхуитIым яку къыдэхъуэ дахагъэр иужькIэ «лъагъуныгъэм» хуашащ… 
 НобэкIэ си псэр гугъу куэдрэ щехь щыIэщ. Абы и плъыфэкIэ зихъуэжауэ хьэмэрэ пкърылъ фIыгъуэкIэ мащIэ хъуауэ аракъым. Сыкъэзыухъуреихь, зэхэсх, слъагъу мыхъумыщIэ куэдыр си псэм тогъуалъхьэ, екъузри аращ. Тхьэм ирещIи, абыи сыпэлъэщынщ. Сыпэлъэщынщ, сыту жыпIэмэ дыгъэр къепсу зыхэпса псым къыщыхъуа си цIыхупсэр къызэзытар щыIэри, щыIари, щыIэнури зи IэмыщIэ илъ Алыхьырщ. 

МАХУЭЛI Беслъэн.
Поделиться:

Читать также: