Мэрем фIыгъуэм зыхэвмыгъэкIыжИслъам щIэныгъэлIышхуэ Гъэзэлий Iэбу Хьэмид «Дин щIэныгъэхэр къэгъэпсэужын» тхылъ цIэрыIуэм щытопсэлъыхь махуэ щхьэхуэхэм къадекIуэкI псапэ нэмэзхэм я щIыкIэр. Абыхэм я щапхъэщ мэрем махуэм хухэхар.
Алыхьыр арэзы зыхуэхъун Хьэлий Iэбу ТIалиб и къуэм къиIуэтэжащ Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам жиIауэ: «Мэрем махуэр зэрыщыту нэмэз щIыгъуэщ. Алыхьым и пщылIу зыкъэзылъытэж зы цIыху щыIэкъым дыгъэм бжым и лъагагъкIэ е нэхъ лъагэу зиIэта нэужь, андез ищтэрэ гу къабзэкIэ къулъшыкъу (духьа) нэмэзым и тIысыгъуитI ищIмэ, Алыхьталэм псапэ 200-м нэс хуимытхыну, Iуэху мыхъумыщIэ 200-м нэс къыхуимыгъэгъуну. ТIысыгъуиплI ищIмэ, Алыхьталэм абы Жэнэтым щиIэну унапIэр дэкIуеипIэ 400-кIэ хуиIэтынущ. ТIысыгъуий ищIмэ, Жэнэтым дэкIуеипIэ 800-кIэ щиIэтынурэ гуэныхьу телъ псори къыхуигъэгъунущ. ТIысыгъуэ 12 зыщIым Алыхьталэм псапэ 1200-рэ хуитхынущ, мыхъумыщIагъэ 1200-рэ къыхуигъэгъунурэ и Жэнэт унапIэр дэкIуеипIэ 1200-кIэ нэхъ лъагэу хуиIэтынущ».
Тхьэр арэзы зыхуэхъуну Нафихь, ХъэттIаб и къуэ Умар къылъигъэIэсауэ къеIуэтэж, Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам мыпхуэдэуи жиIауэ: «Мэрем махуэм мэжджытым щIыхьэу, мэрем нэмэзыр къэсын ипэ тIысыгъуиплI, дэтхэнэ зы тIысыгъуэми «Фат1ихьэ» нэужьым 50-рэ «Къулхуолэ» къибжу зыщIыр дунейм ехыжынукъым, Жэнэтым щиIэну унапIэр кърамыгъэлъэгъуауэ».
Поделиться:
Читать также:
13.09.2026 - 12:27 →
Псыгуэнсудэсхэм зэдагъэдэха пшыхь
13.09.2026 - 11:18 →
ГъащIэр лъапIэщ
13.09.2026 - 09:58 →
Уи бзэр уи псэу, уи дунейуэ
11.09.2026 - 18:17 →
ЩIы Iыхьэхэр ират
11.09.2026 - 16:15 →
Унагъуэхэм зыщIагъакъуэ
| ||




