НэщIикIыж хьидым щIыналъэр егъэбжьыфIэ

Мыгъэрей НэщIикIыж хьидыр гъатхэм и дахэ­гъуэу зэрырихьэлIам нэ­мыщI, мэрем махуэми техуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым къали къуажи къина къыщIэкIынкъым ар Iэтауэ щамыгъэлъэпIауэ.
 
«Къабылу Алыхьым фIих!», «ЕтIанэгъэ пIалъэ фIыкIэ Тхьэм фынигъэс!» - дэнэкIи щызэхэпхыр а псалъэухахэрщ. Дунейм ехыжахэр ягу къыщагъэкIыж, благъэхэм щакIэлъыкIуэ, гъу­нэгъу­хэм гулъытэ хэха щы­хуащI, уеблэмэ хамэхэр щызрагъэ­хъуапсэ махуэщ Нэ­щIикIыжыр муслъы­мэ­ным ­дежкIэ. ГуфIэгъуэм хьэб­лэм щы­щIедзэ. Къэ­­бэрдей-Балъкъэрыр мыин дыдэу щытми, хьид махуэм хухэха дауэдапщэхэр щIыпIэ-щIы­пIэкIэрэ мащIэ-мащIэу щы­зэщ­хьэщокI. Псалъэм и хьэтыркIэ, Къэбэрдеишхуэм «Iэубыдыр» щытепщэмэ, Джылахъстэнейм и хьид щIы­кIэм зэреджэр «кхъэ­дэкIщ». Щхьэж и нэхъыжь­хэр зыщIэлъ кхъуажэкхъэ­хэм хуэпIащIэ машинэхэр гъуэгум щызэтрехьэ. Абыхэм яхэтщ IэфIыкIэ зратыну сабийхэри япэ ищахэм я кхъащхьэм Iэ дэзылъэну кIуэ балигъхэри. АдэкIэ хьид нэмэзым и чэзур къос. 
Мин бжыгъэм щIигъурт Налшык дэт мэжджы­тыш­хуэм хьид нэмэзыр щы­­зы­щIыну мэлыжьыхьым и  21-м къекIуэлIахэр. Уеблэмэ зэ­хуэ­сахэм, абы и кIуэцIым щIэ­­мыхуэу, мэжджыт пщIантIэр яуфэбгъуат. КIуэ пэтми нэхъыбэ мэхъу шууэ, фащэ ящыгъыу мы махуэм къы­дэкIхэм я бжыгъэр. Иджы адыгэ цейкIэ хьидым хэтхэм я гъусэт Налшык щеджэ, муслъымэн къэралхэм къикIа, я лъэпкъ щыгъынымкIэ махуэшхуэм къы­хыхьахэри. 
Къызэхуэсахэм хъуэхъурэ хъутIбэкIэ закъыхуигъэзащ КъБР-м и муслъымэн Iуэ­ху­щIапIэм и унафэщI Дзасэжь Хьэзрэталий. Иужь­кIэ КъБР-м лъэпкъ Iуэху­хэм­рэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министр КIурашын Анзор республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъум къеджащ. А махуэ дыдэм КъБР-м и УнафэщIыр мэжджышхуэм екIуалIэри, муфтийм езыр ехъуэ­хъуащ. Дзасэжь Хьэзрэталий республикэм и Iэтащ­хьэр щы­гъуа­зэ ищIащ нэ­щIикIыжым епха дауэдапщэхэр щIыналъэм дагъуэн­шэу зэрыщекIуэкIым. 
Гуапагърэ нэжэгужагърэ щытепщэ мы махуэшхуэм и мыхьэнэр къыбгурыIуэн пап­щIэ, урикъунщ абы нэщI зы­Iыгъаи зымыIыгъаи, нэ­мэз зыщIи зымыщIи, уеблэмэ мымуслъымэни зэре­кIуа­лIэм. ИпэжыпIэкIи аращ цIыхугъэм и хабзэр. 
Гъэ къэси хуэдэу, Налшык дэт мэжджытышхуэм гуфIэгъуэр щыгукъинэжт. Лэ­гъу­пэжьхэм абдеж дыдэм щагъэхьэзыр шхыныгъуэхэр ягуэшу, сабийхэм папщIэ ягъэ­хьэзыра IэфIыкIэ хъуржын цIыкIухэр зэIэпахыу, шыгу зэщIэщIакIэ къэзыжы­хь­хэр щхьэхуэу, диным хэп­щIы­кIыр зыхуэдизыр къо­зыгъэщIэж упщIэхэмрэ уи жэуа­пым къыпэкIуа тыгъэ­хэмрэ тIуащIэ-щащIэу… 
НэщIикIыж хьидыр гъэ­лъэпIэнымкIэ зи цIэ фIыкIэ зыгъэIу къуажэхэм илъэс къэс цIэщIэ къахоувэ. Мы гъэми а хабзэ дахэм хиубыдащ Ислъэмей, Дыгулыб­гъуей, Зеикъуэ, Къэхъун, Дзэ­лыкъуэдэс, Псыгуэнсу, Кэнжэ, Псыхъурей, Хьэп­цIей, Болэтей, Хьэтуей, Джэр­­мэншык, иджыри зи цIэ къидмыIуа куэд. 
Губгъуэм щапщэфIа шхы­ным нэхърэ нэхъ IэфI щыIэ? Къэхъундэсхэми хьи­дыр щрагъэкIуэкIыну къыхахар къуа­жэ мэжджытым и пщIантIэрат. «Уи Iэ ижьым илъыр сэ­мэгум ире­мыщIэ» жыхуа­Iэм ещхьу, хэзылъ­хьам и цIэри ахъшэ халъ­хьам и бжыгъэри мынаIуэу, къэ­хъун мэжджытым екIуа­лIэ­хэм я къару защIэкIэщ ­ма­хуэш­хуэр къызэ­ры­зэра­гъэ­пэщар. Къапщтэ­мэ, адыгэм и цIыху зэхэ­шэ­кIэр игъащIэми зызымы­хъуэжщ: нэхъыжьым жьан­­тIэр хухэхащ, Iуэхутхьэбзэр зи пщэ къыдэхуэ щIалэгъуа­лэм етIысэхыпIэ яIэкъым, цIыхубзхэм ерыскъыр я пщэ дэлъщ, сабийхэм насыпыфIэну я къалэнщи, я зэш щытрагъэун ат­трак­ционхэр хурашэлIауэ, мэтхъэж. Фадэ хэмыту махуэшхуэр нэгузыужь мыхъуну къызыщыхъухэм я ­деж­кIэ фIэщщIыгъуейми, хьэ­­лэлрэ диным игъэдахэ хьэлрэ фIэкIа щалъэгъуа­къым зи гугъу тщIы Къэ­хъун хьидми адрей къуажэ зэхуэсхэми. 
Нэхъыбэр зэтехуэ щхьэ­кIэ, гъэ къэс къуажэ щхьэ­хуэхэм адрейхэм емыщхьу зыгуэр щIэуэ къыхалъ­хьэри, къыкIэлъыкIуэ илъэ­сым ар зигу ирихьам къещ­тэ. Узыдэ­плъеи­ну зыхуэ­фащэхэм язт Псыхъурей къуажэм ще­кIуэкIа, сабийхэм КъурIэныр гукIэ зэращIэр къэзыгъэ­нэIуа зэ­пеуэр. ЕгъэджакIуэм сурэ кIэщIхэм я зы кIапэ къри­гъажьэурэ, еджакIуэ­хэм ахэр и кIэм нагъэсырт. ­НэгузегъэужьыпIэ къудей мыхъуу, апхуэдэ хьид щIы­кIэм къыдэкIуэтей щIэб­лэр диным ирегъэхъуап­сэри, мы гъэм мынэщIыфар етIа­нэгъэ бэлэрыгъынукъым, дыгъуасэ нэмэз зы­мы­щIар пщэ­дей нэмэзлыкъым теувэнущ. 
ЕкIуу, дахэу, Iэуэлъауэншэу Хьид махуэр республикэм зэрыщекIуэкIар щIыналъэм ис муслъымэнхэр я хабзэ дахэм зэрытетым и нэщэнэщ. Дауэдапщэхэр иджыри зэфIэкIакъым. ЗыгъэIэпхъуахэм я гуфIэгъуэ махуэхэр иджыри республикэм щокIуэкI. 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: