Хьэуа

Дызэрыбауэ хьэуам и зэхэлъыкIэм уегупсысыну гъэщIэгъуэнщ. Ар зищIысым, щынэхъ къабзэм, щынэхъ псыIэм, нэгъуэщIхэми ятеухуауэ щIэныгъэм жиIэм деплъынщ. 
- Махуэм къриубыдэу цIыхум мин 22-рэ жьы жьэдешэ. Ар кубометр12м ноблагъэ. Хьэуауэ жьэдэтшэм и Iыхьэ плIанэм ди щхьэ куцIыр егъэнщI. 
- Хьэуам лъышэу (кислороду) хэтым нэхърэ азоту хэтыр зыкъомкIэ нэхъыбэщ. Азотыр процент 78-рэ, лъышэр - процент 21-рэ мэхъу. Хьэуам хэтщ нэгъуэщI газ лIэужьыгъуэхэри: углекислый газ, неон, водород. Ауэ ахэр мащIэ дыдэщ.
- Къапщтэмэ, хьэуар  газщ. Ауэ абы хэтщ нэгъуэщI пкъыгъуэ цIыкIущэхэр. Абыхэм аэрозолкIэ йоджэ. Языныкъуэ аэрозолхэр, псалъэм папщIэ, сабэмрэ шэжыгъэмрэ (пыльца) хьэуам хозэрыхь, жьы къыщепщэм деж. Хьэуам хихьэурэ зэбгрокI ар фIей зыщIхэри: кIэгъуасэр, Iугъуэр, автомобилхэм къриху газхэр, нэгъуэщIхэри. Хьэуам ахэр куэдыщэу хыхьа нэужь, я зэран йокI къэкIыгъэхэми псэущхьэми. 
- Хьэуар гъэкъэбзэным нэхъыбэ дыдэу хэтщ Сыбырым и мэз Iувхэмрэ Амазонкэм и мэзхэмрэ. Мэзхэм щхьэкIэ «дунейм и тхьэмбыл» жаIэ.
- ГъэщIэгъуэнщ: хьэуам псыи хэтщ. ПсыIагъэр къызэрапщым психрометркIэ йоджэ. Хьэуар нэхъ псыIэ дыдэ щыхъур уэшх къешхыну зыкъыщызэщIищIэм дежщ.
- ЦIыхум нэхъ лъагэу зиIэтыху хьэуам и щытыкIэм зехъуэж. Хьэуар псынщIабзэу къыпщохъу, ауэ ар щIы щхьэфэм къытохьэлъэф. Бгыщхьэ щыгум деж, псалъэм папщIэ, хьэуар нэхъ псынщIэщ. ЗыпIэта нэужь хьэуам и хьэлъагъым зэрызихъуэжым къыхокI, кхъухьлъатэ ущисым деж тхьэкIумэхэр зэрикудэр, зэрывур.
- Псым Iэзэу есхэм нэхъыбэрэ яхуошэч мыбауэу. 2010 гъэм Серверенсен Стиг, есынкIэ Iэзэр, псы щIагъым мыбауэу щIэсащ дакъикъэ 20-кIэ.
- Хьэуар дунейм и хъумакIуэщ. Абы щIылъэр егъэлеяуэ мыдийуэ е егъэлеяуэ къэмыплъу щигъэтщ. Озоным дыщехъумэ дыгъэм и къуэпсхэм яIэнкIэ хъуну зэраныгъэхэм.
- Хьэуар псом нэхърэ щынэхъ къабзэу къалъытэ Швейцариер, щынэхъ фIей дыдэщ Китайр.
УЭРКЪ Жыраслъэн.
Поделиться: