Марыхъу щхьэдэхыпIэм

- Иджы плъэгъуащ! - пидзыжащ Казар, урыс псалъэхэр ерагъыу зэхуигъакIуэри. ЩIалэжь цIыкIур ауаныщIу къызэрыпыдыхьэшхыкIам къызэщIигъэплъат ар.

- Уделэ уэ? Зыгуэр бжесIауэ ара? - пэгуныр къищтэжри, икIуэтыжащ адрейри.

Зэман дэкIыу Казар хы ФIыцIэ флотым и волонтер хъуа нэужь, а тIур абы щызэхуэзэжри, ныбжьэгъуфIи щызэхуэхъуащ. Коршаков Никодим а щIыпIэм щыщт, и адэр Ушаков и цIэр зезыхьэ эскадрэм и кхъухьхэм ящыщ зым и боцмант. Ар илъэс куэдкIэ хыдзэм зэрыхэтам щхьэкIэ уэркъ хозяйствитIи къратауэ апхуэдэт. Казармэ здыщIэсми щIалитIым я гъуэлъыпIэхэр щызэбгъэдэтт, я шхын гъэтIылъыгъэхэри зэхэлът. Классым щIэс псоми ныбжьэгъу къалъыхъуэрт - узэгъусэныр сыткIи нэхъ тыншт. Волонтёрхэм щыгъыни шхыни къратыртэкъым, илъэсищ курсхэр къаухыу, гардемаринхэм хабжэху.

Илъэс 19 дэкIауэ, хы десантым Мидие къалэ-быдапIэр къыщащтэм капитан-лейтенант Коршаков тырку фочышэ къытехуам ихьащ…

Зи чэзу щхьэдэхыпIэтэкъэ Феодосие рейдым хэт «Або» кхъухьым ису Серебряков Лазар Марк и къуэм (и унэцIэ къэпсэлъыгъуейр дэфтэру иIэм апхуэдэу щызэрахъуэкIат) лейтенант цIэр къыщыфIаща 1820 гъэм и мазаер. Хьэмэрэ, Варнэ пэмыжыжьэу щекIуэкIа зэхэуэр… «Париж» кхъухьым и батареехэм ящыщ зым и командиру здэщытым, топтегъапсэ къаукIам и пIэм иувэу, къалэнитIри зэдихьын хуей щыхъуар?

Абы игъащIэкIэ игу илъынут вице-адмирал Мессер щихъ Владимир и жорыр, бантыр щIыгъуу, къыщыхилъхьа дакъикъэр. Ар абы и япэ дамыгъэ лъапIэт. Ауэ псом нэхърэ нэхъ ехъулIэныгъэ ину къилъытэр и пщэ къыдалъхьа къалэнхэм пэлъэщу  зауэм зэрыхэтыфырт.  Серебряковым и нэгум къыщIыхьэжащ, кIэгъуасэр и нэкIум къищэщрэ, и щхьэм телъ уIэгъэ пхам лъыр къызэпхивыкIыу канонир нэхъыщхьэ Перегудов Савелий  «ефэ, зи щIыхьыр ин, дэгъуэу улэжьащ, шынэ къыптетхьэри, гуэныхь къэтхьырт», жиIэу псы гуащIэбжьэр псоми япэ къыщыхуишияр.

- Сытыт фыщIэшынэр?

- Уи щIалагъкIэ упэмылъэщынырт… Ауэ дыщыуащ.

ЩхьэдэхыпIэ пхуэщIынут, нэм къыщIэIэбэр щумылъагъу жэщ кIыфIым Къарабурну и Iэхэлъахэм ихьа «Глубокий» кхъухьыр мафIэ лыгъейм щызэщIищтар; Серебряковыр плъэмэ, тырку кхъуафэжьей зэщIэузэдахэм къаувыхьауэ, къахэуэу арат, ди кхъухьыр парламентар лIыкIуэу зэрыщытымкIэ ират сигналым щхьэкIи къызэтемынэу.

Бийм цIыхугъэкIэ ущыгугъыныр щхьэгъэпцIэжтэкъэ?.. Къэхъуар гурыIуэгъуэт - ди щIыбагъым къыдыхьауэ арат.

Хы Iуфэ толъкъуну кIэщIт а зэхэуэр: Эрменделэ кхъухь дэкIыпIэ зэвым къыдэува кхъуафэжьеишхуэм хуишэу ираутIыпща топ уэгъуитIым къыфIэкIыжакъым ахэр:  яхэлъэлъа мафIэм игъэгужьея тыркухэм къамэри джыдэри къыхуагъэдалъэурэ икIуэтыжахэщ. Ди кхъухьырати, гуIэфIтещIэжу иджыри зэ яхэуэжщ, жьы щабэм и  къепщэгъуэм зытриухуэри, зыкъигъэшыжащ.

Истамбыл жьэгъум кIэщIэс урысыдзэм и лагерым и адрыщI Тырку гъунапкъэхэм адкIэIуэкIэ емынэ узыр къызэрыщыхъеямкIэ хъыбар къыщрагъэщIар, хы ФIыцIэм и къуэкIыпIэ Iуфэм екIуэкIыу быдапIэ щаухуэн хуейуэ дзэр щрагъэтIысыкIар, Новороссийск зэраухуар-щэ?..

Жэщ псом бла шэху уэздыгъэм  и нур фагъуэр зэм сэху зэмыта блын быркъуэшыркъуэм, зэм зэкIуэцIыхауэ щылъ картэм тридзэрт, къежэх ткIуэпс пщтырхэр напIэзыпIэм дийрэ, гъуэжьыфэу лъащIэм щызэтрихьэжу.

         - ЗэрыжыпIэмкIэ, иджы хуэдэ зэманым Марыхъу гъуэгуаещ?

         - Мы щIыпIэм щыпсэухэм я псалъэм тепщIыхьмэ, зи щIыхьыр ин, - икIыу хуежьа и щхьэр ищIащ полковник Карлгоф, штаб нэхъыщхьэм и офицерым и аксельбант дыщафэ хэлъыр мащIэу зэрызигъэхъеям дэтхытхыу.

         Iуэхум фIыуэ зэрыхищIыкIымрэ зэрыхуэхьэзырымрэ псыIагъ зыщIэт нитIым ехьэкI хэмылъу къыбжаIэ щхьэкIэ, зы хъуаскIэ цIыкIу къыщIихырт, мыарэзыныгъэм къыхихми уигъэкъуаншэми къыпхуэмыщIэу.

         - Иджыпсту августым и кIэщ. АдэкIэ нэхъ гугъуж мыхъуну пIэрэ?

         - ХъункIи мэхъу, зи щIыхьыр ин, ауэ… иджыпсту фIэдмыгъэкIмэ нэхъыфIу соплъ, - Серебряковым зэпиудащ абы и псалъэр.

         - Къысхуэгъэгъу, зи щIыхьыр ин, ауэ уэ чэнджэщ ухуей?

         - Хьэуэ, полковник, уэ Iуэхум узэреплъыр къэсщIэну сыхуейуэ арати, къэсщIащ. Гугъуехьыншэ ухъу.

Серебряковым гу лъитат, и зыгъазэр зы мазэщ жыпIэ пэтми, зи псалъэм хуэсакъ гупсэхууи къыпщIэдэIу, чэнджэщи къозытыф Карлгоф игъэзащIэр Кавказ хы Iуфэ линэр зи IэмыщIэ илъ IэнатIэм и штабымрэ канцеляриемрэ я унафэщI къулыкъумкIэ зэримыухыр. Армырамэ, Бытырбыху дауэт зэрынэсыр, унафэ ищIхэм щыщIэдзи, и гъащIэми, и щхьэми, и хьэл - щэнми ехьэлIауэ, дзыгъуэ гъуанэ дихьар?

         Къилъ-къипкI дзыр нэщIыбагъкIэ къыфIэзыща, зи пэр дэгъэзея остзейскэ баронхэм, кхъухьыдзэм и фащэр лыду ящыкъузарэ, ар езым къадекIуэкI лъэпкъ фащэу фIэкIа къызыщымыхъужхэм я фэт Серебряковым штабым и унафэщIым ириплъыр. МащIэри и дзэр зэтрикъузэн хуей хъуртэкъым абыхэм щызэгуагъэпкIэ. И къулыкъумкIэ дэкIуеиху, къыщIэнакIэхэмрэ къыхуэпсалъэхэмрэ нэхъ мащIэ зэрыхъум гу лъитэрт абы. Апхуэдэу гу лъитэрт, курляндскэ, лифляндскэ баронхэр къыщыIуплъэкIэ, фэху Iуралъэфа хуэдэ, я Iупэ пIащIэхэр къемыдэIуэжу зэрыхэлъэтым. Абыхэм я гум илъри, и нэжьгъым къраубыдэну зыхуейри,  щIиджыкIам хуэдэу, Серебряковым ищIэрт.

         - Зи щIыхьыр ин, бгырысхэм апхуэдизу уащIыхуэгумыгъуэр, уэри къуэкIыпIэм илъ зэрыпщIэтыр армырауэ пIэрэ? Армырауэ пIэрэ, цIыхур щызэтраукIэ карательнэ зекIуэхэм я пIэкIэ зэпсэлъэныгъэ кIыхьхэр, уеблэмэ туземцхэм сату зэпыщIэныгъэхэр мамыру ядегъэкIуэкIыныр къыщIыхэпхыр?...

Хьэуэ, Серебряковыр бийм яхуэщабэу пхужыIэнутэкъым, ауэ къилъыхъуэри зыхущIэкъури пэжырт. Ар зэреплъымкIэ, а щIыналъэхэм щыпсэу лъэпкъхэр гъэмамырынымрэ зегъэужьынымрэ я къежьапIэ хъун хуейри а пэжырт.

МафIэ щIадзэу ягъэсын хуейуэ унафэ ятрищIыхьырт абы,  Тыркум гъэпщкIуауэ Iэщэ къизыш кхъухьхэр, гъэрхэр къищтэрт, урысыдзэ постхэм ятеуэхэмкIэ леймыгъэгъут. Ауэ апхуэдэм щыхуэкIуэр нэгъуэщI Iэмал щахуимыгъуэтыжым дежт. Хэкум папщIэ тхьэрыIуэ итат абы. Iимамхэмрэ шейххэмрэ егъэлеиныгъэ зыхэлъ я жыIэхэм цIыхур щхьэхуимыту зэрыщIагъэувэр, бгырыс къуажэхэм кIуэурэ зыущий инджылыз лIыкIуэхэм гъуни нэзи зимыIэ хьэгъэщагъэрэ гъэпцIагъэрэ зэрызэрахьэр, цIыхур къызэрызэщIагъэстыр - ищIэрт псори Серебряковым.

         - Пщэдджыжь дожьэ, полковник.

         - Къалэнхэр зэбгрыстыкIащ, зи щIыхьыр ин…

         - ПIалъэкIэ уи къулыкъур зэптыни къэлъыхъуэ, полковник, - Серебряковым и гур тезэгъауэ хуеплъэкIащ штабым и унафэщI  Iэнкун къэхъуам.

 ПщIэнтIэпс щIыIэр и натIэ фагъуэ лъагэм къекIуарэ, жиIэнури имыщIэу, и пащхьэм илъ къэрэндащхэр мо и Iэгу IузэмкIэ зэригъажэ хуэдэурэ зищIащ адрейм, зэрыумэзэхыпам гу лъримыгъатэмэ нэхъ къищтэу.

         - КъызэрызгурыIуамкIэ, уэ…

         - Тэмэму къыбгурыIуащ, полковник, - жиIэнури нримыгъэгъэсу пыгуфIыкIащ Серебряковыр.

         - Уи щIэныгъэ куумрэ щытыкIэр фIыуэ зэрыпщIэмрэ… ауэ щыхъукIэ, къытпэщылъ зекIуэр, зэрыгурыIуэгъуэщи, дзэ Iуэхум нэхърэ куэдкIэ нэхъ ехьэлIащ щIэныгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ.

Серебряковым и иужьрей псалъэхэм щIилъхьа щIагъыбзэр зыхуэгъэпсар Карлгофт, полковникыр къызэщIигъаплъэу, ар къыпэувыжмэ нэхъ къищтэу - иIэт абы жриIэн, зэман ихуэным пэплъэу арат. АрщхьэкIэ полковник къэгузэвам, пыгуфIыкI хуэдэу зищIа мыхъумэ, адэкIэ къыфIигъэкIакъым.

         - КъызгуроIуэ, зи щIыхьыр ин, уэ урыс географие зэгухьэныгъэм ухэтщ, Кавказыр ауэ къэгъэнауэ, Урысейми апхуэдэ куэд ущрихьэлIэнукъым.

         - Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ар пэжщ, - кIэщIу иухащ, адэкIэ зыгуэр ириухылIэн къудейуэ гукъыдэж лъэпкъ хуимыIэу. Арыншами дяпэкIэ махуэ къэс игъусэн хуей хъунущ, Бытырбыху нигъэсын игъуэтын хуэдэу. Хэт ищIэрэ, икIэм-икIэжым, абыхэм къагурыIуэнкIи хъунщ, вице-адмирал Серебряковым къыхиха гъуэгур кIэ зимыIэ Кавказ зауэмкIэ нэхъ зэрытэмэмыр.

Хьэуэ, гъащIэ щхьэдэхыпIэхэм ящыщ зыуэ къэплъытэ хъуну къыщIэкIынкъым бгым  дэкIыныр, щхьэж иIыгъ къулыкъум елъытауэ, къытралъхьэ къалэныр щагъэзащIэ  службэ къызэрыгуэкIыу арагъэнщ. Зиужь дихьа Iуэхури делагъэ зэфэзэщу къыщIэкIынри хэлъщ. Карлгофщи, си къулыкъум фIэмылIыкIыу щытамэ, ар къызэрыддимыIыгъынум шэч лъэпкъ хэлътэкъым: илъэс 60 хъуа хыдзэлIыр тогушхуэ, урыс фащэ зыщыгъ зы цIыху игъащIэм щемыувэха къурш гъуэгуар зэпичу, жагъуэгъунэкIэ къыдэплъ бгырысхэм ялъихьэну, хъумакIуэ дахэ-дахэ имыIэрэ, Марыхъу щхьэдэхыпIэм нэс верст 200-м нэхърэ мынэхъ мащIэ гъуэгуани дэлъу - щхьэшхуэ ухуейтэкъым ар къыбгурыIуэн щхьэкIэ.

ЗэзыдзэкIар Лъостэн Музэщ.

Поделиться: