Япэ сайтырЯпэрей компьютер зэпыщIэныгъэхэр (сеть) 1960 гъэм къэунэхуу щIадзащ. Ди зэманым псори дызэса интернетыр абы щыгъуэ щыIэтэкъым. ИкIи ар къызытехъукIыжар ARPAnet зэпыщIэныгъэрщ. 1970 гъэхэм ARPAnet-м къудамэ15 къыхэкIырт. Къэунэхуащ электрон пощтри. 1971 гъэм «@» дамыгъэр e-mail-м пащIащ. Томлинсон Рэй япэ пощт клиент зэригъэпэщащ, TENEX системэм и гъусэу. Япэ дыдэ браузерри къэзыгупсысар Бернес Лищ. Ар япэщIыкIэ компьютер графикэм тету лэжьэфыртэкъым, тхыгъэрт зытещIыхьар. Браузерым гиперссылкэхэр щIыгъут, ухыхьэн папщIи I бжыгъэм щегъэжьауэ 45-м нэс къыхэпхырти иптхэрт. Сайтыр NeXT компьютерым и серверым хэтт.
Поделиться:
Читать также:
08.05.2024 - 17:09 →
Хэт и дамэр нэхъ кIыхь?
08.05.2024 - 16:06 →
Зауэм и бынхэм гулъытэ хуащIу
08.05.2024 - 14:02 →
Радиом и махуэм теухуа телечэщанэ джэгу
08.05.2024 - 13:00 →
Зи пIалъэр икIахэр къуащэнукъым
08.05.2024 - 12:38 →
ЛIыгъэ зыхэлът
|