Зэрамыгугъауэ къыщIэкIащ

Урысейм и КъухьэпIэ лъэныкъуэм хиубыдэ щIыналъэхэм щыпащэ батыргъэн удзым ебэныным теухуауэ къэралым къыхилъхьа Iуэхум.
ЩIэныгъэлIхэр апхуэдизу зыгъэпIейтей удз баринэ лъагэшхуэр ди щIыналъэм щыпсэухэм фIыуэ яцIыху. Кавказым и къурш лъапэхэм, мэкъупIэхэм пэмыжыжьэу сыт щыгъуи хуиту къыщыкIырт ахэр икIи апхуэдиз хьэргъэшыргъэ зэи иращIэкIыу къекIуэкIакъым. Ахэр гъавэщIапIэхэми унагъуэ хадэхэми къэсыркъым, а къыщыкI щIыпIэм зэрызыщиубгъушхуи щыIэкъым, уеблэмэ мэкъуауэ кIуэ лIыжьхэм Iэпыдзлъэпыдзу здашэ цIыкIухэм гурагъаIуэрт ар IэкIэ кърамычмэ зэрынэхъыфIыр, абы и псыр зылъэIэса я Iэхэр, я нэкIухэр имысын щхьэкIэ. ЗыгуэркIэ фэм нэсамэ, сыхьэт бжыгъэкIэ морафэ къыщIыхьэрт, а  исар зэгуэр телъэфыжырти, пIэи къэмынэу хэгъуэщэжырт. АтIэ сыт ар  апхуэдизу адрей щIыналъэхэм щыбэгъуэныр къызыхэкIар?
КъэхутакIуэхэм дызэрыщагъэгъуэзамкIэ, борщевикым и лъахэр Кавказымрэ Тыркумрэщ икIи, зэрыжытIащи, абы нэгъуэщI щIыпIэ Iэпхъуэнуи зигъэхьэзырыртэкъым. Къапщтэмэ, урысей биологхэр абы япэу щыIущIари щытетхыхьари 1940 гъэрщ.
КъухьэпIэ Урысейм батыргъэным и жылэр уэру щыхасащ. Здрашари дэнэт? - Къэбэрдей - Балъкъэрым. Ар къыщыхъуар1951 - 1952 гъэхэрщ. Зауэ нэужь лъэхъэнэр гугъут, къэралым иIэщ  хозяйствэ зэхэкъутар икIэщIыпIэкIэ зэфIэгъэувэжын хуейт. Насыпджэш жыхуиIэм хуэдэу, а удз лIэужьыгъуэм щIэныгъэлIхэр зэрымыщIэкIэ IущIащ: бэгъуауэ къокI, елэжьыни кIэлъыплъыни хуэмейуэ, метри 2 - 4-кIэ дэкIей удз щхъуантIэ цIынэшхуэхэр Iусыпхъэ хьэзырт, псом хуэмыдэу гъэшкIэ зыщыгугъ жэмхэмкIэ. Зэман дэкIа нэужь къахутащ апхуэдизу фIыкIэ зыщыгугъа удз лIэужьыгъуэр зэрышынагъуэр. Абы и тхьэмпэхэм яхэлъ, фэр тезысыкI пкъыгъуэр Iэщхэм я узыншагъэмкIи зэранщ, жэмхэм къыщIаш шэми хегъэщI, къыщыкI щIыпIэм езыр щытепщэщи, ихъуреягъым нэгъуэщI зы удзыпэ къыщыхигъэкIыркъым. И жылэхэр жыжьэ епхъ, ахэр щIым илъэси 5 - 15-кIэ щIым хэлъа нэужькIи зыри къащыщIыркъым.
  Апхуэдэ зэраныгъэхэми емылъытауэ, ар къэгъэсэбэпын щыщагъэтар илъэситху  ипэкIэщ, апщIондэху ар Iусыпхъэхэм хъарзынэу хагъэзэгъащ. АтIэ иджы сыт къэхъужар? Къэхъуаращи, зэрымысэбэпым и щIыIужкIэ, щIыуэ яIэр зэщIещтэ, къахуэмыгъэувыIэу. Псом нэхърэ нэхъ ягъэщIагъуэр ар здраша езым и лъахэм апхуэдэ зэраныгъэ зэрыщимыщIэрщ икIи абы и гъэкIуэдыным зыри зэремылIалIэрщ. Абы и щхьэусыгъуэри къахутащ: Кавказым и щIыуэпсыр къулейщ батыргъэным зримыгъэубгъуу пэщIэтыф удз къарууфIэ куэдкIэ. Абыхэм удз зэраным зрагъэубгъуркъым, Iэщым яIухуэ мащIэм зэраныгъи къишэркъым.
Жылэр хасэу къыщагъэкIа щIыпIэхэр Кавказым хуэдэу къэкIыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ къулейкъым.  Батыргъэным къыпэрыуэн щимыIэм, езым псори зэщIищтащ, ауэ щыхъукIэ мо хуиту, пэрыуэншэу къэкI удзым и  инагъми и лъагагъми куэдкIэ щыхэхъуащ, къызытехъукIахэми ефIэкIыжу. Киров щIыналъэм и закъуэ къэтщтэнщи, гектар мин 218-рэ щызэщIищтащ абы икIи удзым ебэныным хухахащ сом мелуан 32-рэ. 
Ар гъэкIуэдыным теухуауэ къэралым къыхилъхьа Iуэхур гъэзэщIэным Iэмалу яIэр ирахьэлIэн щIадза къудейуэ къэхъуар гъэщIэгъуэн дыдэщ. 2019 гъэм унафэ къыдэкIащ удз зэранхэм я деж япэ увыпIэр щызыубыдар зи щIыналъэ къыщагъуэтхэм къэралыр зэретхьэкъунумкIэ. АдэкIэ къэхъуар гъэщIэгъуэнщ - батыргъэныр, зэрамыгугъауэ, телъыджэ гуэру къыщIэкIащ: абы, хуэдэ щымыIэу, хьэуар егъэкъабзэ, удзыжьуи къалъытэм къыхащIыкIа щIыгъэпшэрыр апхуэдизкIэ къэуатщи, сыт хуэдэ хадэхэкIри егъэбатэ, егъэбагъуэ.
 Урысейм цIыху щымыпсэууэ сытым хуэдиз щIы IэнэщI иIэ… ЗэрыфщIэщи, ахэр удзыжьхэм ящыхъумэгъуейщ, атIэ мис ар щыхасэмэ, жыги къуаци къыщымыкIыу, щIыр игъэкъэбзэнущ, этанол спирт къыхащIыкI, фошыгъу жэгундэм и пIэкIэ къагъэсэбэп хъунущ. Дызэхуевгъэплъыт мыпхуэдэ бжыгъэхэм:  фошыгъу жэгундэм IэфIагъыу щIэлъыр зэрыхъур процент 20 - 24-рэщ, батыргъэным ар 31-м щынос, зы гектарым хуэзэу тонн 50 къытрахынущ, хасэрэ къагъэкIыу хуежьэмэ, тонн 250-ми нагъэсыфынущ. Ар фошыгъу къамылу къытрахым  нэхърэ хуэди 4-кIэ нэхъыбэщ. Зы удз тонным фошыгъу  килограмми165 - 295-рэ къыхахыфынущ.
Башкирием и щIэныгъэлIхэм а удзым къыхащIыкIыну загъэхьэзыр тхылъымпIэ гъуабжэр. КъухьэпIэ къэралыгъуэхэм иджыблагъэ къызэрахутамкIэ, абы и псымрэ ультрафиолетым и нурымрэ пхъэнкIийхэмрэ пластикэмрэ щыщ къахэмынэу игъэкIуэдынущ.
Ди псалъэмакъыр нэдгъэсынщ батыргъэным къыхиха фомкIэ - нэхъыфI дыдэхэм ящыщу къыщIэкIащ. Карамелым и мэ гуакIуэр къыхех, гум фIэIэфI ткIыбжь мащIи къыщIыхьэу. Абы и щIыIужкIэ, лъынтхуэ зызыхуэзышахэр кърегъэутIыпщыж (спазмалитикщ), Iэпкълъэпкъым зрегъэгъэпсэху. А псоми къагъэлъагъуэ дунейм зы къэкIыгъэ зэрану зэрытемытыр, а нэхъ Iейуэ жыхуаIэхэри зыгуэрым зэрисэбэпыр, абыхэм я щэхум цIыхур лъэIэсыф закъуэмэ. 

 

Лъостэн Музэ.
Поделиться: