НОБЭ

Мэкъуауэгъуэм и 26, блыщхьэ
Наркоманиемрэ наркотикхэр щэнымрэ ебэныным и дунейпсо махуэщ
Залымыгъэ зыкIэлъызэрахьахэм къащхьэщыжыным и дунейпсо махуэщ
1920 гъэм Налшык и Затишье хьэблэм къалэм и япэ санаторэ къыщызэIуахащ.
1938 гъэм КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутатхэр япэу хахащ.
1938 гъэм къалъхуащ режиссёр, КъШР-м и цIыхубэ тхакIуэ Абдокъуэ Маталио.
1945 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор, МАИ-м и академик Къэсей Борис.
1990 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспондент Багъэтыр Луизэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 30 - 31-рэ, жэщым  градус 21 – 23-рэ щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Къуэ бзаджэм адэм хъуэн къыхуехь.
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

03.05.2024 - 09:08 НОБЭ
02.05.2024 - 12:21 НОБЭ
27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ