Мэкъумэш зэIущIэ-гъэлъэгъуэныгъэхэр «PROАгро СКФО 2.0»-р - Къэбэрдей-Балъкъэрым

ФокIадэм и 20 - 22-хэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Аруан районым хыхьэ Чернэ Речкэ къуажэм дэт «Шато-Эркен» туризм центрым щекIуэкIынущ мэкъумэш-промышленнэ комплексым пыщIа хьэрычэтщIапIэхэм зегъэужьыным теухуауэ «PROАгроСКФО2.0» урысейпсэ зэIущIэрэ мэкъумэш-техникэ, оборудованэ гъэлъэгъуэныгъэмрэ.

МахуитIкIэ екIуэкIыну программэм хыхьэнущ «Лъэпкъ фермер» мэкъумэш IуэхущIапIэхэм я зэгухьэныгъэм и зэIущIэ зэIухар. Абы и хьэщIэнущ икIи къыщыпсэлъэнущ къэралым щыцIэрыIуэ хьэрычэтыщIэ Сирота Олег. Къэбгъэлъагъуэмэ, иджы дыдэ зэхыхьа «Лъэпкъ фермер» урысейпсо зэгухьэныгъэм нобэ иIэщ щIыналъэ къудамэу 24-рэ, абы хэтщ къуажэр фIыуэ зылъагъуу, абы зегъэужьыным и гуащIэ хэзылъхьэу фермер 3000-м нэблагъэ.

«PROАгроСКФО2.0» зэIущIэм и къызэгъэпэщакIуэр «Агросоюз КБР» зэгухьэныгъэмрэ «Лъэпкъ фермер» зэгухьэныгъэм и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэмрэ я унафэщI, ди къэралым и япэ агроблогер, агроном, «TEUNOV GROUP»-м и тхьэмадэ Теунэ Муратщ. Абы и жэрдэмыр къыдаIыгъащ КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм, шхапIэхэмрэ хьэщIэщхэмрэ зыгъэлажьэхэм я зэгухьэныгъэм, Кавказ Ищхъэрэм и туризм индустрием хэтхэм, «Деловая Россия»-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм, нэгъуэщIхэми.

Зи гугъу тщIыр Урысей Ипщэм мэкъумэш къэкIыгъэхэмрэ Iэщ гъэхъуным телажьэхэмрэ я зэIущIэшхуэу щытынущ. Абы кърагъэблэгъэнущ жыг хадэхэр гъэкIынымкIэ, пхьэщхьэмыщхьэ хъумапIэхэр щIынымкIэ, щIыгъэпшэрхэмкIэ, къэкIыгъэхэм ирахьэлIэ хущхъуэхэмкIэ, Iусыпхъэ гъэхьэзырынымкIэ, нэгъуэщIхэмкIи щIэныгъэ зыбгъэдэлъ еджагъэшхуэхэмрэ IэщIагъэлIхэмрэ. Абыхэм къызэрагъэпэщынущ мастер-классхэмрэ «стIол хъурейхэмрэ». ЗэIущIэм кърихьэлIэ хьэрычэтыщIэхэм, мэкъумэш IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм Iэмал ягъуэтынущ нэхъ гъунэгъуу зэрыцIыхуну, лэжьыгъэ IэмалхэмкIэ зэдэгуэшэну, зэгурыIуэныгъэхэр зэращIылIэну.

ХьэрычэтыщIэ икIи жэрдэмщIакIуэ Теунэ Мурат къызэрыджиIамкIэ, «PROАгро СКФО» япэ мэкъумэш зэIущIэ-гъэлъэгъуэныгъэр республикэм щекIуэкIауэ щытащ дызэрыт илъэсым и гъатхэпэм. Абы щыгъуэ зэхуэсым кърихьэлIат цIыху I000-м щIигъу. Сом мелуан 40-м щIигъу и уасэ зэгурыIуэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэращIылIащ абы щыгъуэ. Къызэхуэсахэм я пащхьэ иралъхьащ мэкъумэш хозяйствэхэм зегъэужьыным ехьэлIа иджырей щIэныгъэ лэжьыгъэхэр.

«Псалъэм папщIэ, мэкъумэш-техникэ гъэлъэгъуэныгъэм, зэIущIэм хэтыну ди деж къэкIуахэм ялъэгъуа техникэхэм щыщ ягу ирихьрэ къащэхуну яужь ихьэмэ, сэ садэIэпыкъуфынущ, я уасэхэм бжыгъэ гуэрхэр яхукIэрезгъэгъэхуфынущ. Апхуэдэ зэгурыIуэныгъэхэр диIэщ къызэгъэпэщакIуэхэмрэ гъэлъэгъуэныгъэм хэтхэмрэ. Мыпхуэдэ зэIущIэхэр псом япэрауэ зыхуэунэтIар мэкъумэшыщIэхэращ, - мы зэманым дунейм щыпэрыт, щIэуэ къежьа техникэхэм, технологиехэм щыдгъэгъуэзэну, чэнджэщкIэ, щIэныгъэкIэ защIэдгъэкъуэну аращ. Гугъэ щыIэщ иджы екIуэкIыну зэхуэсри нэхъ гъэщIэгъун, нэхъ купщIафIэ хъуну, абы кърихьэлIэнухэм щхьэпэ яхуэхъуну, щIэ куэд къыхахыну», - къыхигъэщащ Теунэ Мурат.

Мэкъумэш гъэлъэгъуэныгъэ-зэIущIэм хьэщIэхэм папщIэ лъэпкъ шхыныгъуэхэр щыкуэдынущ, ди щэнхабзэми щыгъуазэ ящIынущ.

                                                ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

 

Поделиться: