ЛIыгъэр цIыхум щыгъупщэркъым

Налшык къалэм щIэпхъаджащIэхэр къызэрытеуэрэ илъэс 18 дэкIыжащ. Мамыру зи гъащIэр езыхьэкI ди щыхьэрым и псэхугъуэр къызэпаудат. Хабзэхъумэ IэнатIэхэм теуахэм Iэщэр зыIэрагъэхьэу Къэбэрдей-Балъкъэрым бжьыпэр щаубыдын мурадышхуэр яIэт. АрщхьэкIэ республикэм къэ­рал кIуэцI IуэхухэмкIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр къикIуэтакъым икIи лIыгъэ яхэлъу бзаджащIэхэм япэ­щIэуващ. 2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-р ди щIыналъэм дежкIэ махуэ хьэлъэщ, а зэпэщIэувэныгъэм я къалэн ягъэзащIэу зи щхьэ хэзылъ­хьахэр ягу къагъэ­кIыж. 

Дыгъуасэ, Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм я фэеплъ махуэм, Налшык ­къалэм Полицэм и скверым деж пэкIу щекIуэкIащ. Абы ­хэтащ ­КъБР-м и Пар­ламентым и УнафэщI Егоровэ ­Татьянэ, КъБР-м и Правитеьствэм и УнафэщI Му­суков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Му­хьэмэд, республикэм и ­министрхэр, полицэм, дзэм къулыкъу щы­зы­щIэхэр, жы­лагъуэ, дин IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр, республикэм и щIалэгъуалэр, нэгъуэщI­хэ­ри. Къызэ­хуэсахэм зэха­-хыу, абдеж къыщраIуащ жэп­уэгъуэм и 13-м хэкIуэда ­лIы­хъужьхэм я цIэ-унэцIэ­хэр. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и министр Къуэшырокъуэ За­лым къыщыпсалъэм жи­Iащ илъэс къэс жэпуэгъуэм и 13-м ягу къызэрагъэ­кIыжыр я къалэн ягъэзащIэу хэкIуэда лэжьа­кIуэхэр. 
- Республикэм зэрыхьзэ­рий къыщагъэхъуну мурад бзаджэ зиIахэр къагъэувыIэным хабзэхъумэ IэнатIэм и лэ­жьакIуэу 35-м я псэр щIатащ. Апхуэдэуи абы зыри зимылажьэ цIыху 14 хэкIуэдат, щэ бжыгъэм щIигъум фэбжь ягъуэтат, - жиIащ къэпсэлъам. - УФ-м и Президент Путин Владимир абы щыгъуэм къыхигъэщауэ щытащ ди хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэр псын­щIэу, зэпэщу Iуэхум зэрыбгъэдыхьар. Ди лIыхъужьхэм я фIыгъэкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым ­гъащIэ мамырыр щызэтедухуэжыфащ, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, щIэп­хъа­джа­гъэхэр ялэжьыныр ди зэманми зэпагъэуркъым. Ар до­лъагъу нобэ Урысейм къытезэрыгуэну хьэзырхэм я мурадхэмкIэ - зауэ къагъэхъеин папщIэ, мафIэр къызэ­щIагъаплъэ зэпытщ. Нобэ республикэ унафэщIхэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ зэгъу­сэу дыхущIокъу икIи Iэмал псори къыдогъэсэбэп щIэпхъаджагъэм дыпэщIэ­тыным хуэгъэзауэ. Жэпуэ­гъуэм и ­13-м хэкIуэдахэм я Iыхьлыхэм нобэ яжетIэну дыхуейт я щIалэхэм я лIыгъэр зэрытщымыгъупщар икIи сыт щыгъуи ахэр щIэблэм щапхъэу къахуэ­тхьу дызэрыпсэунур.
Урыс тхыдэмрэ щэнхабзэмкIэ «Вече» зэгухьэныгъэм и унафэщI Литвинов Роман къыщыпсалъэм къыхигъэщащ республикэм и хабзэ­хъумэ IэнатIэхэм пэ­рытхэр махуитIкIэ лIыгъэрэ хахуа­гъэрэ яхэлъу, къэмы­ланджэжу щIэпхъаджа­-  щIэ­хэм япэщIэ­тауэ зэрыщы­тар.
- Нобэ щыгъуэ махуэщ. Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэ псоми ягу къыщагъэкIыж 2005 гъэм жэпуэ­гъуэм и 13-м къэхъуа гуауэр. ЩIэпхъаджащIэхэм я мурадащ къулыкъущIапIэхэмрэ дзэ IуэхущIапIэхэмрэ, транспорт IэнатIэр, нэгъуэщIхэри яубыдыну. КъыкIэлъыкIуэ махуэращ абыхэм я мурадыр къыщызэпаудар - щIэпхъаджащIэ 95-рэ яукIащ, - жиIащ Литвиновым. - Ди хабзэхъу­мэхэм я щхьэ Iуэхум нэхъапэ я къалэныр и пэ ирагъэщащ. Нобэ, илъэс 18 дэкIа нэужь, абыхэм я щапхъэм тету, ди щIалэхэм я Хэкур яхъумэу ­Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэхум хэтщ. Мурадыр зыщ - щIэп­хъа­джагъэхэм зрамыгъэубгъунырщ. УФ-м и Президент Путин Владимиррэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкI жэпуэгъуэм и 13-м ди щIыналъэм къыщыхъуауэ щыта гузэвэгъуэм хуэдэ афэкIа зэи щы­мы­Iэ­ным хуэунэтIауэ. Ди щIа­лэгъуа­лэм я гъуазэу щытыпхъэр унагъуэ лъапIэныгъэ­хэрщ, ахэр дгъэсэн хуейщ хэку­псэу, щIыналъэм гу къа­б­зэ­кIэ хуэлажьэу. Дызэ­къуэувэмэщ мы зэманым и гъэу­нэхуныгъэхэм дыщыпэ­лъэ­щынур. 
ПэкIум псалъэ щратащ ­КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм хэт Бетуганов Исмэхьил. Абы жиIащ хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм я лIыхъужьыгъэр щIалэгъуалэм зэрызыщамыгъэгъупщэнур, ахэр я щапхъэу зэрыщытынур. «Абы­хэм я лIыгъэращ нобэ ди гъащIэр мамыру щIекIуэ­кIыр. «ЦIыхугъэ», «ха­хуагъэ», «пщIэ» псалъэхэм я мыхьэнэр нэхъ щызыхэпщIэр абыхэм яхузэ­фIэкIам ущегупсыс­кIэщ. Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и щIалэгъуалэр дропагэ ди зауэлIхэм я лIыгъэм. Ди фIэщ мэхъу, Урысейм и Президентым иубзыхуа лъагъуэм дытету дыкIуэмэ, щIэпхъаджащIэхэр ди къэралым гъу­нэгъу къызэрыхуэмыхъунур», - жиIащ абы.
КъБР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и IэнатIэм и ветеранхэм я советым и уна­фэщI, милицэм и полковник Пыхъ МуIэед жиIащ терроризмэм пэщIэтыным хуэгъэза сыт хуэдэ Iуэхуми ветеранхэм я гуащIэ халъхьэну зэрыхьэзы­рыр. Абы КъБР-м и МВД-м, зи уна­фэщI зэгухьэныгъэм къабгъэдэкIыу, хабзэхъумэ IэнатIэхэм пэ­рытхэм фIыщIэ яхуи­щIащ щIэпхъаджагъэ­хэр къэ­мы­гъэхъуным теухуауэ ира­гъэкIуэкI Iуэхум пап­щIэ.
ПэкIум къыщыпсэлъащ ­КъБР-м ис Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщI Дзасэжь Хьэзрэталий, Налшык къалэмрэ абы къедза жылагъуэхэмрэ щыIэ чрис­тэн члисэхэм я дин гъуазэ Бо­былёв Валентин сымэ. 
Къы­зэ­хуэсахэр жэпуэ­гъуэм и 13-м хэкIуэда лIы­хъужьхэм дакъикъэкIэ яхуэ­щыгъуащ, абыхэм я фэеп­лъым удз гъэгъахэр тралъ­хьащ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: