ХьэкIэкхъуэкIэхэми лIыгъэм пщIэ хуащI

Къэхъуа

Зи гугъу сщIыж хъыбарыр къыщыхъуар зауэ нэужь лъэхъэнэхэрщ. Гундэлэн жылэм дэса балъкъэрхэр Азием, Къэзахъстаным яша иужь, Зеикъуэм и къуажапщэм унагъуэ щитIым щIигъу къыпаудри, абы залымыгъэкIэ ягъэIэпхъуауэ щытат. Ахэр къуажэкум кIуэцIрыкI гъуэгум етIысэкIащ. ЩIапIэ куэд нэщIу къэнат, Iэ зэмыIусэж унэхэр иуэжри, зеиншафэ къатеуат. Къуажэм къегъэщIылIа щIыр абы дэс цIыху мащIэм зыхуей хуагъэзэфыртэкъыми, жылэм и хъуреягъым, дэнэ къуакIэ удыхьами, шу зэтесыр къыхэмыщу пабжьэ кIырыр щызэщIэкIат. 
А пабжьэжьхэр егъэзыпIэ щIахуэхъуам и щхьэусыгъуэр хэт ищIэн, ауэ а зэманым къуацэчыцэ зэщIэкIэжахэр здэщыIэ щIыпIэхэм цIыхухэм куэдрэ алмэсты щалъагъуу, уеблэмэ гъунэгъу дыдэу Iууэпа щыIэу хъыбархэр кърахьэкIырт. Апхуэдиз Iуэтэжым щIэдэIукI сабийхэр пшапэр зэхэуауэ унэм щIэкIыну шынэ хъуат. Хэбгъэзыхьмэ, замыумысыж пэтми, нэхъыжь куэдми я гум къихьэ хъуат шынэр. 
ИгъащIэ лъандэрэ адыгэхэм алмэстым теухуа хъыбархэр зэхуаIуатэу къекIуэкI пэтми, ар зищIыс дыдэм зыри щыгъуазэтэкъым. Языныкъуэхэм жаIэрт ар жин фIыцIэм ещхьу, къарукIэ къуищIэфынум и мызакъуэу, къобгамэ, и нэлатым лъапсэкIуэдыр къыпхуигъакIуэу. Хэти жиIэрт абы псэущхьэ теплъэ иIэу, егъэлеяуэ къарууфIэу, уи ужь къихьамэ, уIэщIэкIуэдэху пкIэрымыкIыну. Апхуэдэуи ягъэхъыбарырт уи насыпым кърихьэкIрэ абы и щхьэц налъэ къыпIэрыхьэмэ, теплъхьэр и хьэлъэу, пхуэжыIэщIэу щытыну. ГъэщIэгъуныракъэ, цIыху зытIущым зэгъусэу алмэсты ялъэгъуауэ и гугъу щащIыжкIэ, и теплъэ къудейуэ къаIуэтэжыр зэщхьэщыкIырт. И зэран екIауэ зы цIыху закъуэ ямыцIыхуми, зэхаххэм тещIыхьауэ ар гужьеигъуэ гуэру я нэгу къыщIагъэхьэрти, щышынэрт. 
А хъыбархэм мащIэу пыгуфIыкIыу щIэдэIу мыхъумэ, абы теухуауэ зэи зыри жиIэртэкъым колхозым и япэ бригадэм я шыгузехуэ Джэдгъэф Хъусен. 
- «Узэджэр къокIуэ» зэрыжаIэм щхьэкIэ, и гугъу пщIымэ, къыпхуэкIуэнкIэ ушынэу ара? - гушыIэ защIурэ еупщIырт абы и ныбжьэгъухэр.
- Къэрабгъэрщ зэпымыууэ абы тепсэлъыхьыр. Сэ абыхэм сащышынэркъым. Я гугъуи сщIыркъым, си гугъуи къащIыркъым. Сыт щIэвмыгъэпсэур а тхьэмыщкIэхэр тыншу, - яжриIэурэ ядэгушыIэж мыхъумэ, нэхъыбэ къыфIигъэкIыртэкъым. 
Хъусен лIы Iэчлъэчт. Къигъэгугъэу къару хэлъми, ар зыщIыпIэ дежи хэIущIыIу щищIыну хущIэкъуртэкъым, угъурлыгъэр зи нэгум кърих цIыху Iэдэбт.
Гундэлэн къуажапщэм унэмысыпэу, жылэр тIу изыщIыкI, АжэкъуэкIэ зэджэ къуэм удыхьэну иумыгъэзых щIыкIэ, гъуэгум и ижьырабгъумкIэ дыгъафIэ джабэм кIэрыт унэ цIыкIум щыпсэууэ щытащ Хъусени абы и къуэш нэхъыжь Хьэсэни я унагъуэхэр. Ар зыхэт япэ бригадэм и хэщIапIэр Ажэкъуэ узэпрыкIрэ ипщэкIэ метр щищ хуэдизкIэ укIуа иужь къыщытт. Пщыхьэщхьэм шыгур абдеж щыщIатIыкIыжырти, езыхэр лъэсу я унэ кIуэжырт. 
Зы пщыхьэщхьэ гуэрым, пшапэри фIыуэ зэхэуауэ, Хъусен и шыгур бригадэм и пщIантIэм ихужырт. Бжьыхьэ пшыхьыр даущыншэт, нэм щIэIэбэр умылъагъуу кIыфIт. Хъусен и шитIыр апхуэдизкIэ лъэрызехьэти, вожжэр тIэкIу къигъэлэламэ, зыщIэщIа шыгужьыр зэпкъраудын къыпфIэщIу ирахьэжьэрт. Ажэкъуэ щежэх псым и лъэмыжым зэрытехьэу, Хъусен къэхъуар къыхуэмыщIэу, шитIыр зэщIэувыIыкIащ. Зым и лъэм адрейр теувэу зэрызокъуэ, тIуми я щхьэр ирасауэ, тхьэкIумитIыр зэблагъэплъу, пырхъыу сэмэгу лъэныкъуэмкIэ зыIуадзыну мэныкъуакъуэ, къикIуэтынуи яужь йохьэ. Ауэ лIы Iэчлъэчым зи ижьырабгъу лъэныкъуэр ткIийуэ шэщIауэ иIыгъ вожжэм шыхэм Iэмал яритыртэкъым сэмэгумкIэ задзыну. КъикIуэтынуи ялъимыгъэкIыу, шыгум лэжьакIуэ гуэрым кърина хьэмфIанэр къыIэрыхьауэ, Хъусен, имыхабзэу, яхоуэ шыхэм. Хуэмурэ япэкIэ кIуэуэ хуежьащ шы гужьеяхэр, зы шынагъуэ гуэрхэр зэралъагъур гурыIуэгъэу, ижьырабгъумкIэ щтэIэщтаблэу еплъэкIыу. Лъэмыжым узэрикIыу гъунэгъу дыдэу гъуэгум къыбгъэдыхьэрт мывэкIэщхъ къищэщу пэртыкъ лъагэ. Гъуэгур а пэртыкъым бгъурытыпэу зы метрипщI хуэдэкIэ кIуэрти, джабэм кIэрыхьэрт, къуэ кIуэцIым укъыдишыжу. ШитIым гужьеигъуэр я псэм телъу, пырхъыу а пэртыкъымкIэ еплъэкIырт, ауэ Хъусен къуэ кIыфIым зыри къыщыхуэлъагъуртэкъым. ШитIыр пэртыкъым зэрыфIэкIыу, апхуэдизкIэ псынщIэу зрачати, Хъусен гум къихуным иIэжар зымащIэт. Къуажэ гъуэгу быркъуэшыркъуэм шыгужь тIэкIури дрихуейуэ, лIы къарууфIэм шым я жьафэр хитхъэн фIэщIу къыжьэдэкъуауэ иIыгъ пэтми, ахэр хузэтемыубыдэу вагъуэижу дахьэжащ бригадэ пщIантIэм. Хъусен апхуэдэу шыхэр кърихуэкIыу игъащIэм зымылъэгъуа хъумакIуэм, ар фIэгъэщIэгъуэну, щIэупщIа щхьэкIэ, зыри жриIакъым. 
ШитIыр игъэзэгъэжри, къежьэжащ ар унэм кIуэжыну. Зы пIейтеиныгъэ гуэр зыхищIэрт абы. Жэщ мазэхэ кIыфIым къуэм къыдыхьэу апхуэдизу шитIыр зыгъэгужьеяр щалъэгъуа щIыпIэм къыблэкIыжын хуейт иджы ар лъэсу. «Дыгъужьыгур пшхауэ» уемынэ гуэру щытми, гупсысэгъуэт иджыпсту абы и Iуэхур. Псэ зыIуту шынэ зигу къимыхьэ щыIэкъым. Хъусен къэувыIэри, егупсысащ и Iуэхум. Абы ищIэрт жэщыр нэхъ хэкIуатэмэ, мазэр къызэрыщIэкIынур. «Iэмалыншэу узыхуэмей зыгуэрхэм уIууэн хуей хъуми, ар нэм илъагъумэ нэхъыфIкъэ?» - жиIэу егупсысри, занщIэу унэм къемыхыжу нэхъ къуажапщэмкIэ и цIыхугъэ гуэрым и деж кIуэри, абы зыщигъэгуващ мазэр къыщIэкIыхукIэ.

(КъыкIэлъыкIуэнущ).

ЩОДЖЭН Борис.
Поделиться: