ФIагъым и пщалъэхэм хуокIуэРеспубликэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэхэм щрагъэкIуэкI медицинэ Iуэхутхьэбзэхэм я шынагъуэншагъэр «Росздравнадзор»-м и жыпхъэ щхьэхуэхэмкIэ къапщытэ. Апхуэдэу цIыхухэм фIагъ лъагэ зиIэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэхэр зэрыхуащIэм щыхьэт техъуэ къэрал тхылъхэр къаIэрыхьэжащ Перинатальнэ центрым, Лъы щат станцым, Налшык дэт къалэ клиникэ сымаджэщ №1-м, №2-м, Прохладнэ район сымаджэщым, Нарткъалэ щыIэ, ЩIыналъэхэм зэдай, узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ сымаджэщым, Бахъсэн, Тэрч къалэхэм щылажьэ стоматологие поликлиникэхэм. «Росздравнадзор»-м медицинэ IэнатIэхэр къызэрипщытэ жыпхъэхэр дунейпсо мардэхэр и лъабжьэу зэхагъэуващ. Къэпщытэныгъэхэр унэтIыныгъэ 14-кIэ ирагъэкIуэкI, поликлиникэхэмрэ сымаджэщхэмрэ я къалэн нэхъыщхьэхэр къызэщIрагъэубыдэу. Абыхэм ящыщщ сымаджэхэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэр, IэщIагъэлIхэм я лэжьыгъэр къызэрызэгъэпэщар, пIалъэ къызыхэкI мыхъун дэIэпыкъуныгъэр зэращIэр, хирургиемкIэ, хущхъуэхэмкIэ, эпидемиологие щытыкIэмкIэ щыIэ шынагъуэншагъэр, IэнатIэр зэпымыууэ ефIэкIуэнымкIэ ирагъэкIуэкI Iуэхухэр, нэгъуэщIхэри. Къэпщытэныгъэхэр «Росздравнадзор»-м ФIагъымкIэ и лъэпкъ институтым и IэщIагъэлIхэм ирагъэкIуэкI. Абыхэм дэтхэнэ зы унэтIыныгъэри ткIийуэ къапщытэ, IэнатIэм и лэжьыгъэм лъэныкъуэ псомкIи зыщагъэгъуазэ. Апхуэдэу IуэхущIапIэм и пэIущIэм сымаджэхэм зэрыщыпежьэм щегъэжьауэ адэкIэ абыхэм ягъуэт дэIэпыкъуныгъэр зыхуэдэр зрагъащIэ, къекIуалIэ цIыхухэми IэщIагъэлIхэми зэпсэлъэныгъэхэр драгъэкIуэкI. «Росздравнадзор»-м и къэрал дэфтэрыр щыхьэт тохъуэ сымаджэщхэмрэ поликлиникэхэмрэ я медицинэ IуэхущIафэхэр шынагъуэншэу икIи фIагъ иIэу зэрыщытым, а тхылъым къару иIэщ илъэсищкIэ, абы иужькIэ къэпщытэныгъэхэр щIэрыщIэу ирагъэкIуэкIыжын хуейщ.
Поделиться:
Читать также:
03.10.2024 - 10:00 →
Дыгъэм зыбгъазэу Венерэм ублэкIмэ
28.09.2024 - 12:26 →
Дзэ Iуэху хэхам хэтахэм папщIэ
27.09.2024 - 12:55 →
Африкэм уэс къыщесмэ…
27.09.2024 - 12:51 →
Пасэрей къалэжьхэр
26.09.2024 - 17:57 →
Къуэбыдэ и зы щэху
|