ЗыплъыхьакIуэ уежьэнумэ

Индие къэралыгъуэм и теплъэм налкъутыр уигу къегъэкI жаIэ IэщIагъэлIхэм. Абы и кIыхьагъыр километр мини 3-м щIегъу, и бгъуагъри апхуэдиз дыдэ мэхъу. Нэхъапэм Индием хэту щытащ иджырей Пакистанымрэ Бангладешымрэ. Иджыпстуи зэпэIэщIэ хъуа щхьэкIэ, щэнхабзэ и лъэныкъуэкIэ хуабжьу зэгъунэгъущ. Индием къэралыбзэу къыщалъытэ бзэ 22-рэ: хинди, урду, санскрит, синдхи, бенгальскэ, маратхи, гужарати, ория, майтхили, сантали, догри, панджаби (пенджаби), ассамскэ, бодо, манипури, непальскэ, кашмири, малаялам, конкани, каннада (каннара), тамильскэ, телугу. Ауэ къэралым зэрыщыпсалъэ бзэр куэдкIэ нэхъыбэщ, ахэр 850-м нос.

Лъэпкъыбзэ нэхъыщхьэу ялъытэр  хиндиращ, апхуэдэуи  къулыкъущIапIэхэмрэ институтхэмрэ инджылызыбзэр хуабжьу къыщагъэсэбэп.

Индием зыгъэпсэхуакIуэ кIуэ дэтхэнэми япэ дыдэу аэропортым и нэм къыщыIуидзэнур а къэралым лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэд зэрисырщ. Кашмир нэкъуэлэнхэм я деж щегъэжьауэ дравид фIыцIэхэм я деж щиухыжу, бзэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ псалъэрэ дин зэмыщхь зэрахьэу зы къэралым щыплъагъуныр дэ дызэмысащ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, «индус  дыдэт», е «индус теплъэ иIэт» жыхуэтIэ гурыIуэныгъэр мыбыхэм я деж къыщыпхуэгъэсэбэпынукъым.

Лэжьыгъэ IуэхукIэ укIуами, уи нэгу зебгъэужьыну арами, индус ухуэзэрэ зэбгъэцIыхун хуей хъумэ, уи цIэ-унэцIэр зытет картэмкIэщ ар къызэрыщIэбдзэнур. Ахэр егъэлеяуэ гуапэхэщ, щабэхэщ, пщIэ къыпхуащIущ къызэрыббгъэдэтыр.

Турист зрагъэцIыхуамэ, Iэмал имыIэу къызыхэкIа лъэпкъым, зырихьэ диным, и унагъуэм, и цIэм къыщIоупщIэ. Уи хъыбар яжепIэну яфIэфIщ, туристыр кIыхьу зытепсэлъыхьыжыну фIэмыфIыщэми. Ар егъэлеяуэ къыпщыхъун хуейкъым, къэралым щыпсэухэм я хьэлуращи, гуапэу уи Iуэху зытетыр яжепIэныр нэхъ къозэгъ, ар Индием и зы Iыхьэу жыпIэ хъунущ. Езыхэри кIыхьу къыпхутепсэлъыхьыфынущ я хэкум, лъэпкъ хабзэхэм, зыгъэпсэхупIэ цIэрыIуэхэм. Пагэу фахущымытмэ, сытри къыфхуащIэнущ.

Апхуэдэ гулъытэ къыпхуэзыщIа цIыхур хьэпшып цIыкIуфэкIукIэ бгъэгуфIэныр къезэгъыу къыщалъытэ а къэралым. УздикIам ипха гуэркIэ ухуэупсэмэ, и гуапэ хъунущ. Къалэхэм къэпкIухьу ущыдэтым деж сабий гуп зэрыIыгъ лъаIуэу къыббгъэдэлъэдэнкIэ хъунущ, абыхэм уахуемыплъэкIмэ, гулъытэ яхуумыщIмэ, занщIэу Iуожыж. Ари туристым ищIэн хуейщ.

Москва уикIыу Индием – Дели е Мумбаи - сыхьэтий хуэдизкIэ уолъатэ. Ауэ кхъухьлъатэ зэхъуэкI пщIыркъым, узэрытIысхьам абы ущикIыну аращ. Пэжщ билетыр нэхъ пасэу къэпщэхумэ, нэхъыфIщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, кхъухьлъатэм сыт щыгъуи изщ.

Дели, Мумбаи, Куалькуттэ цIыхуу дэсыр пхуэбжынкъым жыхуиIэм хуэдэу щыкуэдщ. Ахэр Iуву уэрамым ирокIуэ, автобусхэм исхэм, итхэм нэмыщI, кIэрыщIахэр гъунэгъущ. Зы скутер цIыкIум цIыхуи 5-6 хъу зы унагъуэм зытрагъахуэ е цIыху 20 хъу зы класс зыгум ису плъагъунщ, нэхъ хьэлэмэтращи, трамваищхьэхэм цIыху тесу къажыхь.   Апхуэдэхэр пщIэншэу я Iуэху здэщыIэм кIуэуэ аращ. Экономикэ и лъэныкъуэкIэ Индиер зызыужьа къэралу къалъытэми, абы къулейсызыр щымащIэкъым. Ахэр къалэхэми дэсщ, къуажэхэми щыкуэдщ.

А гупыр урамым щытеткIэ е автобус щискIэ зэрызэжьэхэуэми, зэрызэрыпIытIми зыми гу лъитэкъым. Ар къафIэIуэхукъым. Ауэ жэм ялъэгъуамэ, гъуэгур хуит хуащIынущ.

Индиер светскэ къэралу щыт пэтми, диным гулъытэшхуэ щыхуащI. Диным и дамыгъэхэр щыплъагъунущ уэрамхэм, фэепъ сынхэм, архитектурэм, живописым, скульптурэхэм, нэгъуэщIхэми.

НэгъуэщI зы къэрали щыIэкъым апхуэдиз дин лIэужьыгъуэ. Абы дэт члисэхэр, мэжджытхэр, тхьэелъэIупIэхэр сыт щыгъуи, хэт щхьэкIи зэIухащ. Мэждытым сыхьэт бжыгъэ хэхакIэ мымуслъымэнхэр щIагъэхьэркъым. Зыхуэдэ елъытакIэ, щхьэхуэныгъэ гуэрхэр яIэщ а тхьэелъэIупIэхэм, псоми IэлъэщI щызэтралъхьэ, зыгуэрым фэм къыхэщIыкIа хьэпшып пIыгъыу ущIагъэхьэркъым, адрейм уи вакъэр щызэлъыбох, иныкъуэхэм тутын ущрагъафэркъым. А хабзэхэр къэплъытэмэ, сыт хуэдэ унэ лъапIэми ущIагъэхьэнущ, зыщыуагъэплъыхьынущ.

Индием щыщыIэ хабзэхэм, щхьэхуэныгъэхэм ящыщщ мыхэри:

1. Индием иIыгъ щIым и инагъкIэ дуней псом ебланэ увыпIэр щиубыду арами, щыпсэу цIыхухэм я бжыгъэкIэ етIуанэщ, абы и лъэныкъуэкIэ япэ ищыфар Китайрщ. Хуэгъэфэщауэ къызэрабжамкIэ, Индием цIыху мелард 1,2-рэ щопсэу.

2. Индием диным ехьэлIа махуэшхуэ яIэщ, илъэс 12-м зэ ягъэлъапIэу. Зи чэзу Кумбха-мела махуэшхуэр 2013 гъэм щIышылэм и 14-м ягъэлъэпIащ. А махуэм индуист щихъым я щхьэр хуагъэщхъыну Аллахабад щызэхуэсат цIыху мелуани 100-м щIигъу.

3. Дунеягъэм и пкъыгъуиплIыр (мафIэр, щIыр, хьэуар, псыр) ямыуфIеин папщIэ, дунейм ехыжам и хьэдэр щIым щIалъхьэркъым, атIэ «щэхум и чэщанэм» тралъхьэри, къуалэбзухэм яшхыж. Къэна къупщхьэлъапщхьэр псыкъуийм ирадзыхыж.

4. Индие унагъуэм и унэгуащэм и щхьэгъусэм и цIэр ину жиIэу хабзэкъым.

5. Индиер шахматым и хэкущ. Абыхэм нэхъапэм зэреджэу щытар «чатцранга»-щ, гупиплI ищIыкIа дзэ къикIыу аращ. Шахмат фигурэхэри плIыуэ гуэшащ.

6. Щыгъыным и щIыкIэми и плъыфэми куэд къыбжеIэ. Уеблэмэ индие бзылъхугъэм и щхьэцыр зэрызэщIэкъуам къуегъащIэ абы и дуней тетыкIэр зыхуэдэр.

7. Индусхэм я процент 80-м зэрахьэр индуизмырщ. Муслъымэнхэм етIуанэ увыпIэр щаубыд къэралым, абыхэм я бжыгъэр процент 13-м ноблагъэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, муслъымэн нэхъыбэ дыдэ щыпсэу къэралхэм я ещанэщ Индиер, ар къакIэлъокIуэ Индонезиемрэ Пакистанымрэ.

8. Дуней псом щынэхъ ин дыдэ кино-индустриер – Болливудщ - ар Мумбай щыIэщ. Болливуд щытраха фильм псори, фэ зэрыфщIэщи, мюзиклщ.

9. Къэралым зэрихьэ цIэр къызытекIар Индус псырщ. Ар санскритыбзэкIэ «синдху»-щ, «псы» къикIыу аращ.

10. Индием щынэхъ пашэ спорт лIэужьыгъуэр – крикетщ, британхэм къабгъэдэкIауэ аращ.

11. Индусхэм я нэхъыбэм шхэн ипэ къихуэу я Iэр, я напэр, я лъакъуэр ятхьэщI. Зэрышхэр, Iэмал имыIэу, я Iэ ижьымкIэщ. Бзылъхугъэхэр Iэнэм щыпэрытIысхьэр цIыхухъухэр къэтэджыжа нэужькIэщ.

12. Гузэвэгъуэ зиIэ цIыхухэм IэлъэщI, щыгъын фIыцIэкъым къагъэсэбэпыр, атIэ хужьщ. Зи щхьэгъусэр дунейм ехыжа бзылъхугъэм хужьыбзэу зехуапэ.

13. Къэрал псом сыхьэт бжыгъэр щызэтохуэ.

14. ШыщхьэIум и 15-р Щхьэхуитыныгъэм и махуэщ. А махуэм 1947 гъэм Индиемрэ Пакистанымрэ къэрал зырызу зэхэкIауэ щытащ. Абы щыгъуэм цIыху мелуан 1,2-р Iэпхъуауэ щытащ, къэхъуа зэрыхьзэрийм цIыху мелуаным нэблагъэ хэкIуэдащ.

I5. ИнджылызыбзэкIэ псалъэ лъэпкъ нэхъ ин дыдэу дуней псом къыщалъытэ индусхэр.

16. 1986 гъэ пщIондэ Индием фIэкIа налкъут щумыгъуэту щытащ.

17. Хэплъэгъуэ Iуэхуи яIэщ индусхэм: индие штати 8-м къулейсыз нэхъыбэ щопсэу, африкэ къэрал 26-м тхьэмыщкIэу яIэм нэхърэ.

18. 20 лIэщыгъуэм и япэ Iыхьэм хъыджэбз цIыкIухэм я ныбжьыр 13 зэрырикъуу лIы иратырт.

19. Турист куэдым фIыуэ ялъагъу Гоа штатыр Индием ей щыхъуар 1961 гъэращ. Ар Португалием хыхьэу щыта, къазэуа къалэщ.

НэщIэпыджэ Замирэ.

 

Поделиться: