Календарь событий

16 января 2019

Къалэхэр зэIузэпэщ щIыным теухуа зэIущIэ

КъБР-м и Премьер-министр Мусуков А. ТI. иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Правительствэм и деж «Къалэр иджырей псэукIэм хуэгъэпсыныр» проектыр гъэзэщIэнымкIэ щыIэ комиссэм и зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ а проектыр республикэм щыпхыгъэкIынымкIэ 2018 гъэм зэфIагъэкIахэм. ЗэIущIэм зэрыщыжаIамкIэ, нэгъабэ республикэм пщIантIэ 90 зэIузэпэщ щащIащ, апхуэдэу цIыхухэр щызэхуэс щIыпIэу 21-рэ, къалэ мыину 4-м я паркхэр зыхуей хуагъэзащ. Мы лэжьыгъэм ипкъ иткIэ 2019 гъэм ятыну субсидиехэр муниципальнэ щIыналъэхэм зэрытрагуэшэнур яубзыхуащ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2017 гъэм
мазаем и 28-м къыдигъэкIа унафэ №25-ПП-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ №221-ПП
2018 гъэм щэкIуэгъуэм и 28-м  Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэхэр

«ЩIыпIэ мыхьэнэ зиIэ языныкъуэ Iуэхухэр къуажэ щIыналъэхэм егъэбыдылIэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 2-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым хуэгъэзауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

ХЪУЭХЪУ

ПщIэ зыхуэсщI Мухьэмэд Мусэбий и къуэ!
Уэри узиунафэщI «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэхэми си гуапэу сынывохъуэхъу Урысей печатым и махуэмкIэ!
ЛIэщIыгъуэм нэблэгъауэ фи газетыр щытщ къэхъукъащIэхэм я пэжыпIэр я анэдэлъхубзэкIэ щIэджыкIакIуэхэм ялъэзыгъэIэс Iэмал нэхъыщхьэу. Ар я Iэпэгъущ нэхъыжьхэми, нэхъыщIэхэми, IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэм ирилажьэхэми.

НОБЭ

Мыл зыщIым, лъэрыжэкIэ къыщажыхь щIыпIэхэм ар тезылъхьэм и дунейпсо махуэщ
Ливерпуль къалэм (Инджылыз) щыщ «Битлз» гуп цIэрыIуэм и махуэщ
США-м щагъэлъапIэ цIыхухэм диныр хуиту зэрахьэныр япэмыубыдыным теухуа махуэр
Таиландым и егъэджакIуэхэм я махуэр ягъэлъапIэ
1920 гъэм Лъэпкъхэм я Лигэм и советым и япэ зэIущIэр Париж щекIуэкIащ, США-м и лIыкIуэхэр яхэмыту.

Лышхыр дуней псор зыпэщIэт узыфэщ

Языныкъуэхэм жаIэ лышх узыфэ шынагъуэр цIыхум и зыужьыныгъэм къыдэунэхуауэ, цIыхур щIыуэпсым пэжыжьэ зэрыхъуам, ерыскъы тэмэм зэримышхым, хьэуар зэрымыкъабзэм къыхэкIауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм, Урысейм и адрей щIыналъэхэми хуэдэу, щыхэхъуащ лышх узыфэр зыпкърытхэм я бжыгъэм. Ди щIыналъэм щыпсэу цIыху 2543-м 2017 гъэм къалъыкъуэкIащ лышхыр (2016 гъэм - 2398-м).

Сыт лышхыр зищIысыр?

Макъамэбзэм и тхьэ Темыркъан Юрэ

«Иджырей зэманым и дирижёр щэджащэ», «Макъамэбзэм и пащтыхь», «Дуней псом щыцIэрыIуэ дирижёр», «Дирижёр Iуэхум и тхьэ»…
Мыхэр ди хэкуэгъу, Къэбэрдей-Балъкъэрым хиубыдэ Зэрэгъыж къуажэ щыщ, дуней псом щыцIэрыIуэ музыкант, Санкт-Петербург дэт, Шостакович и цIэр зезыхьэ къэрал филармонием и Академическэ симфоническэ оркестрым и дирижёр нэхъыщхьэ Темыркъан Юрэ щхьэкIэ цIыхушхуэхэм жаIэхэм щыщ зымащIэщ.

ШахматхэмкIэ дунейпсо чемпионхэр

Шахматхэр спорт лIэужьыгъуэ нэхъыжь дыдэхэм ящыщ зыщ. Дунейм и щIыпIэ псоми абы зыщиубгъуащ икIи цIыху мелуанхэр дихьэхащ. ЦIыхум и акъылыр, зэфIэкIыр, зэпэлъытэр нэсу къэзыгъэлъагъуэщ ар. ШахматхэмкIэ япэ дунейпсо зэхьэзэхуэшхуэ щекIуэкIар 1851 гъэращ. Абы щыгъуэм Инджылызым и къалащхьэ Лондон щызэхуашэсат дэнэ щIыпIи къраша спортсмен нэхъ лъэщхэр. А зэхьэзэхуэм щытекIуа, Пруссием щыщ Андерсен Адольф куэдым къалъытэ япэ дунейпсо чемпиону, арщхьэкIэ официальнэу а цIэ лъапIэр щагъэувар 1886 гъэращ.