Календарь событий

18 января 2019

Къалэдэс куэдым я псэукIэр иригъэфIэкIуэнущ

Бахъсэн къалэ округым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим езым и унафэм щIэт лэжьакIуэ зыбжанэ, апхуэдэу Дыгулыбгъуей къуажэм и Iэтащхьэ Къуэдзокъуэ Л. сымэ щIыгъуу иджыблагъэ къызэхикIухьащ Цагъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамыр. 2004 - 2005 гъэхэм абы лэжьыгъэшхуэ щрагъэкIуэкIащ псы фIейхэр зрикIуэ бжьамийр щыукъуэдииным хуэгъэзауэ. Километри 8 зи кIыхьагъ а уэрамым и зэхуэдитIым нэблагъэм коллекторыщIэ щыщIалъхьауэ щытащ. АбыкIэ иухащ лэжьыгъэхэм я япэ лъэхъэнэр.

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэу 5 япэ итхэм яхэхуащ

ЕпщIанэ Гайдаровскэ зэхыхьэшхуэм хиубыдэу экспертхэр тепсэлъыхьащ дуней псом елъытауэ Урысейм и щIыналъэхэм яIэ демографие щытыкIэм. КъызэрыщIэкIамкIэ, Урысейм и щIыналъэхэр апхуэдизу зэщхькъыми, я зэщхьэщыкIыныгъэхэр къэрал зызыужьахэмрэ  зыужьыныгъэм и гъуэгум теувагъащIэ­хэм­рэ яку дэлъым хуэдизу жыпIэ хъунущ.
 

Махуищэм щIигъукIэ къимыкIуэту зэуахэр

Фэеплъ

Паспортыр и унэм щратащ

Гулъытэ

КъБР-м щыIэ МВД-м Iэпхъуэшапхъуэ IуэхухэмкIэ и Управленэм адэкIи пещэ я узыншагъэм къызэримыхьым къыхэкIыу унэм нэхъ щIэс цIыхухэм къэрал Iуэхутхьэбзэхэр яхуэщIэным. Абыхэм зыхуеину тхылъхэр  я унэм кIуэурэ щрат.

«Си анэбзэ, си адыгэбзэ!»

Зэпеуэхэр

ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэ купщIафIэхэм ящыщу «Си анэбзэ, си адыгэбзэ!» тхыгъэ зэпеуэм и гъэфIэж пшыхь ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу щекIуэкIащ «Акрополь» рестораным.

НОБЭ

Урысейм и Дзэ-Хьэуа Къарухэм я командованэ нэхъыщхьэм и махуэщ
Тунисым щагъэлъапIэ я Революцэм и махуэр
1535 гъэм Лимэ къалэм (иджыпсту Перу къэралым и щыхьэрщ) и лъабжьэр ягъэтIылъащ.
1765 гъэм Урысей пащтыхьым указ къыдигъэкIауэ щытащ пщыхэм емыдаIуэ пщылIхэр Сыбырым щылэжьэну ягъэкIуэныр хуит ищIу.
1825 гъэм Москва Театр Иныр къыщызэIуахащ.
1925 гъэм «Новый мир» журналым и япэ номерыр къыдэкIащ.

ФщIэн папщIэ

Пенсэм зэрыкIуэну щIыкIэм теухуауэ иджыри зэ

ЩIышылэм и 1-м щыщIэдзауэ Урысейм къару щигъуэтащ ди цIыхухэр пенсэм зэрыкIуэну щIыкIэр зыгъэбелджылы хабзэм. Сыт абы теухуауэ тщIапхъэр?
Япэрауэ, икIи ар нэхъыщхьэщ, мащIэ-мащIэурэ хохъуэ цIыхухэр пенсэм щыкIуэфыну ныбжьыр. Ар гъэ къэс илъэс ныкъуэкIэ нэхъыбэ хъууэрэ, 2028 гъэм щыщIэдзауэ цIыхубзхэр илъэс 60-м, цIыхухъухэр илъэс 65-м пенсэм кIуэнущ. Абы тещIыхьауэ къапщтэмэ, мы гъэм пенсэ ирату щIадзэнущ зи ныбжьыр илъэс 55,5-рэ, 60,5-рэ ирикъу цIыхубзхэмрэ цIыхухъухэмрэ (зэрызэкIэлъыкIуэу).

Жэхьилт хьэмэрэ щIэныгъэлIт?

ЩыIэщ псэ тынш, и ныбэ изрэ ил къыщIэмыщмэ, нэгъуэщIкIэ мыхъуапсэу; щыIэщ псэ нэпсей, мылъкурэ тхъэгъуэкIэ зимыгъэнщIу; щыIэщ псэ джаур, фыгъуэнрэ ижэным кърихуэкIыу; щыIэщ псэ гугъу, цIыхум ямыщIэ гуэр къимыхутамэ, мыжеифу… Бэчмырзэ Iутар псэ инатт, щIэныгъэ лъыхъуэнымрэ захуагъэм щIэбэнынымрэ зэрахуэу.

МЭРЕМ ПШЫХЬ

Пкъынэ - бальзамин,
прунж - рис,
псей - ель,
псылъэудз - тростник обыкновенный,
псымэракIуэ - лапчатка,
псышыбжий - перец водяной,
 

Тау Нинэ и усэхэр

Услъэгъуащ ныжэбэ уэ пщIыхьэпIэу:
Утест тетIысхьэпIэм укъызэжьэу,
Жьы къыкъуэум си кIэр къысфIыдэфэу,
СыныдокIыр, си гур къысфIилъэту.

ШахматхэмкIэ дунейпсо чемпионхэр

ЕтIуанэ дунейпсо зауэм и зэранкIэ зэпагъэуат ЩIы хъурейм и шахматист нэхъыфIыр гъэбелджылыныр. Ар щызэхаублэжар 1948 гъэращ. Фызэрыщыдгъэгъуэзащи, абы щыгъуэм чемпион хъуа Ботвинник Михаилрэ ар пIалъэкIэ зыхъуэжа Смыслов Василийрэ я текIуэныгъэхэм къыпащащ ди шахматист цIэрыIуэхэм икIи Совет Союзыр къутэжыхукIэ зэ закъуэщ шахмат тажыр (1972 - 1975 гъэхэм) нэгъуэщI къэралхэм щыщ гуэрым щыIэрыхьар.

Зи ролхэр гукъинэж

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмтеатрым и артист пажэхэм ящыщ, Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ щIыхь зиIэ я артист Балъкъыз Валерэ и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 70 ирикъуащ. Дэ иджыблагъэ абы упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ.