Календарь событий

07 февраля 2020

Псы пщтыр къыщIэжыпIэхэм я щIыналъэ

Шыпсэм къыхэкIам хуэдэу, Атлантикэ уаем пэмыжыжьэу зы хытIыгу телъыджэ щыIэщ - Исландиер. «Шынагъуэу дахэщ» жаIэ абы щхьэкIэ: вулканхэр, псы пщтыр къыщIэкIыпIэхэр (гейзерхэр), гуэл Iувхэр щыкуэду, щIымылхэр бгым къещэтэхыу апхуэдэщ. Исландием и къалащхьэ Рейкьявик километри 100-кIэ пэжыжьэщ ди псалъэмакъыр зытеухуа псы пщтыр къыщIэжыпIэ телъыджэхэр.

Дунейм щыхъыбархэр

УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым иджыблагъэ къыщыхалъхьа жэрдэмым и хъыбар зэхэзыхахэр абы, дауи, щыгуфIыкIащ. Къэралым и студентхэм я стипендием хэгъэхъуэнырщ ар зытеухуар. Сом бжыгъэ хущIагъу къудей мыхъуу, ар хэпщIыкIыу нэхъыбэ ящIыну я мурадщ - цIыхур псэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуейм хуэдизым нагъэсыну я гугъэщ.

ГъэзэжыгъуэкIэ зэджэ хъуэпсапIэ мыкIуэщI, е Дэнэ псэ джэ макъыр къыздиIукIыр?

Джэтауэ Инал 1950 гъэм Тыркум къыщалъхуащ, адыгэ мухьэжырхэм я къуэпсщ. Инал и ныбжьыр илъэс 40 хъуауэ и Хэкум къигъэзэжри, Мейкъуапэ къалэ дэтIысхьэжащ. Аращ иджы щыпсэури щылажьэри.

Урыс пащтыхь, адыгэ пхъурылъху Симеон

Саин-Булат (чристэн диныр къыщищтэм Симеон зыфIащар) Идар Темры­къуэ и пхъурылъхущ, урыс пащтыхь гуа­щэ Черкасскэ Марие и шыпхъу нэхъыжьым и къуэщ, Астрэхъан пащты­хьыгъуэр зылъысын хуея, иужькIэ Къа­сым хъаныгъуэм и тет хъуа Бекбулат и къуэщ.

Фаэтон - планетэ кIуэдыжа

ХVIII лIэщIыгъуэм псэуа астрономхэм - Тициусрэ Бодерэ - Дыгъэ системэм хиубыдэ планетэхэр зэрызэпэжыжьэм хабзэ гуэр хэлъу къахутащ, ар «геометрическая прогрессия» жыхуаIэмкIэ къыпхуэпщыну. Абы зэхалъхьа формулэм утетмэ, Марсымрэ Юпитерымрэ зэхуакушхуэ яIэу, а тIум я кум иджыри зы планетэ дэтауэ жаIащ.

Мэрем пшыхь

Зэгуэр сэ хуабэу сыщытат. Гуныкъуэгъуэ ущиIи, зэшыр къыщыптеуи, цIыхухэм уакъыщыгурымыIуи укъакIуэрти, къыспкърыкI хуабэм зебгъэурт. Утезгъэужырт, уи гур пхуэзгъэIэфIыжырт. Си бжэр пхузэIусхати, ухуеиху укъыслъихьэрт. Сыкъэплъыхъуэн хуеи хъуртэкъым - сыт щыгъуи пщIэрт сыздэщыIэр.

Дызыпэмыплъа щIэщхъу бзаджэ

«Щэнейрэ дунейпсо чемпион бэнакIуэ цIэрыIуэр допинг зрихьэлIауэ хуагъэфащэ» - апхуэдэ псалъащхьэм щIэту зыр адрейм щхьэпрыкIыжыну яужь иту блыщхьэ кIуам щыщIэдзауэ Урысейм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм зэIэпах дызыпэмыплъа щIэщхъу бзаджэр ди къэралым спортым щыдихьэх дэтхэнэми и гум щIыхьащ.